ЩIЭБЛЭМ ГЪУЭГУ ЕЗЫТ

Аруан щIыналъэм хыхьэ Аруан (Мысостей) къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщI Зыхьэ Оксанэ хъыбар къызэритамкIэ, цIыхухэм я нэгузегъэужьыпIэу, зыузэщIыпIэу щыт унэм зэзыгъэпэщыж икIи къэзыгъэщIэрэщIэж лэжьыгъэхэр мы махуэхэм щызэфIэкIащ.
Къуажэдэсхэм плъапIэу яIэ ЩэнхабзэмкIэ унэм махуэ къэс сабий 200-м нэблагъэ йокIуалIэ. Ахэр хуагъасэ лъэпкъ къафэхэм, хурагъаджэ адыгэхэм игъащIэ лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуэ IэщIагъэхэм, хуаущий утыку итыкIэм, зыIыгъыкIэм, псэлъэкIэм епха джэгу IэщIагъэхэм, хагъэгъуазэ уэрэд жыIэкIэм и щэхухэм. ЩэнхабзэмкIэ унэм иIэ хъуа щытыкIэ зэкIэлъымыкIуэм къыхэкIыу, сабийхэм драгъэкIуэкI гъэсэныгъэ лэжьыгъэр къыщызэрагъэпэщыр дунейм и хуабэгъуэрат. ЩIымахуэр къихьамэ, лэжьыгъэри, нэгузегъэужь Iуэхугъуэхэри курыт еджапIэм яхьын хуей хъурт. Иджы Iуэхухэр зэтеувэжыну угугъэ хъунущ.
«Щэнхабзэ» къэралпсо пэхуэщIэм (проектым) ипкъ иткIэ зэрагъэпэщыжа унэм и закъуэщ къуажэдэсхэм щэнхабзэ зэхуэсыпIэрэ лъэпкъ IэщIагъэхэмкIэ гъэсапIэу яIэр. ЩэнхабзэмкIэ унэм и къэгъэщIэрэщIэжыным нэгъабэ мэлыжьыхь мазэм хуежьащ, лэжьыгъэхэми сом мелуан 19 хуэдиз хуаутIыпщащ. Iуэхур зэрызэпэщым, ягъэува мардэхэм тету ухуэныгъэхэр зэрызэфIэкIынум кIэлъыплъари, ар зи нэIэ щIэтари Аруан къуажэм щIыпIэ унафэр щызезыхьэ къулыкъущIапIэрщ.
КъулыкъущIэхэм зэрыжаIэмкIэ, зэгъэпэщыжын хуейхэм къызэщIиубыдащ унэм и щхьэм, бжэхэмрэ щхьэгъубжэхэмрэ еIэзэщIэжыныр, пэшхэм я лъэгу щар къихауэ щIэ идзыжыныр, уэздыгъэ зэрыкIуэ кIапсэхэр, бжьамийхэр щIэуэ щIэшэжыныр, кIуэцI блынхэр зехьэныр, мафIэс къэмыгъэхъунымкIэ макъ хъыбарегъащIэр тегъэувэныр.
ЩэнхабзэмкIэ унэм цIыху 300 зэуэ зыщIэхуэн пэшышхуэ иIэщ. Абы и утыку итыпIэр ин ящIащ, нэху зэрытрагъапсэ Iэмэпсымэхэр зэрахъуэкIащ, пкIащхьэр щIашащ. ЦIыхухэр зытесыну тIысыпIэхэмрэ утыку итыпIэмрэ гъущI бжыхькIэ зэпэщIэхащ.
ЩэнхабзэмкIэ унэм къуажэ библиотекэр хэтщ. IуэхущIапIэм и ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ щыIа тхылъ хъумапIэр сэмэгурабгъумкIэ ягъэIэпхъуащ. НэщI хъуа пэшыр къэфэным щыхуагъасэ классу щытынущ. Лъэпкъ къэфэкIэхэм зэрыщыхуагъасэм къищынэмыщIауэ, абы театр студиемрэ гуащэгъафэмрэ щIэтынущ. Пэшышхуэр утыку итыпIэм къегъэщIылIауэ зэрыщытым къыхэкIыу, абы джэгуакIуэхэм зыщагъэхьэзыр пэш къалэнри егъэзащIэ.
Зыхьэ Оксанэ зэрыжиIэмкIэ, ухуэныгъэм ехьэлIа Iэмэпсымэхэр зэуэ лъапIэ зэрыхъуам къыхэкIыу, языныкъуэ лэжьыгъэхэр и кIэм яхунэгъэсакъым. Апхуэдэу ЩэнхабзэмкIэ унэм и щIыхьэпIэм илъ плиткэр зэрыщытауэ къэнащ, ар яхузэхъуэк1акъым.
Дунейр хуабэ кIапэ зэрытехьэу ухуакIуэхэм пщIантIэ кIуэцIри зыхуей хуэгъэзэнущ. Апхуэдэу унэм и хъуреягъкIэ уэздыгъэ пкъохэмрэ тетIысхьэпIэхэмрэ щагъэувынущ, къыдыхьэ-дэкIыжым зэрыкIэлъыплъ видеокамерэхэр трагъэувэнущ, гъущI хъархэр къращIэкIынущ.
«Щэнхабзэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ екIуэкI лэжьыгъэхэр псори кърахьэлIа нэужь, хэгъэгуми, щIыналъэми, къуажэми я къулыкъущIэхэр, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэр хэту гуфIэгъуэ махуэшхуэкIэ ЩэнхабзэмкIэ уардэунэр къызэIуахыну я гугъэщ. «ЩIэблэм гъуэгу езыт, ахэр дахагъэм хуэзыгъэуш сыт хуэдэ жэрдэмри цIыхубэм я дежкIэ лъапIэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ абы ди пщэдейрей махуэхэр елъытащ, ди лъэпкъым и псэкупсэ узыншагъэр гуэх имыIэу епхащ. ЩэнхабзэмкIэ унэхэр къуажэдэсхэм я дежкIэ зэхуэсыпIэщ, хасапIэщ, нэгузегъэужьыпIэщ. Дэри тлъэкI къэдмыгъанэу апхуэдэ зэIущIапIэхэр цIыхум гунэс зэращыхъуным иужь дитынущ, «иджыри декIуэлIащэрэт» жезыгъэIэн гукъыдэжыр къызэщызыгъэу Iуэхугъуэ дахэхэри зэхэтшэнущ. КIэщIу жыпIэмэ, къытпэщылъ къалэнхэр нэсу дгъэзэщIэнущ, къэралым къытхуищIа гулъытэр ди фащэу ди мурадхэм зедгъэубгъунущ», – жеIэ Зыхьэ Оксанэ.

 

ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)