Щыпсэуа унэм и блыным

Кулиевым и цIэр зезыхьэ уэрамым и пэщIэдзэм деж гъубж махуэм цIыху гупыш­хуэ щызэхуэсат. Абыхэм яхэтт къулыкъущIэхэр, жу­р­налистхэр, Къардэн лъэп­­къым щыщхэр, нэ­гъуэщI­хэри. ЯгъэлъапIэрт Совет Союзым и ЛIыхъужь Къардэн Къубатий и цIэр: ар щыпсэуа унэм и блыным фIалъхьа фэеплъ пхъэб­гъур къызэрызэIуахым Къу­батий и хахуагъэм щыгъуазэхэр зэ­хуишэсат.

- Мы унэращ щыпсэуар Хэкум и къуэ пажэ, Совет Союзым и ЛIыхъужь, авиацэм и генерал-майор Къардэн Къубатий Лэкъумэн и къуэр - жиIащ зэIущIэр езыгъэ­кIуэ­кIа Аттаев Азнор. - Шэрэдж районым хыхьэ Аушыджэр къуажэм 1917 гъэм бадзэуэгъуэм и 9-м къыщалъхуат а щIалэ хахуэр. Налшык пед­училищэр къыщиуха иужь, Аруан къуажэ школым егъэджакIуэу щылэжьащ, Аушы­джэр дэт курыт еджапIэм и унафэщIу, КъБАССР-м цIы­хубэ егъэджэныгъэмкIэ и инспектору щытащ. 1939 гъэм аэроклубыр къиуха нэужь, дзэм къулыкъу щи­щIэну ираджащ.
ЗэIущIэр къызэIуихын папщIэ япэ псалъэр иратащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин.
- Зэманыр шэ икIауэ ма­кIуэ, ауэ зи Хэкум папщIэ зи къаруи гъащIи емыблэжахэм я цIэр къонэ, - жиIащ абы. - Фэеплъ пхъэбгъур ди щхьэусыгъуэу нобэ ди щхьэр зыхуэдгъэщхъыр Къубатий и закъуэкъым, атIэ ди лъахэм и къэкIуэнум, текIуэныгъэм папщIэ зи псэр зыта псори дигу къыдогъэкIыж. Ахэр зыщIэзэуар щIэблэр хуиту еджэнырщ, лэжьэнырщ, мамыру псэунырщ. Нобэ пщIэ зыхуэтщI ди лъэпкъэгъум хуэдэ лIы хахуэ куэд къытхэкIыну Тхьэм жиIэ. Къардэнхэ лIы екIу къыфхэкIащи, абы пэхъун щIэблэ къыфщIэхъуэну ди гуапэщ. 
АдэкIэ къэпсэлъащ Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ зэ­щIэу­зэда Къарухэм я ветеран­хэм я Нальшык къалэ зэгу­хьэныгъэм и тхьэмадэ Абдулаев Мустэфа. Абы къыхигъэщащ Хэку зауэшхуэм ди цIыхухэм лIыхъу­жьыгъэ ин къызэрыщагъэ­лъэгъуар, зи фэеплъыр дгъэ­лъапIэ Къардэн Къубатий абыхэм ящыщ зыуэ зэ­рыщытыр. «Япэ махуэм къы­щыщIэдзауэ и кIэм нэсыху абы хэтащ Къубатий, лейтенанту щIидзэри майору къиухащ дзэ къулыкъур. Хьэлъэ дыдэу щыта 1943 гъэращ «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр къы­щыфIащар. ПхужымыIэным, къып­хуэ­мы­лъытэным хуэдизщ абы ищIар, дыпсэуху тщымы­гъупщэну, дригуш­хуэну ди къалэнщ», - къыхигъэщащ Абдулаевым. 
Къардэн лъэпкъым къыбгъэдэкIыу зэIущIэм зыкърезыгъэхьэлIахэм, Къубатий и унагъуэм, Iуэхум хэлIы­фIыхьа къулыкъущIэхэм фIы­­щIэ яхуищIащ Къардэн Хьэ­сэн. «Ди къуэшыр лъэпкъым и щапхъэу зэ­рыщытым хуэдэу, щапхъэ хъуфын цIыху дэтхэнэ зы лъэпкъми тхьэм къыхигъэкI», - жиIащ абы. 
Шэрэдж район администрацэм и Iэтащхьэм и ­къуэдзэ Байсиев Хьэрунрэ Аушыджэр къуажэ адми­нист­рацэм и унафэщI Дзэ­мыхь Аслъэнджэрийрэ къы­щыпсалъэм жаIащ районым Совет Союзым и ЛIыхъу­жьищ къызэрыхэкIам зэры­ригушхуэхэр, Къубатий и цIэр Балъкъэр Ипщэ къуа­жэм и зы уэрамым, Аушы­джэр къуажэм и уэрамымрэ школымрэ зэрызэрахьэр. Хъуэхъуащ адыгэ лъэпкъыр лIыхъужь нэсхэм, цIыху хахуэхэм зэи щымыщIэну. 
Къумахуэ Мухьэдинрэ Къар­дэн лъэпкъым я нэхъыжь Хьэбилрэ фэеплъ пхъэбгъур къызэIуахащ, абы тепхъуа щэкI хужьыр трахри. 

ИСТЭПАН Залинэ. 

Сурэтхэр КЪАРЕЙ Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.