Муниципалитетхэм я Iэтащхьэхэм йопсалъэ

Республикэм и щIыналъэхэр къыщызэхикIухьым КIуэкIуэ Казбек Бахъсэн ­районым и щIыналъэ администрацэм и унэм щызэ­хуишэсащ ­КъБР-м и муниципа­литетхэм я администрацэхэм я Iэтащхьэхэр.

ЗэIущIэр теухуауэ щытащ лъэпкъ проектхэр, федеральнэ, рес­публикэ программэхэр гъэзэщIа зэрыхъум. Иджыпсту къэрал, муниципальнэ контрактхэр зыхуэфащэхэм иращIылIэ дэтхэнэ ухуэныгъэм ехьэлIа подряд лэжьыгъэхэр гъэзэщIэным хуэунэтIауэ. Республикэм и унафэщIым муниципалитетхэм я Iэтащхьэхэм я пщэ ирилъхьащ лэжьыгъэхэр щагъэзэщIэну пIалъэхэмрэ абыхэм я фIагъымрэ зэ­пымыууэ я нэIэ трагъэтыну. Апхуэ­дэу тепсэлъыхьащ къалэхэмрэ рай­онхэмрэ щыIэ къабзэлъабзагъэм, жылагъуэхэм хиубыдэ щIыналъэ­хэмрэ гъуэгубгъухэмрэ зэрагъэкъабзэр егъэфIэкIуэным.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