ПЩАЩЭХЭР ЗЭПОУЭ

КъБКъУ-м, Сокуров Александр и киноконцерт залым, щекIуэкIащ «Мисс КБГУ»  зэпеуэр.

Студент нэхъ дахэр, акъылыфIэр, зэфIэкI зиIэр къыщыхах зэхьэзэхуэм я зэфIэкI щеплъыжащ пщащибл.

КъБКъУ-м щIалэгъуалэ политикэмрэ гъэсэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ и управленэм зэпеуэм и программэр щIэщыгъуэу къызэригъэпэщащ.

КъэпщытакIуэ гупым хэтащ «PodiumNalchik» модельнэ агентствэм и унафэщI Мэкъуауэ ФатIимэ, КъБР-м и Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ, актёр Теунэ Джэмал, видеограф Майрамуков Джамиль, блогер Тэрчокъуэ Аслъэн, КъБКъУ-м щеджэхэм я япэ профсоюз IуэхущIапIэм и унафэщI Бозий Ислъам.

Зэпеуэм хэтахэу КъБКъУ-м и педколледжым и студент Мамбэт Рузанэ, ДизайнымкIэ колледжым щIэс Бичекуловэ Миленэ, социально-гуманитарнэ институтым щеджэ Абдуллаевэ Замирэ, бжыгъэ технологиехэмкIэ институтым щIэс Мэт Саният, экономикэмрэ финансхэмкIэ институтым щIэс Хьэжнэгъуей Фаинэ, педагогикэмкIэ, психологиемрэ физкультурно-спорт егъэджэныгъэмкIэ институтым щеджэ Жангуразовэ Лейлэ, социльно-гуманитарнэ институтым щIэс Шурышкинэ Теодорэ сымэ къафэм, уэрэд жыIэным, пщафIэм, тхыдэм щаIэ зэфIэкIхэр къагъэнэIуащ. КъищынэмыщIауэ, я акъыл жанагъыр къыщагъэлъэгъуащ цIыху цIэрыIуэхэм, макъамэм, нэгъуэщIхэм теухуа упщIэ-жэуап щIыкIэм тет джэгум.

Зэхьэзэхуэм зыкърезыгъэхьэлIахэм Iэ яIэтащ ягу нэхъ дыхьа студентым папщIэ. «Мистер КБГУ 2022» зэпеуэм хэтахэм я гъусэу, хъыджэбзхэр къэфащ. IэIэтым кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь, «Мисс КБГУ» зэпеуэм щытекIуауэ къалъытащ Шурышкинэ Теодорэ. Вице-мисс хъуар Хьэжнэгъуей Фаинэщ. Къызэхуэсахэм нэхъ ягу дыхьар Абдуллаевэ Замирэщ.

Зэпеуэ нэужьым хъыджэбзхэм утыкум щагъэлъэгъуащ «Nalmen» тыкуэным и фэилъхьэгъуэхэр.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.