АНЭДЭЛЪХУБЗЭМ И МАХУЭШХУЭ

КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фонд Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм щагъэлъэпIащ Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэр.  
Зэхыхьэ гуапэм жыджэру хэтащ республикэм и лъэпкъ щэнхабзэ центрхэр. Махуэшхуэм иращIэкIа концертым лъэпкъ къафэхэр щагъэлъэгъуащ, анэдэлъхубзэкIэ уэрэдхэр щыжаIащ, усэ къыщеджащ.
Фондым и унафэщI Мэкъуауэ Люазэ зэхыхьэр къыщызэIуихым жиIащ Урысейм лъэпкъи 190-рэ зэрыщыпсэур. Абы щыщу I30-м нэблагъэр кIуэдыжынкIэ шынагъуэу къалъытащ. Урысейм и Тхылъ плъыжьым лъэпкъыбзэ 60-м нэблагъэ ихуащ. 
- Бзэр псэун папщIэ, нэхъ мащIэу цIыху мини 100 абы ирипсэлъэн хуейщ, - жиIащ Мэкъуауэ Люазэ. - Ди къэралым бзэ 24-кIэ щрагъаджэ. Бзэ зэмылIэужьыгъуэу 80 еджапIэхэм щадж. Языныкъуэ лъэпкъхэм я бзэхэр езыгъэджын щамыIэ къохъу. Зи анэдэлъхубзэр зыIурымылъыжхэри щыIэщ. Интернетым къыщамыгъэсэбэп бзэр иджырей гъащIэм хэмыту ябж. Анэдэлъхубзэхэм я дунейпсо махуэм траухуэ зэIущIэхэм щыжаIэ лъэпкъыбзэ псори зэрызэхуэдэр, дэтхэнэ зыри щIэинхэр, хъугъуэфIыгъуэхэр зыхъумэ къарууэ зэрыщытыр. 
Режиссёр, УФ-м и цIыхубэ артист Сокуров Александр КъБКъУ-м къыщызэIуиха студиер къэзыуха Хьэмыкъуэ Олег жеIэ япэ курсым зэрыщеджэрэ фильмхэр адыгэбзэкIэ зэрытрихыр, анэдэлъхубзэкIэ зэрыгупсэм къыхэкIыу.
Чуваш щэнхабзэ лъэпкъ центрым и унафэщI Черновэ Алёнэ Хьэмокъуэм саугъэт иритащ, Чебоксары щекIуэкIа «Созвездие земляков» международнэ кинофестивалым щагъэлъэгъуа и «Армия» фильмыр нэхъыфIу къызэралъытам папщIэ. 
Мы зэIущIэм ермэлы, эстон, украин, тэтэр, дагъыстэн, куржы лъэпкъ щэнхабзэ центрхэм щыщхэм я анэдэлъхубзэмкIэ уэрэдхэр щыжаIащ, цIыхубэ къафэхэр ягъэзэщIащ, усэ къеджащ. 
Урыс тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ я «Вече» зэгухьэныгъэм къыбгъэдэкIыу концерт итащ Прохладнэ къалэм и «Созвездие» уэрэджыIакIуэ ансамблым хэтхэм. Гупым я унафэщIыр категорие нэхъыщхьэ зиIэ егъэджакIуэ Ансокъуэ Ольгэщ. 
 Лъэпкъ щэнхабзэр фэилъхьэгъуэхэр, хабзэхэр хъумэным хуэлажьэ «Птицы счастья» жылагъуэ зэгухьэныгъэм Анэдэлъхубзэм и махуэшухэм иригъэблэгъащ Москва къикIауэ Налшык зыщызыгъэпсэхухэр. Абыхэми пшыхьыр я гуапэу ягъэдэхащ, уэрэдхэр жаIащ. КъБР-м ЩIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмкIэ и министерствэм Сабий творчествэмкIэ и «ДыгъафIэ къалэ» академием Жамбэч Маритэ зи художественнэ унафэщI и «Альтернатива» гупым екIуалIэхэр усэ къеджащ. 
Зэхыхьэм ирагъэблэгъащ КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Гридасов Геннадий зи художественнэ унафэщI, Налшык къалэм и ветеранхэм я «Эстафета» хорыр. Пшыхьым адыгэ, балъкъэр уэрэдхэри щыжаIащ, концертым зыкърезыгъэхьэлIа псори дежьууэ.
- Пшыхьым нэрылъагъу зэрыщыхъуащи, лъэпкъышхуэми лъэпкъ цIыкIуми я бзэр яхъумэжынырщ нобэ къалэн нэхъыщхьэр. Аращ республикэм и лъэпкъ щэнхабзэ центрхэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ зытелажьэр, - жиIащ Мэкъуауэ Люазэ. 
 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.