КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым гъатхэпэм и 7-м махуэшхуэ концерт гукъинэж щатащ, гуапагъэ, нэху, гугъэ, лъагъуныгъэ, гъащIэ зыт Бзылъхугъэхэм я дунейпсо махуэм и щIыхькIэ. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ республикэм и Бзылъхугъэхэм я зэгухьэныгъэмрэ.
ЦIыхубзхэм хъуэхъурэ саугъэткIэ щахуэупсэ гъатхэпэ махуэ гуапэм иращIэкIа концертым ирагъэблэгъа бзылъхугъэхэр гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ яIэу къызэхуэсащ.
КъБР-м и Iэтащхьэм бзылъхугъэхэм зэрызахуигъазэ хъуэхъум къеджащ абы и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд:
- Къэбэрдей-Балъкъэрым пщIэ зыхуэтщI и бзылъхугъэхэ! ГукIи псэкIи къызбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэмкIэ. Мы гъатхэ махуэшхуэр и дамыгъэщ бзылъхугъэхэм фхудиIэ пщIэмрэ лъытэныгъэмрэ. Дахагъэрэ бгъэщIэгъуэн къарурэ зэрыфхэлъым къыдэкIуэу, фи гумащIагъэмрэ псэ къабзагъэмкIэ дунейр ивогъэфIакIуэ. Дэ пщIэ фхудощI зэфIэкI фызэриIэм, жылагъуэ гъащIэм жыджэру фызэрыхэтым папщIэ. Апхуэдэ къабзэуи фIыщIэ фхудощI жьэгум и хъумакIуэхэм, сабийхэр зыгъасэхэм, унагъуэм лъапIэ- ныгъэу илъыпхъэр зыхъумэхэм. Псом хуэмыдэу псалъэ гуапэ зэхезгъэхыну сыхуейщ Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам Хэкум и къыщхьэщыжакIуэу хэт щIалэхэм я анэхэм, щхьэгъусэхэм, шыпхъухэм. ТекIуэныгъэ къахьу, узыншэу икIэщIыпIэкIэ абыхэм къагъэзэжыным дытемыпыIэжу псори дыпоплъэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым ис бзылъхугъэхэм сохъуэхъу узыншагъэ, насып, гуапагъэ, ехъулIэныгъэ яIэну, - итщ тхыгъэм.
Апхуэдэу цIыхубзхэм хъуэхъу дахэкIэ зыхуагъэзащ икIи усэ къахуеджащ Дуней-псо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, УФ-м Коммунистхэм я партым республикэм щиIэ къудамэм и япэ секретарь, КъБР-м и Парламентым и депутат Пащты Борис, усакIуэ Созаев Ахъмэт сымэ, нэгъуэщIхэми.
СыхьэтитIкIэ екIуэкIа концертыр ягъэдэхащ республикэм и артист цIэрыIуэхэу Бэч Азэмэт, Жаникаев Эльдар, ЦокIыл Азэмэт, Габаевхэ Тенджызрэ Зухрарэ, Мизиев Iэбубэчыр, Теунэ Джэмал, «Кабардинка», «Балкария», «Тэрч къэзакъхэр» къэрал къэфакIуэ ансамблхэм. Абыхэм ягъэзэщIащ анэшхуэхэм, анэхэм, хъыджэбзхэм яхуэгъэза уэрэдхэр. Пшыхьым кърагъэблэгъа бзылъхугъэ псоми удз гъэгъахэр тыгъэ хуащIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и сурэтыщIхэм я IэдакъэщIэкIхэр Музыкэ театрым и пэIущIэ пэшым щагъэлъэгъуащ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.