И хъуэпсапIэхэр нэрылъагъу хъуну

Лъэпкъ Iуэху зепхуэн папщIэ IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ, зэфIэкIрэ IэнатIэрэ я закъуэкъым узыхуейр, абы щIыгъупхъэщ гууз-лыузыр, укъызыхэкIам и сыт хуэдэ Iуэхуми гудзакъэ хуиIэныр. А псори зыхэлъщ нобэ зи ныбжьыр илъэс 50 ирикъу Къардэн Хьэсэн. Ар спортым и мастерщ, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренерщ, «Акрополь» щэнхабзэ-зыгъэпсэхупIэ IуэхущIапIэм, «Кавказская пленница» этнорестораным я унафэщIщ. 

ЦIыху къэсыху иIэжщ игъэнэхъапэ, и гъащIэр зытеухуауэ щыт Iуэху. Ап­хуэдэу зыбжанэ къыхегъэбелджылыкI Хьэсэни. 
- ЩIалэгъуалэм гъэсэныгъэ нэс яхэлъ­хьа зэрыхъуным нэхъыжьыIуэ­хэр дегупсысын хуейуэ соплъ, ахэр гу­пым дахэу хыхьэу, апхуэдэуи къы­хэкIыжыфу щытын хуейщ, - жеIэ ­Хьэ­сэн. - Адыгэбзэр тхъумэн папщIэ тху­зэ­фIэмыкIын хуэдиз тщIэн, ар щы­­мы­Iэжмэ, лъэпкъри зэрыщы­мыIэ­жынур къыдгурыIуэн хуейуэ къызолъытэ. Адыгэбзэ зыщIэр зэры­мы­кIуэдынур си фIэщ мэхъу. ЯфIэкIуэда бзэр къэзыгъэщIэрэщIэжауэ зе­зы­хьи (журтхэр) щыIэщ, ауэ щхьэ ар щапхъэ ­тхуэхъун хуей, диIэр дымыхъумэу?! Бзэ нэхъыбэ пщIэху, дунейм нэхъ ухэзэгъэну, уи Iуэху нэхъ дэкIынуращи, щхьэ ди бзэ дыдэмкIэ щIэддзэн хуэмейрэ. Абы щыгъуэми ди бзэр бэлыхьщ, и IукIэри гъэщIэгъуэныщэщ, щхьэ куцIыр икъукIэ фIыуэ зыгъэлажьэщ. Ди бзэм хуэдэу къэнэжар зэрымащIэ дыдэр щIэныгъэлIхэми жаIэ. «Гортанный кодированный» жыхуаIэм хуэдэу щытщ адыгэбзэр, «щакIуэбзэ», «щIагъы­бзэ», нэгъуэщI мыхьэнэ щхьэхуэхэри зыхэлъ псэ­лъэкIэ иIэжу. Апхуэдэ псэлъэкIэ-гупсысэкIэм цIыхур губзыгъэ ищIынущ, гъэщIэгъуэну игъэгупсысэ­нущ.
Псори зэлъытыжар уцIыкIуху уи адэ-анэм къыпхалъхьаращи, ар нобэми зыхызощIэ. Ди сабиигъуэм щыгъуэ жылагъуэм цIыхур игъасэу щытащ. Дызыдэса адыгэ хьэблэм къыдэтхащ куэд, цIыхугъэ, адыгагъэ и лъэны­къуэкIэ. ТIэкIу нэхъ ин дыхъури, цIыхур хуабжьу зыпсыхь спортым, абы щыдиIа гъэсакIуэфIым къытхалъхьахэр уасэ зимыIэщ. Атэлыкъым хуэбгъадэ хъуну собж тренерыр, апхуэдизкIэ ар къыттеубгъуауэ щытащи. Апхуэдэу фIыуэ щытащ ди зэманыр. Иджырей щIалэгъуалэм зыхалъхьэм я нэхъы­бэр телевизорым, интернетым кърах. Абыхэм Iей защIэ фIэкIа имыту жысIэркъым сэ. Къыхэзгъэщыну сы­зы­хуейр нэхъыжьхэм ди жыIи я тхьэкIумэм итын зэрыхуейращ. Япэм дауэт, уджэгурэ пэт зыхыуагъэхырт зыхыуагъэлъхьэну зыхуейр. ЩIалэ­гъуалэр зыщIэдгъэдэIукIхэр зы тхьэкIумэм ихьэу адреймкIэ икIыжу къыпщыхъуми, хуей зэрыхъуу, къыз­дрихар имыщIэу, къигъуэтыжынущ ар. Апхуэдизу Iуэху гугъукъым зи гугъу тщIыр, дуней зэхэзэрыхьа щыпсэу­гъуейм зэман адэ-анэм къамыгъуэтыфурэ сабийр тIэкIу IэщIыб хъууэ аращ. Апхуэдэу жыпIэми, сабий щытрагъэу, щрагъаджэ гупжьейхэр куэду щыIэщ, адыгэ гъэсэкIэм и гугъу умыщIмэ. 
