ХАБЗЭР ХЪУМЭНЫМРЭ ШЫНАГЪУЭНШАГЪЭМРЭ ЯПЭ ИРАГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэ­кIуэ­кIащ КъБР-м Хабзэм къе­мызэгъхэр къэмыгъэ­хъу­нымкIэ зэпымыууэ ла­жьэ зэзыгъэуIу зэхыхьэмрэ республикэм Экономикэ, жылагъуэ шынагъуэнша­гъэм­кIэ и советымрэ я зэIущIэ.

Абы и лэжьыгъэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, федеральнэ инспектор нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэ Мэкъуауэ Тимур, хабзэхъумэ, къэпщытакIуэ-кIэлъыплъа­кIуэ IэнатIэхэм, щIыпIэ самоуправленэхэм, муниципа­ли­тетхэм я унафэщIхэр.
«2022 гъэм хабзэхъумэ IэнатIэм лэжьыгъэшхуэ щы­зэфIагъэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ­хабзэм, шынагъуэншагъэм щы­кIэлъыплъынымкIэ. ЩIэ­пхъа­­джагъэу ялэжьхэм хэ­хъуакъым, дыгъуакIуэ-­хъунщIакIуэхэми я бжыгъэр нэхъ мащIэ хъуащ», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. Абы къыдэкIуэуи, республикэм и Iэтащхьэм Iуэхугъуэ щхьэ­хуэхэм ятеухуа лэжьыгъэр нэхъ щIакъузэн зэрыхуейр къигъэлъэгъуащ. Апхуэдэу терроризмэмрэ экстремизмэмрэ япэщIэтынымкIэ, экономикэ щIэпхъаджагъэ­хэр зэхэгъэкIынымкIэ, хабзэм къемызэгъыу наркотикхэр зэгъэкIуэкIынымкIэ, коррупцэм пэщIэтынымкIэ ирагъэкIуэкI Iуэхухэм жы­джэру къыпащапхъэщ, къи­щынэмыщIауэ, гъуэгухэм шынагъуэншагъэр къыщы­зэгъэпэщыным, хъыбаре­гъащIэ технологиехэр къагъэсэбэпурэ щIэпхъаджагъэхэм япэщIэтыным ­нэхъ жыджэру иужь итын ­хуейщ. Гулъытэ нэхъ хуэ­щIыпхъэщ балигъыпIэ имыувахэр щIэпхъаджагъэ зэхуэ­мыдэхэм ­хэша мыхъунымкIэ, щIэпхъа­джагъэ нэхъапэкIэ зылэжьахэм къыт­рамы­гъэзэжы­ным­кIэ лэжьыгъэ пыухыкIахэр къызэгъэпэщыным.
«УФ-м и Президент Путин Владимир ФСБ-м и зэIущIэм къыщыхигъэщащ 2023 гъэм япэ игъэщыпхъэ Iуэхухэр, ахэр хабзэхъумэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэми яхуэгъэзащ. Жылагъуэм и лъабжьэр къэ­зыгъэтIэсхъэну хэтхэр, къэ­ра­лым пэщIэту, лъэпкъхэм яку зэгурымыIуэныгъэ дэлъ­хьэныр зи IуэхущIафэ нэхъыщхьэу щыт гупхэр къы­щIэгъэщынымкIэ, абыхэм хабзэм къемызэгъыу ялэжь­хэр къызэпыудынымкIэ лэ­жьыгъэр жыджэру егъэкIуэ­кIыпхъэщ. Мыхьэнэшхуэ зиIэ объект зэхуэмыдэхэр, цIыху­хэр куэду щызэхыхьэ щIы­пIэхэр, АПК-м и предприятэхэр сытым дежи фи нэIэ щIэвгъэтын хуейщ. Зыхуэдгъэувыжа къалэнхэр къы­щы­дэхъулIэнур, республикэм и цIыхухэмрэ жылагъуэ институтхэмрэ зэгъусэу ды­зэдэлажьэмэщ», - жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм.
ЗэIущIэм къыщыхалъхьа Iуэхухэм ятеухуауэ къэпсэ­лъащ КъБР-м щыIэ МВД-м и министр Павлов Василий, УФ-м ЮстицэмкIэ и министерствэм и управленэу Къэ­бэрдей-Балъкъэрым щыIэм и унафэщI Кужонов Жантемыр, КъБР-м и Прави­тельствэм и УнафэщIым и ­къуэдзэ Говоров Сергей, ­УФ-м и УФСИН-м и къудамэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и къуэдзэ Къанкъул Аслъэн, Урысейм и УФСИН-м и къудамэу КъБР-м щыIэм и уголовнэ-гъэзэщIакIуэ инспекцэм и нэхъыщхьэ Никитин Николай сымэ. Апхуэдэу лъэпкъ, федеральнэ проектхэр зэрагъэзащIэм тепсэ­лъы­хьащ министерствэ щхьэ­­хуэхэм я лIыкIуэхэр. ЗэIущIэр зэре­кIуэкIам теухуауэ унафэ пыухыкIахэр къащтащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.