Иужьрей махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек муниципальнэ щIыналъэ зыбжанэ къызэхикIухьащ икIи абыхэм хиубыдэ жылагъуэхэм я лIыкIуэхэм, лэжьакIуэ пэрытхэм яхуэзащ. ЗэIущIэхэм къыщапщытэжащ лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэнымкIэ иужьрей илъэсхэм ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм къарикIуахэмрэ зэман гъунэгъум къриубыдэу къэув къалэнхэмрэ.
Бахъсэн
муниципальнэ щIыналъэм
ЗэIущIэр къыщызэIуихым КIуэкIуэ Казбек жиIащ: «Къэбэрдей-Балъкъэрым, Бахъсэн районым щыщу дзэ операцэ хэхар егъэкIуэкIыным пыщIахэм я къалэнхэр щIыхь пылъу ягъэзащIэ. Сэ а щIалэхэм си щхьэкIэ сахуозэ икIи ахэр зыгъэса щIыналъэм, адэ-анэм яхуэгъэзауэ командирхэм жаIэ фIыщIэ псалъэхэр зэхызох.» Дзэм иджыпсту къулыкъу щызыщIэхэм, абыхэм я унагъуэхэм яхуэфэщэн гулъытэ зэрыхуащIым папщIэ республикэм и Iэтащхьэм районым щыпсэухэм фIыщIэ яхуищIащ. Абы къыхигъэщхьэхукIащ апхуэдэ лэжьыгъэр къэбгъэтIасхъэ зэрымыхъунур.
Бахъсэн муниципальнэ районым къэкIуэну зэман гъунэгъум къыпэщыт къалэнхэм щытепсэлъыхьым КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщхьэхукIащ: «Дэ къуажэ щIыналъэхэм зэрызаужьыр щIэдгъэхуэбжьэну, абыхэм лэжьапIэ IэнатIэщIэхэр къыщызэдгъэпэщыну къытпэщытщ. Урысейм и Президентым ди пщэ къызэрырилъхьам тету, иджыпсту 2023 гъэм едгъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэр дгъэтэмэмыжыну Iэмал диIэщ».
Бахъсэн муниципальнэ районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур зэIущIэм хэтахэр щыгъуазэ ищIащ иужьрей илъэсищым екIуэкIа лэжьыгъэхэм. А зэманым Куба къуажэм школыщIэ дащIыхьащ, нэхъ япэIуэкIэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм щэнхабзэмкIэ унэ, Псыхъурей къуажэм узыншагъэр щрагъэфIакIуэ физкультурэ комплекс къыщызэIуахащ, Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм гъуазджэмкIэ и сабий школыр къагъэщIэрэщIэжащ. Апхуэдэу щэнхабзэкIэ унэу 7, школхэм я спорт залу 10 зэрагъэпэщыжащ, зи ныбжьыр илъэси 3-м щIимыгъуа сабийхэр щагъэсэну IуэхущIапIэу 5 къызэIуахащ. Гулъытэ хэха хуащIащ жылагъуэхэр зэфэну псыкIэ къызэрызэрагъэпэщыр егъэфIэкIуэным. Псы зрикIуэ бжьамийуэ зэрахъуэкIахэр, щIэуэ яукъуэдияхэр километр 55,5-рэ мэхъу.
ЩIыналъэм и Iэтащхьэм къигъэлъэгъуащ 2023 - 2024 гъэхэм зэфIагъэкIыну зыщыгугъ Iуэху нэхъыщхьэхэри. Абыхэм япкъ иткIэ щIэгъэхуэбжьауэ елэжьынущ цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэныр нэхъыбэу зэлъыта IэнатIэхэм я инфраструктурэм зегъэужьыным. Псыхъурей къуажэм щэнхабзэкIэ унэ къыщрагъэжьэнущ, псыр бжьамийкIэ щызэбграшынущ, сабий садыр капитальнэу щызэрагъэпэщыжынущ. Апхуэдэ лэжьыгъэшхуэ щрагъэкIуэкIынущ Ислъэмей къуажэм дэт щэнхабзэкIэ унэми. Узыншагъэр хъумэным и пэублэ IэнатIэр къэ-
гъэщIэрэщIэжынымкIэ программэм хиубыдэу Къулъкъужын Ипщэ къуажэм и амбулаторэр зыхуей хуагъэзэнущ, Куба-Таба къуажэм апхуэдэ IуэхущIапIэщIэ дащIыхьынущ. Зэман кIэщIым къриубыдэу хьэзыр хъун хуейщ Куба къуажэм щащI амбулаторэр.
