КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ Дзэлыкъуэ щIыналъэм хиубыдэ жылагъуэхэм я лIыкIуэхэм, лэжьакIуэ пэрытхэм. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ лъэпкъ проектхэр, федеральнэ, щIыналъэ программэхэр зэрагъэзэщIам кърикIуахэм, апхуэдэуи зэман гъунэгъум къриубыдэу къапэщылъхэм.
«Урысейм и Президентым къыхилъхьа жэрдэмхэм я фIыгъэкIэ лъэпкъ проектхэр гъэзэщIа мэхъу. Абы Iэмал къыдитащ республикэм и экономикэ, социальнэ унэтIыныгъэхэм зегъэужьынымкIэ лэжьыгъэхэр щIэгъэхуэбжьауэ зэфIэдгъэкIыну, пандемиер щекIуэкIа, иужькIэ санкцэхэр къыщыттракъуза лъэхъэнэхэми емылъытауэ цIыхухэм я псэукIэм и фIагъым хэдгъэхъуэну», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
Республикэм и Iэтащхьэм районым щыпсэухэм фIыщIэ яхуищIащ зауэ Iуэху хэхам къахуигъэув къалэнхэр зыгъэзащIэу дзэм къулыкъу щызыщIэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ гулъытэ зэрыхуащIым папщIэ. «Дзэлыкъуэ районым а Iуэхум мыхьэнэшхуэ щрат. Дзэ къалэныр щIыхь пылъу езыхьэкI щIалэхэр дызэрыгушхуэщ. Зауэ Iуэху хэхам зи къуэ хэт дэтхэнэ унагъуэми фIыщIэ яхузощI я щIалэхэм бгъэдалъхьа гъэсэныгъэм, щытыкIэр къазэрыгурыIуэм папщIэ», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
ЗэIущIэм къыщаIэтащ Дзэлыкъуэ щIыналъэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм теухуа Iуэхугъуэхэр. И гугъу ящIащ узыншагъэр хъумэным, егъэджэныгъэ IэнатIэхэм, щIалэгъуалэ политикэм, тхыдэр хъумэн, псыкIэ къызэгъэпэща зэрыхъум, мэкъумэш хозяйствэм. ЩIыналъэм и цIыхухэм зыгъэгузавэ Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм ятеухуа я еплъыкIэхэри къагъэлъэгъуащ.
Дзэлыкъуэ районым лъэпкъ проектхэр зэрыщагъэзащIэ лъэхъэнэм къриубыдэу зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIащ курыт школу 3-м, спорт пэшу 9-м, щэнхабзэмкIэ унэу 3-м, макъамэмкIэ еджапIэм, район поликлиникэм. УхуэныгъэщIэхэми къахэхъуащ: узыншагъэр щрагъэфIэкIуэж спорткомплексу 2, зи школ кIуэгъуэ мыхъуа цIыкIухэр зэкIуалIэ IуэхущIапIэ, щэнхабзэмкIэ унэ, фельдшер-акушер пунктхэр ящIащ. Сэрмакъ къуажэм курыт школыщIэ дащIыхь. Апхуэдэу жылагъуэ щIыпIэу 9, пщIантIэу 14 зэIузэпэщ ящIащ. Кхъахэ хъуа унэхэр нэхъ мащIэ щIынымкIэ программэм ипкъ иткIэ фэтэр куэду зэхэт уни 9-м щIэс цIыхухэр псэупIэщIэкIэ къызэрагъэпэщащ. Жылагъуэхэр зэфэ псыкIэ къызэгъэпэщыныр егъэфIэкIуэнымкIэ лэжьыгъэхэр йокIуэкI.
Илъэсищым къриубыдэу мардэхэм къезэгъыу зэрагъэпэщыжащ гъуэгуу километр 80, жылагъуэ 15-м я гъунапкъэхэм километр 11 къызэщIиубыдэу уэздыгъэхэр щыфIадзащ. 2023 - 2024 гъэхэм Дзэлыкъуэ районым и гъуэгухэм ящыщу километр 20 зэрагъэпэщыжынущ. А лэжьыгъэхэр щокIуэкI Псынэдахэ – Дзэлыкъуэдэс - Дженал - Каменномост, Каменномост - Хьэбэз, Дзэлыкъуэкъуажэ - Лесгор, Светловодск - Дзэлыкъуэ автомобиль гъуэгухэм. Субсидие ахъшэкIэ Бэтэх, Дзэлыкъуэдэс къуажэхэм я уэрамхэр зыхуей хуагъэзэжынущ.
Iэщ гъэхъунымрэ кIэртIоф гъэкIынымкIэ районыр республикэм щыпэрытхэм ящыщщ. Абы и лъэныкъуэкIэ щIыналъэм щолажьэ мэкъумэш IуэхущIапIэу, щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэу 660-рэ, уней хозяйствэхэр яIэщ цIыху мин 11-м нэблагъэм. Илъэсищым къриубыдэу Дзэлыкъуэ районым инвестпроект зэмылIэужьыгъуэу 16 щагъэзэщIащ. ЩIыналъэм и бюджетым зэрыхэхъуам Iэмал нэхъыбэ къарет социальнэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхухэр нэхъ псынщIэу зэфIахыну.
2023 - 2024 гъэхэм районым щыпащэнущ школхэр, щэнхабзэмкIэ унэхэр зэгъэпэщыжыным, зыхуэныкъуэ хьэпшыпхэмкIэ къызэгъэпэщыным, цIыхухэр куэду щызэхуэс щIыпIэхэр зэпэщ щIыным, жылагъуэхэр псыкIэ къызэгъэпэща зэрыхъур егъэфIэкIуэным, нэгъуэщI проектхэри гъэзэщIэным.