АДЫГЭХЭМРЭ ЛЕРМОНТОВЫМРЭ

УсакIуэ Лермонтов Михаил, зэрытщIэщи, и тхыгъэхэм щыщ куэд триухуащ адыгэхэм. Япэ дыдэу абы адыгэхэр къыщицIыхуар I828 гъэращ, усэ тхын щыщIидзагъащIэм. Абы щыгъуэщ Лермонтовым и Iэдакъэ къыщыщIэкIар «Черкешенка», «Черкесы», «Кавказский пленник» усэхэмрэ поэмэмрэ.
Дэнэ кърихаттIэ, урыс щIалэм адыгэхэм яхуиIа лъагъуныгъэр? Лермонтовыр щыцIыкIум сымаджэрилэт. А лъэхъэнэм хущхъуэ нэхъыщхьэу щыIэр зы закъуэт – Кавказым и щIыуэпс дахэмрэ къурш хьэуа къабзэмрэ. Арати, усакIуэм и анэшхуэм щIалэ цIыкIур кIэщI-кIэщIурэ Горячеводск, Тэрч, Пятигорск къишэрейт. ДэнэкIэ имыгъэзами, Михаил илъагъур пыIэ бацэрэ щIакIуэ кIыхьышхуэрэ зыщыгъ адыгэ шухэрт. Ар щIагъэдэIурт адыгэ лIыхъужьхэм я хъыбархэм, уэрэдыжьхэм, IуэрыIуатэм. ИкIи усакIуэ зэчиифIэм и нэгум щIэкI дахагъэмрэ адыгэхэм дилъагъу щэнымкIэ и тхыгъэхэр зэригъэщIэрэщIэным яужь итт. НыбжьыщIэм и Iэдакъэ къыщIэкIа усэхэр гъэнщIат лIыхъужь хахуэхэм, пщащэ щэныфIэхэм, зи хэкур фIыуэ зылъагъу, абы папщIэ я псэр ятыну хьэзыр адыгэхэм я образ телъыджэхэмкIэ. псалъэм папщIэ, «Измаил-Бей».
I837 гъэ пщIондэ Лермонтовым итхащ «Кавказу», «Каллы», «Измаил-Бей», «Аул Бастунджи» жыхуиIэхэр. Абыхэм Кавказыр къызэрыхэщыжыр «хуитыныгъэм щIэбэну кIуэдыж щIыналъэущ». «Каллы», «Аул Бастанджи» поэмэхэм лъабжьэ яхуэхъуар адыгэ хъыбарыжьхэрщ. Мыбдежи щыуагъэншэу хузэхэгъэувакъым усакIуэшхуэм и IэдакъэщIэкIхэр: зэпымычу зэхегъэзэрыхь адыгэ фIэщыгъэцIэхэмрэ тырку фIэщыгъэцIэхэмрэ. Языныкъуэ щIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, Лермонтовыр адыгэхэм яхэсакъым, тэмэму ицIыхуакъым, къигъэлъэгъуэну зыхуеяр къызэремыхъулIари аращ къызыхэкIар. КъищынэмыщIауэ, усакIуэр нэхъыбэIуэрэ щыхьэща Минеральные Воды къалэмрэ Горячеводскрэ а лъэхъэнэм щыпсэуар нэгъуейхэмрэ къэбэрдейхэмрэщ. Дызэрыщыгъуазэщи, абыхэм я щIыпIэцIэхэм я нэхъыбэр тыркубзэт.