Гъуэгу лэжьыгъэхэм хиубыдэу мыгувэу зэфIагъэкIын хуейщ Зеикъуэ - Туфкарьер - Дыгъэмыхъуэ автомобиль гъуэгум хиубыдэу Бахъсэн псым телъ лъэмыжыр зэгъэпэщыжыныр. Ислъэмей къуажэм Чыпым и цIэр зезыхьэ уэрамдыхьэр егъэфIэкIуэныр. Апхуэдэу Псыхъурей Къатхъэным и цIэр зезыхьэ и уэрамым лъэс зекIуапIэ щаукъуэдиинущ, Куба-Таба - Къулъкъужын Ипщэ, Куба - Псыхъурей - Крем-Константиновскэ автомобиль гъуэгухэр техникэ мардэхэм къикIыу зэрагъэпэщыжынущ. Мыгувэу Бахъсэн районым и жылагъуэ зыбжанэ псыкIэ къызэзыгъэпэщыну ухуэныгъэм щIадзэнущ, Куба къуажэм и псы къыщIэшыпIэр хьэзыр ящIынущ, Къулъкъужын Ипщэмрэ Къулъкъужын Ищхъэрэмрэ псы къабзэкIэ къызэзыгъэпэщ бжьамийхэр зыхуей хуагъэзэнущ.
Май муниципальнэ
щIыналъэм
Зи чэзу Iуэхухэм ятеухуа псалъэмакъым ипэ къихуэу КIуэкIуэ Казбек Май районым исхэм фIыщIэ яхуищIащ дзэ операцэ хэхар езыгъэкIуэкI зауэлIхэм, абыхэм я унагъуэхэм яхуэфэщэн гулъытэ зэрыхуащIым папщIэ. «ЗэщIыгъуу евгъэкIуэкI апхуэдэ лэжьыгъэм ди щIалэхэм папщIэ икъукIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ. Ахэр цIыхухэм я псэукIэ тэмэмым щIобэн икIи абыхэм текIуэныгъэ къызэрахьынум шэч къытетхьэркъым. Хэку зауэшхуэм хэта ди адэшхуэхэми хуэдэу, а щIалэхэм ди къэралым и къэкIуэнур яхъумэ», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. Абы къыхигъэщхьэхукIащ псом хуэмыдэу нобэ дзэм щыIэхэм я унагъуэхэм защIэгъэкъуэныр нэхъыщхьэ дыдэу зэрыщытыр.
Май муниципальнэ районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Саенкэ Татьянэ ищIа докладым зэпкърыхауэ къыщигъэлъэгъуащ щIыналъэм щекIуэкI лэжьыгъэхэр. Муниципалитетым и зэфIэкIыр хуеунэтI лъэпкъ проектхэр, федеральнэ, щIыналъэ программэхэр гъэзэщIэным. Абыхэм я фIыщIэкIэ щIэгъэхуэбжьауэ заужь социальнэ IэнатIэм хиубыдэ IуэхущIапIэхэм. Иужьрей илъэсищым къриубыдэу мы щIыналъэм сабийуэ 120-рэ зэкIуалIэ сад, зи ныбжьыр илъэсищым щIимыгъуахэм ящыщу дэтхэнэми 40 зэкIуэлIэну IуэхущIапIэу тIу, стадион, спортым дихьэххэм папщIэ гъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр, Май къалэм, Ново-Ивановскэ къуажэм я школхэм папщIэ спорткомплексхэр, Октябрьскэ къуажэм, Майскэ къалэм щыщу унэ кхъахэхэм щыпсэухэм папщIэ фэтэр куэд хъу унэу щы къызэIуахащ. Капитальнэу зэрагъэпэщыжащ Майскэ къалэм и курыт еджапIэу тIу, Ново-Ивановскэ къуажэмрэ Александровскэ станицэмрэ щэнхабзэмкIэ унэхэр, Котляревскэ станицэм гъуазджэмкIэ и