«Хэлъхьэныгъэ нэхъ лъапIэ дыдэр уи лъэпкъым хуэпщIаращ», - жиIакъэ цIыху Iущ гуэрым?! Мис апхуэдэ хъу­гъуэфIыгъуэщ «Акрополь»-р, ар шхапIэ-нэгузегъэужьыпIэ къудейкъым, щIэныгъэ-гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуи абы иIэщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, ар ­къатищ мэхъури, дэтхэнэри Iуэху щхьэхуэм хухэхащ. Япэ къатыр спортращ зытеухуар, ди республикэм, къэралым я спортсмен цIэрыIуэу 150-м нэблагъэм я гугъу щыщIащ, я су­рэтхэр, скульптурэхэр щыболъагъу. ЕтIуанэ къатыр Iэнэ къыщаухуэ пэшщ. Ещанэр Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Урысеймрэ я тхыдэр къызэщIэзыубы­дэ музейщ. 
- Гъэсэныгъэмрэ бзэмрэ къакIэ­лъы­кIуэу Iэмал имыIэу дызыхуейр тхыдэ щIэныгъэщи, музейр абы къыпоувэ, - къыпещэ адэкIэ Хьэсэн. - Адыгэм и дуней тетыкIар, ди адэжьхэм зэрахьа хабзэр, ди тхыдэр щIалэгъуалэм ящIэу къэхъумэ, дымыкIуэдыну къысщохъу сэ. Иджыпсту музейм хьэпшып зэмылIэужьыгъуэу 300 - 400 щIэлъщ, иджыри 500 хъун диIэщ. Иужьрейхэр утыку къыщIидмыхьэр гъэлъэгъуэныгъэм хухэха щIыпIэхэр едмыгъэу­быдын щхьэкIэщ, зэпымыууэ къыдогъэсэбэпри. Музейм ехьэлIауэ си гум илъыр гъунэжщ, абы щIэлъыну сызыхуей хьэпшыпхэр зэхуэхьэсыным зы гъащIэ хуримыкъуным хуэдизщ. Ди музейм лъэпкъ тхыдэм щыхухэхар метр зэбгъузэнатIэу зы мин хъууэ аращ. Ди IуэхущIапIэм къекIуалIэхэм тхыдэм и гугъу щахуэтщIкIэ, дызы­тепсэлъыхьыр адыгэ закъуэракъым, къапщтэмэ, лъэпкъыу дунейм тетыр тхыдэкIи лъыкIи зэрызэпхар ди музейм наIуэу къегъэлъагъуэ, 
ЯфIэгъэщIэгъуэну илъэси 9 хъуауэ цIыхухэр къыхуокIуэ «Акрополь»-м. Кавминводхэм зыщызыгъэпсэху туристхэр зэпымыууэ къахуоблагъэ, ар университетхэм долажьэ (экскурсие­- хэр драгъэкIуэкI, туризмэм теухуа лекцэхэм къахуоджэ), школхэми ныбжьыщIэхэр къокI. Республикэм хьэ-
щIэ зыгуэрым къыхуэкIуамэ, «Акро­поль»-м къашэри зыщрагъэплъыхь, шы­гъу-пIастэ къыщыхуащтэ.
