УЗЫТХЬЭКЪУ МЭ ГУАКIУЭ КЪЫЗЫПИХХЭР

ЩIыуэпсым къигъэщIа дахагъэхэм ящыщщ удз гъэгъахэр. Ахэм цIыхухэм я гукъыдэжыр къызэраIэтым, зэрагъэгуфIэм шэч хэлъкъым. Зи плъыфэрэ теплъэкIэ зэщхьэщыкI, мэ гуакIуэ къызыпих гъэгъа телъыджэхэм тхыдэ гъэщIэгъэун яIэжщ.

Нобэ дунейм удз гъэгъа лIэужьыгъуэу 260-м щIигъу тетщ. Ахэри зыбжанэу зэщхьэщокIыж. Языныкъуэхэр жыг пэлъытэщ. СурэткIэ е видеокIэ фIэкI узримыхьэлIэ удз гъэгъа телъыджэхэри щыIэщ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, щыIэщ кIуэдыж лIэужьыгъуэхэри.

Ди щIыпIэм щыпсэухэр есэжауэ нэхъ дахэу къалъытэхэм ящыщщ: розэр, мылъхуэгыныр (орхидеер), тюльпаныр, гибискусыр, епэрыр (фиалкэр), георгинэр, гортензир, нэгъуэщIхэри. Дуней псом къыщыкIхэм ящыщу нэхъ гъэщIэгъуэну ябжхэм хохьэ кадупулыр, раффлезиер, трициртисыр, газаниер, протея, стрелиция, страстоцветыр, альстрёомериер, бегониер. Дриплъэнти абыхэм ящыщхэм я тхыдэм.

Кактус лIэужьыгъуэхэм хыхьэ кадупулыр Шри-Ланкэ къыщокI. А удз гъэгъар ялъэгъуну куэдым я насып къахуихуэркъым. ГъэщIэгъуныракъэ, ар зэ закъуэщ гъэгъэну къызэрыхуихуэр, ари жэщым сыхьэт бжыгъэкIэ. Абы и тхьэмпэхэр пIащIабзэщ.

Раффлезием метрым нэс и лъагагъщ, килограммипщIым нэблагъэ и хьэлъагъщ. Абы тхьэмпэ теткъым. КъыщыкIыр Филиппинырщ. Сыхьэт бжыгъэ хэхакIэ мэгъагъэри, мэзым къыщызылъэтыхь хьэндырабгъуэхэр, бжьэхэр, бадзэхэр зэхуешэс.

Японием, Тайвань, Гималай къыщыкIхэм ящыщщ трициртисыр. И теплъэкIэ ар щIэщыгъуэщ. 

Африкэ Ипщэмрэ Австралиемрэ къыщыкI газаниер астрэ лIэужьыгъуэхэм ящыщщ. ЩхъуэкIэплъыкIэу гъагъэ а лIэужьыгъуэм дыгъэ удз гъэгъакIэ йоджэ. Махуэ шэджагъуэрщ абы и гъэгъар къызэIуихыу и теплъэ дахэм укIэлъыпъ щыхъур.

Теплъэ щIэщыгъуэ зиIэ протеяр Америкэм и Штат Зэгуэтхэрщ къыщыкIыр. Абы и лъагагъыр метритIым нызэрохьэс. Абы Океаниеми Австралиеми ущрихьэлIэнущ. Ар икIи хущхъуэгъуэ пэлъытэуи ябж, узыншагъэр ирегъэфIакIуэ.

Стрелициер Африкэм къыщокI. Абы жэнэт бзукIи йоджэ. Ахэм щыщ языныкъуэхэр щхъухьу ябж.

Страстоцвет удз гъэгъам «пащтыхь вагъуэкIи» йоджэр. Австралием, Средиземноморьем, Перу къыщокI. Абы и лIэужьыгъуэ 500 щыIэщ.

Перуан лилиехэр (Альстрёмерие) лIэужьыгъуэ 50-у зэщхьэщокI. Абы хуэфащэу зэрехьэ Швецием и барон Альстромер Клаус и цIэр. Ар Америкэ Ипщэм къыщокI. Перуан лилиехэр мыгъужу псым тхьэмахуитIкIэ хэтщ, узытхьэкъу мэ гуакIуэ къапихыу.

1777 гъэм Инджылызым япэу къыщыкIащ бегоние удз гъэгъа лIэужьыгъуэр икIи Америкэм и Штат Зэгуэтхэм щыпсэухэм ящыщу щIыуэпсым и дахагъэр зылъытэхэм я дежкIэ уасэншэщ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.