сабий школыр, район сымаджэщым и сабий поликлиникэр. УнафэщIхэм я нэIэ трагъэтщ инфраструктурэ зыужьыныгъэм. Зы суткэм псы фIейуэ кубометр 2500-рэ зыгъэкъабзэ IуэхущIапIэщIэ Майскэ къалэм къыщызэIуахащ, Майскэ къалэмрэ Александровскэ станицэмрэ я хьэблэ щхьэхуэхэм псы зрикIуэ бжьамийуэ километри 10,3-рэ щаукъуэдиящ. ЦIыхухэр унэ ныкъуэкъутэхэм къыщIэгъэIэпхъукIынымкIэ программэм ипкъ иткIэ псэупIэщIэхэр иратащ фэтэр куэд хъу унэу 15-м щIэсахэм. Фэтэр куэд хъу унэу 18 зэрагъэпэщыжащ, хьэблэ щхьэхуэхэм хиубыдэ пщIантIэу 44-рэ, цIыху куэд щызэхуэс щIыпIэу 11 зэIузэпэщ ящIащ. Районым и гъуэгухэм ящыщу километр 60-м щIигъу зэрагъэпэщыжащ, километри 10-м уэздыгъэхэр щыфIадзащ.
ДызыхуэкIуэ илъэситIым къриубыдэу техникэ мардэхэм къезэгъыу зэрагъэпэщыжынущ Майскэ - Заречнэ - Ново-Ивановскэ автомобиль гъуэгумрэ абы телъ лъэмыжымрэ, апхуэдэу Право - Урванскэ - Красная Поляна, Ново-Ивановскэ къуажэхэм дыхьэ гъуэгухэр. УхуакIуэхэм къапэщытщ Майскэ къалэмрэ Александровскэ станицэмрэ я школыщIэхэр, Октябрьскэ къуажэм и фельдшер-акушер пунктыр кърагъэжьэну, районым и школхэм ящыщу тху капитальнэу зэрагъэпэщыжыну. Иджыпсту цIыхухэр щIэс мыхъужыну къалъытауэ фэтэр куэд зыхэт унитху районым щыIэщи, абыхэм щыпсэу унагъуэхэр ягъэIэпхъуэну къапэщытщ. Апхуэдэу зыщагъэгъупщэркъым жылагъуэ щIыналъэхэр, фэтэр куэд хъу унэхэм я пщIантIэхэр зэIузэпэщ ящIын, псы зрикIуэ бжьамийхэр къэгъэщIэрэщIэжын зэрыхуейр.
ЗэIущIэм къызэрыщагъэлъэгъуамкIэ, Май муниципальнэ районым и щIыналъэм иджыпсту щолэжь инвестицэ проект ину 7-м. Абыхэм ящыщщ былымылымрэ джэдкъазылымрэ елэжьыну IуэхущIапIэр, Iэщ комплексыр, бдзэжьейр щагъэхъуну хозяйствэр. Апхуэдэу утыку кърахьащ щIалэгъуалэ центр къызэгъэпэщыным, спортым и инфраструктурэм зегъэужьыным, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэр къэгъэщIэрэщIэжыным, бюджет IэнатIэм щылажьэхэм я улахуэм хэгъэхъуэным пыщIа Iуэхухэр.
Аруан муниципальнэ щIыналъэм
ЗэIущIэм и пэщIэдзэм КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщхьэхукIащ дзэм къулыкъу щызыщIэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ ядэIэпыкъуныр иджыпсту нэхъыщхьэ дыдэу зэрыщытыр. Республикэм и Iэтащхьэм Аруан районым исхэм фIыщIэ яхуищIащ а Iуэхум и лъэныкъуэкIэ жыджэрагъ къызэрагъэлъагъуэм, хахуэу зи къалэнхэр езыхьэкI икIи Урысейм и суверенитетыр зыхъумэ щIалэхэм гулъытэ хэха зэрыхуащIым папщIэ.
Лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэнымкIэ иужьрей илъэсищым зэфIагъэкIахэмрэ 2023 - 2024 гъэхэм къапэщытхэмрэ щызэпкърахым КIуэкIуэ Казбек къыхилъхьащ 2024 гъэм и проектхэр нэхъ пасэу гъэзэщIэным пыщIауэ УФ-м и Президент Путин Владимир утыку кърихьа жэрдэмыр къэлъытауэ, а лъэхъэнэм тещIыхьа лэжьыгъэхэр щызэфIагъэкIыну пIалъэхэр ягъэтэмэмыжыну.
Районым щекIуэкI лэжьыгъэхэр зэпкърыхауэ къигъэлъэгъуащ Аруан муниципальнэ районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Ажий Валерэ. Iуэху нэхъыщхьэхэм ящыщщ Псынабэрэ Нарткъалэрэ школ унэщIэхэр, Шэрэдж Ищхъэрэ амбулаторэ щыщIыныр. УхуакIуэхэм къапэщытщ курыт еджапIэу 9, амбулаторэу 3 капитальнэу зэрагъэпэщыжыну. Мы илъэсым къриубыдэу къызыхуэтыншэу зыхуей хуагъэзэнущ район сымаджэщым и поликлиникэр. Къуажитхум дащIыхьынущ ГТО-м и мардэхэр тыным зыщыхуагъасэ гъуэхэр. Нарткъалэ щIалэгъуалэ центр къыщызэIуахынущ. Апхуэдэу къалэ паркыр, пщIантIэхэм ящыщ куэд зэIузэпэщ ящIынущ. ЦIыхухэм я зыгъэпсэхупIэхэр къыщызэрагъэпэщынущ Шэрэдж Ищхъэрэмрэ Мэрзэхъурэ.
Ажий Валерэ зэIущIэм хэтахэр щыгъуазэ ищIащ блэкIа илъэсхэм ялэжьа Iуэху нэхъыщхьэхэм. Абыхэм ящыщщ сабийуэ 500 зэкIуэлIэну курыт школ нэгъабэ Нарткъалэ къызэрыщызэIуахар. Илъэсищым къриубыдэу районым щIэуэ щащIащ е щызэрагъэпэщыжащ щэнхабзэм и IуэхущIапIэу 7, зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэм папщIэ IуэхущIапIэу 3, курыт еджапIэу 5, спорт залу 7. Къэна адрей школхэри ягъэува пIалъэхэм нэхърэ нэхъ пасэу зэгъэпэщыжын яухынущ. А зэман дыдэм къриубыдэу щыIэ мардэхэм къезэгъыу зэрагъэпэщыжащ автомобиль гъуэгуу километр 50. КъэкIуэну илъэситIым къриубыдэу зыхуей хуагъэзэнущ Налшык - Майскэ, Старэ Шэрэдж - Чернэ Речкэ, Нарткъалэ - Къэхъун - Правоурванскэ автомобиль гъуэгухэр, Старэ Шэрэдж, Чернэ Речкэ, Мэрзэхъу, Шытхьэлэ къуажэхэм я дыхьэпIэхэр, апхуэдэу Нарткъалэ и Къэбэрдей уэрамыр.
Республикэм и Iэтащхьэр Аруан районым и жылагъуэхэм я лIыкIуэхэм ечэнджэщащ дзэм иджыпсту щыIэхэм я унагъуэхэм защIэгъэкъуэным, мэкъумэш хозяйствэм, гъуэгухэм зегъэужьыным, псы зрикIуэ бжьамийхэр зэхъуэкIыным, бюджет IэнатIэм щылажьэхэм я улахуэм хэгъэхъуэным пыщIа IуэхухэмкIэ. А махуэм зэIущIэм къыщыпсэлъахэм къыхалъхьа псори республикэм зыхуэфащэ и IуэхущIапIэхэм щызэпкърахынурэ, ахэр гъэзэщIэнымкIэ хэкIыпIэхэр яубзыхунущ.