Апхуэдэ зы экскурсие срихьэлIащ сэ. УкъеджэкIи къыбжаIэкIи зыхэпщIэнукъым музейм щIэлъ лъэпкъ хъу­гъуэфIыгъуэхэм къапкърыкI хуабагъэр, дахагъэр. Бадзэ дымым зэхэ­пхыну щымт цIыху щэщIым щIигъуу зыплъыхьакIуэ къэкIуа ныбжьыщIэ гупыр, Къардэн Хьэсэн хьэпшыпхэм я гугъу зэрищIым, тхыдэ напэкIуэцIхэр зэрыщIипщытыкIым апхуэдизкIэ дихьэхати. Спортсменхэм ятеухуа хъыбархэми, музейм щIэлъ хьэпшыпхэм зэрытепсэлъыхьми гупсэхуу щIэдэ­Iуащ ныбжьыщIэ цIыкIухэр, ахэр къэзыша нэхъыжьхэри езыхэри арэ­зыуэ, гухэхъуэгъуэ зэрагъуэтар къапщIэу пэшышхуэм къыщIэкIыжащ. АдэкIэ, «Акрополь»-м щагъэува хабзэм тету, ахэр пщэфIапIэм ирагъэблэгъащ, адыгэ шхыныгъуэ зэрапщIэфIым ирагъэплъащ, къафэм и щэхухэр къы­щыхузэIуах дерс хагъэплъащ, ахэр я нэгу зэрыщIэкIам щыхьэт техъуэ тхылъ иратащ. 
- Ди республикэм зыщызыгъэ­псэху­хэр, зыплъыхьакIуэхэр нэхъыбэу къэ­кIуэну дыхуейт, абы и сэбэп адыгэхэм я мызакъуэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъ псоми екIыну къызолъытэри. Сыту жыпIэмэ, туристхэм мыбдеж къыщыддалъагъум елъытауэ щытынущ еджэн е нэгъуэщI IуэхукIэ щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм кIуэ щIалэгъуалэм абы къазэрыщыIущIэнур, - къыхегъэщ ди псэлъэгъум. - Къапщтэмэ, хьэрычэт Iуэхуу хъуам япэ итыр турист хьэрычэтращ, щIыналъэми дэ тхуэдэ холдинг щхьэхуэми я зыужьыныгъэр нэхъыбэу зэлъытар аращ. Ар ефIэкIуа иужьщ адрей псоми хэхъуэ яIэу щыхъур. Мыхьэнэшхуэ зиIэ иджыри зы Iуэху зыщыдгъэ­гъупщэ хъунукъым. ХьэщIэ къы­щы­пхуэкIуам и деж узыкIэлъыплъыжу щIыбодзэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, цIыхум и щэнхабзэр нэхъ лъагэ мэхъу. Щэнхабзэ уимыIэмэ, уунэхъуауэ аращ. Спортсменым, хьэрычэтыщIэм, политикым, нэгъуэщIхэми ар яхэмылъмэ, цIыхум къыщыщIынкIэ хъуну нэхъ гузэвэгъуэшхуэщ ар. 
ХьэрычэтыщIэу зыкъилъытэжыркъым Хьэсэн, хэхъуэ фIэкIа Iуэху зэ­римыхуэу зэрымыпсэуфынум къы­­хэкIыу. «Адыгагъэм сыт къикIыр? ­Зыгуэрым фIыкIэ зы лъэбакъуэ къып­хуичамэ, тIу уигъэчыжынущ абы, - жеIэ Хьэсэн. - Хьэрычэт Iуэхум ап­хуэдэу ухэтмэ, куэд пхьынукъым, псынщIэ дыдэу ущIэтIысыкIынущ. Апхуэдэу щыхъукIи, къигъэхъуапIэ гуэр ухуейщи, псэуныгъэм ехьэлIа хьэрычэт Iуэху (социальный бизнес) зетхуэн ­хуей мэхъу. «Акрополь»-м деж щы­тлъагъур мис апхуэдэ хьэ­рычэтщ». 
