РАЗИУАНРЭ МАЛИКРЭ Я ТЕКIУЭНЫГЪЭ

Мы гъэм гъатхэпэм и 3 - 10-хэм Уфа къалэм щызэхэтащ Урысей МВД-м боксымкIэ и чемпионат. Башкортостаным и щыхьэрым щекIуэкIа зэхьэзэхуэм щызэрихьэлIащ къэралым и щIыналъэхэм я хабзэхъумэ органхэмрэ еджапIэ 15-м, апхуэдэуи Центральнэ, Приволжскэ федеральнэ щIыналъэхэм транспортымкIэ я управленэхэм я командэхэр. Абы хэтащ КъБР-м щыIэ ­МВД-м и гупыр икIи етIуанэ увыпIэр къихьащ.

Щхьэзакъуэ зэпеуэхэми ди лъахэгъухэм екIуу зыкъыщагъэ­лъэ­гъуащ. Зи хьэлъагъыр килограмм 86-м нэблагъэхэм я зэ­хьэзэхуэм бжьыпэр щиубыдащ Урысей МВД-м и «Бахъсэн» къудамэм и лэжьакIуэ, полицэм и лейтенант нэхъыжь Мэзыхьэ Разиуан. Урысей МВД-м и къудамэу Iуащхьэмахуэ районым щыIэм и  плъыр-пост IэнатIэм къулыкъур щызыщIэ, полицэм и сержант нэхъыжь Алиев Малик кг  67-м нэблагъэхэр зыхэта гупым жэз медалыр къыщихьащ.
Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Павлов Василий ехъулIэныгъэ зыIэрызыгъэхьа спортсменхэм ехъуэхъуащ.
- Боксыр спорт лIэужьыгъуэ къызэрымыкIуэщ, ауэ IуэхущIапIэ куэдым и лIыкIуэхэр зыхэта, пщIэ зиIэ зэпеуэм екIуу зыкъыщывгъэлъэгъуэфащ. Узыншагъэ фиIэну, адэкIи къулыкъум ехъулIэныгъэхэр щызыIэрывгъэхьэну, рингым узыIэпызышэ текIуэныгъэхэр къыщыфхьыну си гуапэщ, - къыхигъэщащ министрым.
БАХЪСЭН Азэмэт.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.