ЛАБЭ

КъухьэпIэ Кавказым и псы нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ. Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм и лъабжьэхэм Лабэшхуэрэ Лабэ ЦIыкIуу къыщожьэ. 
Телъыджэщ, ауэ Лабэ и къуэпс псоми щIыгуу зыщытраугуэшар Къэбэрдей-Балъкъэрым иIыгъым хуэдизщ, е нэгъуэщIу жытIэмэ, километр зэбгъузэнатIэ мин 12-рэ 500-м ноблагъэ.
И къэунэхукIэр нэхъыбэм зрапхыр къуршыжьхэр щIэзыхъумэ мылъылъэхэм къащIэж ткIуэпсыбэхэр арами, къызэрахутамкIэ и ныджэм псыщIагъыпсхэми уащрихьэлIэнущ. 
Кавказ шытхышхуэм ищхъэрэкIэ гъэза и джабэщIхэм кIэрыщIа мыл джейхэм къапыткIу ткIуанэхэр «анэ быдзышэ» зыхуэхъуа Лабэшхуэрэ Лабэ ЦIыкIурэ, къуэ бгъунж цIыкIухэм дэлъадэ-къыдэжыжми, къуршылъэ-мэзылъэ тIуащIэхэм зыкъыщызэщIакъуэри, жьанэ Iузэвхэм километри 130-м нэблагъэкIэ щожэх. Ахметовская («Ахъмэт и фо изщ» жыхуаIэ бгым и деж), Каладжинская (Къаладжэ) станицэхэр къызэрызэранэкIыуи, иужьрейм деж, хуэищхъэрэу, тIури щызэхолъэдэж. 
Езы псышхуэм, Лабэшхуэ къыщежьэ къурш лъабжьэ псынащхьэхэм я деж къыщыщIэдзауэ, Псыжь щыхэхуэжым нэсыху километр 347-рэ и кIыхьагъщ. 
Лабэшхуэ къыщыщIидзэм и гъунэгъущ а цIэ дыдэр зезыхьэ щхьэдэхыпIэр (метр 2539-рэ и лъагагъщ). 
Лабэ ЦIыкIу и къежьапIэр Аищхьэ бгым ищхъэрэкIэ гъэза и «куэщIырщ». 
ПсышхуитIу зэхэлъэдэжам ищхъэрэкIэ къыщыхэхуэж и къуэпс нэхъ инхэм ящыщщ Чэм-лъахъэ (Чамлык), Хуэдз, Шэхурэдз (Чохрак), Улэ (Улькэ), Джаджы (Гиага), Псынэху (Псенаф), Хуарзэ (Фарс) псыхэр. 
Зэреджэм ехьэлIауэ
Телъыджэр аращи, «Лабэ» цIэр къызытехъукIам ехьэлIауэ еплъыкIэу къагъэлъагъуэм гъуни-нэзи иIэкъым. 
Ар ираныбзэм «хужь» мыхьэнэ иIэу нэхъапэхэм хэта «алб» («алъб») псалъэм ирапх. 
Индоевропеибзэхэм къыщагъэсэбэпу щыта «алб» - «жэн», «ежэхын», «лабэ» - «псы ежэх» жыIэгъуэхэм къытехъукIауэ къалъытэ. 
Пасэрей тюркхэм я бзэм «благъуэ» (псысэхэм узыщрихьэлIэ псэущхьэ шынагъуэрщ зи гугъу ищIыр) мыхьэнэ зиIэу хэта «лоп» псалъэм ирагъэщхь. 
Таджикхэмрэ персхэмрэ я бзэхэм «псы Iуфэ» мыхьэнэ щиIэу хэт «лаб» («лав») псалъэм хуагъадэ.
Якутхэм псым и къуэпс, и къудамэ, и къежьапIэ мыхьэнэхэр къарыкIыу къагъэсэбэп «лабэ» псалъэм гуэгъу хуащI. 
нэгъуейхэм я деж «псым и къежьапIэ» жыIэгъуэм хуэкIуэу къыщекIуэкI «лапас» псалъэм и благъэу ягъэув. 
абхъазыбзэм «уэх хъупIэ» къыщикIыу къыщыкIуэ «лабэ» псалъэм ирагъэщхь.
Лабэ ЦIыкIу ищхьэхэмкIэ къыщыхэлъадэ къуэпсхэм ящыщ зыр къызыщIэж бгым абазэхэр «Лау (Лоу) и къуэ» мыхьэнэр къикIыу зэреджэ «Лоюб» (Лаупэ/Лаубэ) цIэм пащIэ. АтIэми, Лабэ ЦIыкIу къыщежьэ бгыхэм язым ноби «Лоубэ» цIэр ноби зэрехьэ. 
Чувашхэм я бзэм гъуэфылъэ, уэх мыхьэнэхэр щиIэу хэт «лапа» псалъэм трагъахуэ.
Сонэхэм (сванхэм) я бзэм «къыщIэжыпIэ» мыхьэнэр къыщикIыу хэт «лабна» псалъэм хуахь. 
Къэрэшей лъахэхутэхэмрэ урысыбзэр нэхъ зи тегъэщIапIэхэмрэ псыцIэр «уэзджынэ» («жьгъыруупс») мыхьэнэм техуэу къэрэшеибзэм хэт псалъэм къытрагъэпщIыкI. 
КъедбжэкIа «зэфэзэщым» мыри дэщIыдгъужынщи, XIX лIэщIыгъуэм псэуа абхъаз лъахэхутэ цIэрыIуэ, урысыдзэми къулыкъу хуезыхьэкIа Званбэ Соломон и тхыгъэхэм ящыщ зым къызэрыхэщыжымкIэ, къызыхэкIа лъэпкъым щыщхэм къащхьэщыт къуршыжьхъэм адэкIэ щежэх Лабэ псышхуэм «Ерыхъ» псалъэри хужаIэрт. 