Адыгэм игъащIэм псалъэжьу къыдогъуэгурыкIуэ «ГъущI куэбжэ зиIэр гъущI мастэ щощIэ» псалъэжьыр, псомкIи ирикъуа цIыху дунейм зэрытемытыр кърагъэкIыу. И мурад, и хъуэпсапIэ дыщыщIэупщIэ­кIэ, Хьэсэн къыджеIэ: 
- ХьэщIэщ сщIыну сигу илъщ, со­хъуапсэ. Зэманыжьыр къапщтэмэ, унагъуэ къэс хьэщIэщ пщIантIэм дэту щытащ, зы хьэблэм цIыху 40 - 50 ­къеблэгъэфрэ зэбграшу щагъэ­хьэщIэфу. Нобэрей гъащIэм еплъытмэ, хьэщIэщышхуэхэр абыхэм я пIэ иувауэ аращ. Ди адэшхуэхэм куэд зэралъэкIар, пщIэшхуэ зэраIар дощIэ, я ехъулIэныгъэри куэдым епхьэлIэ хъунущ - жыг хадэфI зэраIам, шыфI зэрызрахуам, Iэщэ яIыгъыу зэрызэ­уам, нэгъуэщIхэми. Ауэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщу къызолъытэ я хьэщIэ къегъэблэгъэкIар, абыхэм кIэлъы­зэрахьэу щыта хабзэхэр. Аращ «Кавказская пленница»-м, «Акрополь»-м егъэбыдылIа хьэщIэщхэр къагуэс­щIыхьыну, туристхэр мыбдеж дыдэм щыпсэууэ сщIыну сыщIыхуейр. Гъунэ ислъащи, къыдэхъулIэмэ, плъагъункъэ. 
IуэхущIапIэм и пщIантIэр зэIузэпэщ сщIыну сыхуейщ, къытхуэкIуэхэр къыдихьэхыу. Макъамэ дахэ къыщеуэу, зы лъэныкъуэмкIэ зэрыпщафIэр щыплъагъуу, ди республикэм, къалэм ехьэлIа хьэпшып цIыкIуфэкIухэр щащэу, нэгъуэщI къинэмыщIу. 
Иджыри зы IуэхуфI дигу илъщ, къытхузэпищэмэ, дыщыгуфIыкIыпэну. Хьэ­фIыцIэ Мухьэмэд и библиотекэ тщIынущ, и тхылъхэр, зэхуихьэса хьэп­шыпхэр щIэлъу, щеджэ пэш иIэу. Бзэ зытIущ, нэхъыщхьэу адыгэбзэр, щрагъэджу класс цIыкIу абдеж дыдэм къыщызэIутхыфамэ, фIы дыдэт…  
Хьэсэн илъэс 50 щрикъум ирихьэлIэу Къардэнхэ я нэхъыжьхэм пщэрылъ къыщащIащ Iуэхушхуэ: лъэпкъым и зэгухьэныгъэм и президиумым и унафэщI ящIащи, сыт хуэдэ Iуэхуми пэжкIэ бгъэдэт, и къаруи и зэфIэкIи емыблэжу псэ хьэлэлкIэ хуэлажьэ цIыхум ар зэрыхуей дыдэм хуэдэу зэрихьэныр хузэфIэкIыну ди ­гуапэщ. «Илъэс 20-м щIигъуауэ лажьэ зэгухьэныгъэм къызэщIеубыдэ ди республикэм щыпсэу цIыху мини 10-м къыдэкIуэу ди къэралым, дуней псом щыпсэу Къардэну мин пщIы бжыгъэхэр. Си лъэпкъри сэри зи ужь дитыр щэнхабзэ, гъэсэныгъэ Iуэхущ», - жиIащ ди зэпсэлъэныгъэм и кIэухыу Хьэсэн. Дэ къытхуэнэжращи, абы и хъуэпсапIэхэр нэрылъагъу хъуну до­хъуэхъу. 
ИСТЭПАН  Залинэ. 
Сурэтыр  Къарей  Элинэ  трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.