ЗИ IЭЩIАГЪЭМ НЭХЪ ХУЭIЭИЖЬКъэбэрдей-Балъкъэрым МафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ и къулыкъущIапIэм щекIуэкIащ зи IэщIагъэм нэхъ хуэIэижьыр къэзыгъэнэIуэну зэпеуэ - мафIэс частым и зэпыщIэныгъэ пунктым и диспетчер нэхъыфIыр къыщыхахар. Диспетчерхэм ягъэлъэгъуащ я къалэнхэм зэрыхуэхьэзырыр, фIыуэ зэрыхащIыкIыр. Зэпеуэм къыщыхуагъэувахэр зэригъэзэщIам къыпэкIуа баллхэмкIэ бжьыпэр иубыдащ Къэщкъэтау (Шэрэдж район) дэт мафIэс-къегъэлакIуэ часть №8-м и диспетчер Къардэн Таисэ.
БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|