«Измаил-Бей» поэмэми лъабжьэ хуэхъуар Кавказ зауэжь лъэхъэнэм къэхъуа хъыбарщ. Ар зытеухуар Урысейми Адыгэ Хэкуми зи цIэр щыIуа Исмел Псыгъуэ жыхуаIэрщ. Ар хэтащ урыс-тырку зауэм икIи бийм и быдапIэр къызэрищтам къыхэкIыу, I79I гъэм гъатхэпэм и 25-м къыхуагъэфэщащ Георгий щихъым и орденым и 4-нэ нагъыщэр. А поэмэм къыхэщыж Росламбекыр – Исмел Псыгъуэ и къуэшщ, Мысост Аслъэнбэч жыхуаIэрщ. Ар къэзакъ полкым и лейб-гвардием и полковникт, уэркът. Аслъэнбэчым и жылэхэр зэщIикъуэри, I804 гъэм Псыжь икIауэ щытащ, и къуэш быныр урысхэм къызэраукIам папщIэ илъ ищIэжыну. Тхыдэм щыгъуазэ дызэрищIымкIэ, Исмел Псыгъуэ и унафэкIэ Аслъэнбэчыр яукIауэ щытащ. Езы Исмел Къэбэрдейм щаукIащ I8I2 гъэм. Ахэр псори Лермонтовым къыщигъэлъэгъуэжащ и поэмэм икIи тхыдэм техуэ дыдэу, абы нэхъ пэжу итхыжа иIэкъым усакIуэм. КъищынэмыщIауэ, адыгэхэм щыщу къэбэрдейхэр нэхъыфIу ицIыхуу, абыхэм я тхыдэм нэхъ щыхъуазэу щытащ Лермонтовыр.
I837 гъэм итхащ тхыдэ поэмэ телъыджэ, «Песня про царя Ивана Васильевича, молодого опричника и удалого купца Калашникова» жыхуиIэр. Калашников цIэр Лермонтовым къыхихащ «Песня о Мастрюке Темрюковиче» цIыхубэ уэрэдым. А уэрэдым къыщыгъэлъэгъуащ адыгэпщ Мамсырыкъуэ урыс пелуанитIым зэрезэуар.
Пушкиныр зэраукIам триусыхьар къэралым и унафэщIхэм ягу зэрыримыхьам къыхэкIыу, Лермонтовыр Кавказым къагъэкIуауэ щытащ, хэкум ираш хуэдэу. А лъэхъэнэми усэнымрэ тхэнымрэ зэпигъэуакъым абы, уеблэмэ нэхъри къеблат. Сыту жыпIэмэ, усэхэмрэ поэмэхэмрэ къищынэмыщIа, «Вид Пятигорска», «Воспоминание о Кавказе» сурэтхэр ищIащ. Къыхэгъэщыпхъэщи, Лермонтовыр цIыху зэчиифIэт, сыт и лъэныкъуэкIи IэпщIэлъапщIэт. Апхуэдэу ар хуиту ирипсалъэрт франджыбзэм, инджылызыбзэм, нэмыцэбзэм, Кавказым щызэригъэщIат тэтэрыбзэмрэ куржыбзэмрэ, скрипкэрэ фортепьянэрэ еуэрт, макъамэ иусырт, сурэт ищIырт.
1837-1841 гъэхэм Лермонтовым итхащ «Дары Терека» усэр, «Бэла», «Кавказец» повестхэр, нэгъуэщIхэри.
1840 гъэм Лермонтовыр аргуэру къыщыхутащ Кавказым. А лъэхъэнэм абы зыкъигъэлъэгъуащ дзэпщ лъэрызехьэу, зауэлI хахуэу. Гу лъытапхъэщи, минрэ Кавказыр фIыуэ имылъэгъуами, ар зэран къыхуэхъуакъым Лермонтовым и хэкум хуэлэжьэнымкIэ…
1841 гъэм абы итхыну хунэсащ «Спор» усэр, Ермоловыр Кавказым къызэрыкIуам теухуар. Куэд дэмыкIыу, 1841 гъэм бадзэуэгъуэм и I5-м усакIуэр дуэлым щаукIащ, и узыншагъэм кIэлъигъэплъу Пятигорск щыIэу. Гу лъытапхъэщ а лъэхъэнэ дыдэм адыгэ узэщIакIуэ Нэгумэ Шорэ Пятигорск зэрыщыIам. УсакIуэмрэ Нэгумэмрэ зэрыцIыхурт, дауи, ауэ Шорэ и IэдакъэщIэкIхэм зэи къыхэщакъым Лермонтовыр зэраукIа щIыкIэр.

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.