ЛЪАПСЭРЫХЫМ ИХЬА ЛЪЭПКЪ

ХэгъакIэ адыгэхэр Анапэ и Iэхэлъахэм, БэшкIуи бгы лъапэм деж щыпсэууэ щытащ. Абыхэм зэрыжаIэмкIэ, Анапэ зи къалащхьэ Адыгэ хэкур абдежт къыщежьэжар. Пэж гуэри хэлъу къыщIэкIынущ абы, сыту жыпIэмэ, хъыбарыжьхэм къызэрыхэщыжымкIэ, адыгэпщ Инал Нэху а щIыпIэм дежщ зыкъыщиIэтари лъэпкъзэрыгъэубыд зауэр щиублари. ЩIэныгъэлIхэм жаIэ хэгъакIэхэр пщышхуэм къыдэIэпыкъуауэ, абазэхэмрэ абхъазхэмрэ щезауэм зыкъыщIагъэкъуауэ.

Тхыдэжьым уриплъэжмэ,  хы Iуфэм къыщыщIэдзауэ Быгур псым нэс я зэхуаку дэлъ щIыналъэм тест ахэр, пасэрей Горгипиемрэ Мапэ генуэз быдапIэмрэ зытетам. 1666 гъэм Челеби Эвлие итхащ: «БыдапIэр ухуакIуэ IэкIуэлъакIуэм зэрищIам шэч хэлъкъым, апхуэдизкIэ екIущи. ХэгъакIэ лъэпкъым я Iэщыр щохъуакIуэ абы и губгъуэхэм».

ХэгъакIэхэм я тхыдэм уриплъэкIэмэ, мыдрей адыгэ лъэпкъхэми ятеухуа хъыбар гъэщIэгъуэнхэм ущрохьэлIэ. Псалъэм папщIэ, бжьэдыгъухэр кIэмыргуеищIым къызэритIысхьар. «Бжьэдыгъухэм плIыуэ загуэшри, Чэрчэн, Хьэмыщэ, Бэгъуэрсыкъуэ, Бэстыкъуэ пщыхэу щхьэхуэ-щхьэхуэу тIысыжат. Чэрчыкъуеймрэ Хьэмыщеймрэ бжьэдыгъу хьэблэхэу къэнэжащ. Бэгъуэрсыкъуэм и жылэр ищхъэрэ-кIуэкIыпIэмкIэ ишэщ, мэхъуэш лъэпкъыцIэр зыфIащри, Шэрджэс КъухьэпIэм яхэтIысхьащ. Бэстыкъуэм къухьэпIэмкIэ иунэтIри, хы IуфэмкIэ ехащ, хэгъакIэхэм яхэтIысхьэну».

ХэгъакIэ псалъэм хы Iуфэм Iус жиIэу аращ къикIыр. Европей тхыдэм зэхуэмыдэу къыхощыж а фIэщыгъэцIэр: шегаки, шегераи, шеххакеи, хегайк.

Хъан-Джэрий зэритхыжамкIэ, хэгъакIэхэм увыпIэшхуэ щаубыду щытащ пасэрей адыгэм и тхыдэм. Челеби и тхыгъэхэм къазэрыхэщыжымкIэ, 1666 гъэм ирихьэлIэу хэгъакIэхэм я бжыгъэр мини 10-м нэсу арат. Арами, а лъэпкъым къигъэувыфырт зауэлI зэщIэузэда мини 3-м щIигъу. КIэщIу жыпIэмэ, цIыхуитIым ещанэр зауэлIт.

Тхыдэтх зыбжанэ щыхьэт тохъуэ адыгэхэм япэ дыдэу фоч къыхэзыхьар хэгъакIэхэр зэрыарам. 17-нэ лIэщIыгъуэм и кум ирихьэлIэу, а лъэпкъым и дзэм и зэхуэдитIыр фочкIэ къызэщIэузэдат. Бахъшысэрейм и закъуэ къикIыу ХьэгъакIейм фоч миным щIигъу кърашэлIауэ щытащ а лъэхъэнэм.

ХэгъакIейм жылагъуэ зыбжанэ хиубыдэт. Абыхэм ящыщ зым 17-нэ лIэщIыгъуэм ирихьэлIэу унагъуэ 550-рэ дэст. Тыркум нэхъ зэрыпэгъунэгъум къыхэкIыу, абыхэм я нэхъыбапIэм муслъымэн диныр къащтат. Арами, я хабзэмрэ бзэмрэ зэрахьэрт.

ИужьыIуэкIэ, хьэтыкъуей лъэпкъым щыщу унагъуэшхуэ зыбжанэ Бгъэжьнокъуэпщым щIыгъуу хэгъакIэхэм яхэтIысхьауэ щытащ.

Клапрот Юлиус «Путешествие по Кавказу и Грузии» тхылъым 1808 гъэм щитхыжащ: «Адыгэ лъэпкъым и зы къуэпс хэгъакIэхэр Анапэ икIри, Быгур и Iэхэлъахэм итIысхьащ. Жаней Мэмэт-Джэрий жыхуаIэр я тхьэмадэщ а лъэпкъым. Абыхэм я пщыр нэхъапэIуэкIэ къулей дыдэу щытащ, абы и кхъухь зыбжанэ хы ФIыцIэм тетт».

1820 гъэм ирихьэлIэу хэгъакIэхэр цIыху мин 20 ирикъурт. Арами, пщы зэныкъуэкъум, тэтэрхэмрэ тыркухэмрэ езэуэным, емынэ уз зэрыцIалэм я зэранкIэ лъэпкъыр кIуэдыжауэ щытащ. Абы къыхэна унагъуэ закъуэтIакъуэхэр нэтхъуейхэмрэ кIэмыргуейхэмрэ яхэтIысхьэжащ.

Кавказ зауэжьыр иуха нэужь хэгъакIэхэм я цIэ ираIуэжыххакъым, сыту жыпIэмэ, ахэр зыхэшыпсыхьыжа лъэпкъхэри хэкум ирашат.

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.04.2024 - 16:03

АГУИЙ И IЭХЭЛЪАХЭМ

Испы-унэ телъыджэ

15.04.2024 - 12:51

«БАЙКОНУР» КОСМОДРОМЫР

 «Байконурыр» дуней псом и япэ космондром нэхъ ин дыдэщ. Абы телъэтыкIащ Гагарин Юрий зэрыса «Восток» кхъухьыр, ЩIым и япэ спутник IэрыщIыр, «Восход», «Союз» хьэрш кхъухьхэр.

15.04.2024 - 08:35

МАХУЭШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ зэIущIэ иригъэкIуэкIащ, ­КъБР-м и Прави­тельствэм и Уна­фэщI Мусуков Алийрэ муниципалитетхэм я Iэтащхьэхэмрэ ­кърихьэлIэу.

15.04.2024 - 08:34

ЗЭГУХЬЭНЫГЪЭМ ЗЭФIИГЪЭКIАР

КъБР-м и Правительствэм иджыблагъэ ще­кIуэкIащ «КъБР-м и муниципальнэ щIыналъэ­хэм я совет» зэгухьэныгъэм (КъБР-м и АСМО) и правленэм и зэIущIэ.

14.04.2024 - 09:03

КУЭД КЪЭЗЫМЫГЪАЩIЭУ КУЭД ЗЫЛЭЖЬА

Налшык дэт Лъэпкъ музеймрэ Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музеймрэ къыщызэIуахащ су­рэтыщI цIэрыIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и с