Шэрэдж
муниципальнэ щIыналъэм
Къэщкъэтау поселкэм щекIуэкIа зэIущIэм и пэщIэдзэм КIуэкIуэ Казбек къыщыхигъэщхьэхукIащ районым исхэм граждан зэхэщIыкI лъагэ зэрахэлъыр икIи къэралым и шынагъуэншагъэр зыхъумэ, ди хабзэхэр къызэтегъэнэнымрэ ди сабийхэм я къэкIуэнумрэ лIыхъужьыгъэ ин къагъэлъагъуэу щIэбэн ди щIалэхэм ядэIэпыкъуным зэфIэкIыу яIэр зэрырахьэлIэр.
Шэрэдж муниципальнэ районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Кульбаев Алан и докладым къызэрыхэщамкIэ, къуажэ школу 5 капитальнэу зэрагъэпэщыжыну, Жэмтхьэлэ къуажэи амбулаторэ, Джэрпэджэж къуажэм амбулаторэрэ щэнхабзэкIэ унэрэ, Аушыджэр къуажэм щэнхабзэкIэ унэ щащIыну, Къэщкъэтау поселкэм щIалэгъуалэ центр къыщызэIуахыну я мурадщ. Апхуэдэу Къэщкъэтау поселкэм, районым хиубыдэ нэгъуэщI жылагъуэу 4-м цIыхухэм я зэхыхьэпIэу щыт щIыпIэхэр, пщIантIэхэр зэIузэпэщ щащIынущ. ИлъэситIым къриубыдэу техникэ мардэхэм къитIасэу зыхуей хуагъэзэну къапэщытщ Балъкъэр Ипщэ - Мухол, Старэ Шэрэдж - Жэмтхьэлэ - Сукан-Су, Бабугент - Мехлесхоз автомобиль гъуэгухэр, Балъкъэр Ипщэ - Мухол гъуэгум хиубыдэу телъ лъэмыжыр. Балъкъэр Ипщэ къуажэм уэрамитI зэIузэпэщ щащIынущ, Сатушыр - Аушыджэр псы жапIэр яукъуэдиину я мурадщ.
Лъэпкъ проектхэр ягъэзащIэу зэрыхуежьэрэ районым щызэрагъэпэщыжащ школ псоми я спорт залхэр, район сымаджэщым и поликлиникэр. Къэщкъэтау, Балъкъэр Ипщэ, Жэмтхьэлэ, Безенги къуажэхэм щэнхабзэмкIэ унэхэр. Къэщкъэтау, Аушыджэр, Балъкъэр Ипщэ къуажэхэм сабий садхэр, Аушыджэр къуажэм амбулаторэ, Къарэсу къуажэм щэнхабзэкIэ унэ, Къэщкъэтау поселкэм узыншагъэр щрагъэфIакIуэ спорткомплекс дащIыхьащ. Илъэсищым къриубыдэу автомобиль гъуэгуу километр 40 зэрагъэпэщыжащ, цIыху зэхыхьэпIэу щыт щIыпIэу 9, пщIантIэу 23-рэ зэIузэпэщ ящIащ. Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым зегъэужьынымкIэ программэм тету Къэщкъэтау - Аушыджэр псы жапIэр къагъэщIэрэщIэжащ.
Шэрэдж районым и дежкIэ IэнатIэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ мэкъумэш хозяйствэмрэ туризмэмрэ. Мы щIыналъэм Iэщ гъэхъуным псынщIэу зыщеужь икIи лым елэжьыну япэ предприятэр иджыблагъэ къызэIуахащ. Муниципалитетым зэхэлъхьэн иухащ туризмэм зегъэужьынымкIэ икIи а IэнатIэм инвесторхэр къыхэшэнымкIэ программэ.
Шэрэдж районым и жылагъуэ лIыкIуэхэм КIуэкIуэ Казбек ечэнджэщащ коммунальнэ инфраструктурэм, ухуэныгъэм зегъэужьыным, социальнэ IуэхущIапIэхэр, гъуэгухэр зэгъэпэщыжыным, хьэрычэт IэнатIэр къэIэтыным ехьэлIа IуэхухэмкIэ. Абыхэм я лъэныкъуэкIэ къыхалъхьахэр зэпкърахыну икIи зыхуэфащэ программэхэм ахэр хагъэхьэнымкIэ щыIэ Iэмалхэр яубзыхуну республикэм и унафэщIым къалэн ящищIащ IэнатIэ щхьэхуэхэм.