ГЪЭМ И ЛЪЭХЪЭНЭ ПСОМИ ЩЫТЕПЩЭ «АВТОЗАПЧАСТЬ»

Къэбэрдей-Балъкъэрым ­фут­болымкIэ и гуп нэхъыщ-хьэм щекIуэкIа щIымахуэ зэ­пеуэм и кIэух зэIущIэхэр зэхэтащ. ИпэкIэ хъыбар зэрывэдгъэщIауэ, абы япэ, етIуанэ увы­пIэхэр щызыубыдахэр нэхъ па­сэу белджылы хъуат. Иджы ещанэр зыIэрыхьари наIуэщ.

Зэхьэзэхуэм зэрыщIадзэрэ бжьы­пэр зымыутIыпща икIи зы-ри зытемыкIуэфа «Автозап­часть»-м иужь зэIущIэми бжыгъэшхуэкIэ 6:1-уэ Налшык и «Мурбек-ФШ»-р хигъэщIащ. Гу лъытапхъэщ, илъэс блэкIам бахъ­сэндэсхэр ди республикэм иригъэкIуэкIа гъэмахуэ чемпионатми зэрыщынэхъ лъэщами Кубокри къызэрихьами. Абы къегъэлъагъуэ гъэм и лъэхъэнэ псоми щытепщэ гуп лъэщ Бахъсэн къалэм зэрыщызэфIэувэжар.
ЕтIуанэ увыпIэр пасэу зыIэ­ры­зыгъэхьар Зеикъуэ къуажэ и «Шагъдийрщ». КIэух зэIущIэм ар Къэрэгъэш и «Иналым» 2:3-уэ къыхигъэщIами, езым зэран къы­­­хуэхъуакъым, ауэ я хьэрхуэ­рэгъухэр гуп нэхъыщхьэм зэ­кIэ къыхэнэнымкIэ сэбэп хъуащ.
МыгурыIуэгъуэр ещанэ увыпIэр къэзыхьынурат. Домбеякъ медалхэм нэхъ пэгъунэгъур Налшык и «ГорИс» командэрат. Иужь джэгугъуэм ар темыкIуэу хъунутэкъым «Псыгуэнсуми», 3:2-уэ хигъащIэри, ещанэ хъуащ.
Адрей зэIущIэхэр мыпхуэдэу иухащ: «Тэрч» (Тэрч) - «Искра» (Алътуд) - 1:1, «Локомотив» (Налшык) - «ХьэтIохъущыкъуей» (Хьэ­тIо­хъущыкъуей) - 0:0, «Бабугент» (Бабугент) - «Шэджэм-2» (Шэ­джэм-ЕтIуанэ) - 4:1, «Ислъэмей» (Ислъэмей) - «МАХ» (Малкэ) - 0:3, «КъБКъУ» (Налшык) - «Спартак-Д» - 1:4.
Зэхьэзэхуэм кърикIуахэм уахэп­лъэ­мэ уолъагъу топ нэхъыбэ хьэр­хуэрэгъухэм я гъуэм дэгъэ­кIы­нымкIэ къыхэжаныкIар «Ав­тозап­часть» командэрауэ зэ­рыщытыр. Ар 65-рэ мэхъу. Абы кIэлъокIуэ «Шагъдийр» - 48-рэ. Ещанэр «ГорИс»-щ - 39-рэ. Нэхъ мащIэ дыдэу ар къызэхъулIар «КъБКъУ»-рэ «ХьэтIохъущы­къуеймрэщ». Дэтхэнэми 16-рэщ апхуэдэ гуфIэгъуэ зэрилъэгъуар.    Зи гъуэр нэхъ быдэу зэтезыIы­гъар «Тэрч» командэращ - абы къыхудагъэкIар топи 10-щ. АдэкIэ къыкIэлъокIуэ «Автозапча­сть»-мрэ «Шагъдиймрэ». ТIуми, щхьэж къылъысу къыхудагъэкIар топ 13-щ зэрыхъур.
Нэхъ бжыгъэшхуэ здэщыIа ­зэ­­IущIэр «Шагъдиймрэ» «КъБКъУ»-рэ я дежщ. Зеи­къуэ­дэсхэм 10:0-у студентхэр хагъэ­щIащ.
Зэи хамыгъэщIар «Авто­зап­часть»-м и закъуэщ. Абырэ гъэ кIуам зэхэта щIымахуэ зэпеуэм бжьыпэр щызыубыдауэ щыта «Тэрчымрэ» зэрытегъэкIуакъым. А зэращ бахъсэндэсхэм очко бжыгъэ гуэр щафIэкIуэдар.
«Шэджэм-2» командэм зэры­те­мыгъэкIуэныгъэр зищIысыр ищIакъым. КъыхамыгъэщIауэ е я хьэрхуэрэгъухэм емыфIэкIауэ ар джэгупIэ губгъуэм къыщикIыжа къэхъуакъым.
Гъуащхьауэхэм я зэпеуэм бжьы­­­пэр щиубыдащ «Шагъд­и­й­м» ­ и пашэ Бэлагъы Русланщ. Ар 23-рэ къыхэжаныкIащ. Абы кIэлъокIуэ топ 17 дэзыгъэкIа Бажэ Амир («Автозапчасть»). Ещанэ увыпIэр зэдагуэшащ Урыс Аслъэнрэ («ГорИс») Иуан Азрэтрэ («Искра»).
Республикэм тэмэму къызэгъэ­пэща топ джэгупIэ зэримащIэм къы­хэкIыу зэIущIэхэр къанэ щIа­гъуэ щымыIэу «ДыгъафIэ къа­лэм» и стадионым щызэхэтащ. КъызэгъэпэщакIуэхэр абы и лъэ­­ныкъуэкIэ зэрыщымыуар ­на­­Iуэщ. ДжэгупIэ губгъуэм ­ирауб­­гъуа IэрыщI алэ-рыбгъу щхъуан­тIэм стадионыр игъэ­дахэ къудей мыхъуу, псом я щхьэрати, я зэфIэкI нэсу къагъэлъэгъуэну футболистхэм Iэмал къаритырт. ­Уэздыгъэхэм нуру къагъэнэхурти, кIыфI хъуами зэIущIэр къы­зэт­ра­гъэувыIэртэкъым. Зэ­ры­­джэ­гухэм ИнтернеткIэ укIэ­лъыплъ хъуну щытами, дунейр щIыIами дэ­щIакIуэ мащIэ къе­кIуэлIауэ пху­жы­­Iэнукъым. КIэщIу жыпIэмэ, зэ­хьэзэхуэр екIурэ-ещхьу къызэ­гъэ­­пэща хъуауэ къэплъытэ хъунущ.
 
 ШАФИЙ Аслъэн.
Сурэтыр Уэлджыр Артур трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.