  Адыгэхэм я деж
КIахэ лъэныкъуэмкIэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм мы псы телъыджэм ехьэлIауэ жыIэгъуэ зыбжанэ ди нобэми къагъэсэбэп. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, Лабащхьэ жыхуаIэ щIыпIэцIэу къурш жьанэхэм къуэпс-къуэпсурэ щызэхэлъэдэж Iэхэлъахэм ехьэлIар, Лабэмэз – псым и ижьырабгъу Iуфэм Iус Лабинск къалэм къыщыщIэдзауэ ипщэ лъэныкъуэмкIэ километр 80 хуэдизкIэ зыдэзыукъуэдия жыг гуэрэным зэреджэр, Лабэуэх - Лабэрэ Деикъуэрэ я зэхуаку дэлъ сэтей лъахъшэм и гугъу щащIкIэ къагъэсэбэпыр, Лабэжь – псыр къыщиухэм деж зыдэлъадэу, гъэмахуэм и кIэ хъух щимыгъущыкIыж ныджэжьу Еджэрыкъуей къуажэм и ищхъэрэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэм зэреджэр, нэгъуэщIхэри. 
 Туризм
Лабэ и тIуащIэ абрагъуэр щIыпIаплъэхэм нэгузегъэужьыпIэ зэрахуэхъурэ куэд щIащ. КъуршыщхьэмкIэ щиIэ и Iуфэхэм щыпэрыхьэтщ щызэхэзекIуэм игу дыхьэну хьэщIэщхэр, зыгъэпсэхупIэхэр, бдзэжьей ещапIэхэр, дыгъэ зегъэупIэхэр. КъинэмыщIауэ, псыхъуитIри я къэжыхьыпIэщ лъакъуэрыгъажэм тесу зыщызыплъыхьын зыфIэфIхэм. 
Псы жапIэр къагъэсэбэп кхъуафэ цIыкIухэмкIэ (байдаркэ, каноэ) зыкърезыгъэхьэхын зи щIасэхэми, и Iуфэр лъэс зекIуапIэ зыхуэхъуа бдзэжьеящэхэми. 
Лабэ и псыхъуащхьэхэм (тIуми) узыщрихьэлIэ нэгузегъэужьыпIэ телъыджэщ псыкъелъэу щыпэрыхьэтхэм я Iэхэлъахэри. Апхуэдэхэм ящыщ зым, къызэрабжамкIэ, метр 54-рэ и лъагагъщ. 
  Псыхъуэм дэс жылэхэр 
Лабэшхуэ и ныджащхьэхэр иджырей Къэрэшей-Шэрджэсым къызэрыщыщIидзэм тетщIыхьмэ, и щIыналъэм хыхьэу и Iуфэхэм, Лабэшхуэрэ Лабэ ЦIыкIурэ щызэхэлъэдэжым нэсыху, Пхия, Дамхурц, Загедан, Рожкао, Азиатскэ посёлкэхэмрэ Псемен, Курджиново, Ершов, Предгорное, Подскальное къуажэхэмрэ Iусщ. АдэкIэ Лабэшхуэ Краснодар крайм и щIыналъэм ирожэ. Абдежым япэу узыщрихьэлIэр Ахметовская станицэрщ. Каладжинская станицэм деж зи гугъу тщIы пситIри щызэхолъэдэж. 
Бгылъэ-мэзылъэм къызэрыIэщIэкIыу, пситIу зэхэлъэдэжа Лабэ Краснодар крайм зыкъыщызэкъуих и тафэм хуэегъэзыхыгъуэу ирожэ. 
Мостовской станицэм зэрыфIэкIыу, псышхуэр и гъунапкъэщ абдежым зи щIыналъэм щIэзыдзэ Адыгэ Республикэмрэ езы Краснодар краймрэ. Псым и жапIэм дригъуазэмэ, ижьымкIэ Лабинск, Курганинск къалэхэм (зэрызэкIэлъыкIуэу) уащыIущIэнущ. КъинэмыщIауэ, а лъэныкъуэмкIэ Iусщ Зассовская, Темиргоевская, Тенгинская, Новолабинская, Некрасовская станицэхэри. 
Псышхуэм и сэмэгу лъэныкъуэр, урыс къутыр цIыкIухэм къинэмыщIа, я хэщIапIэщ адыгэ жылэхэу Хуэдз, Куэшхьэблэ, Еджэрыкъуей, Хьэтыкъуей, Пшызэ, Джамбэчый зыхужаIэхэм.
Лабэ уризэпрыкI хъурэ Адыгеймрэ Краснодар краймрэ зэлъигъэIэсу яухуа лъэмыж нэхъ кIыхь дыдэм километри 4,4-рэ и кIыхьагъщ. 
ЛЪАГЪУЭРЫКIУЭ Шухъыжьэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 17:28

ХАМЭ КЪЭРАЛХЭМ ЗЭРАДЭЛАЖЬЭМ ФЕЙДЭ КЪЫПОКIУЭ

Хамэ къэралхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым сату нэхъыбэу зыдищIыр СНГ-м хэтхэращ икIи иужьрей илъэситIым къриубыдэу республикэм зэригъэкIуэкIа продукцэм и куэдагъым процент 25-кIэ хигъэхъуащ, жиIащ

29.03.2024 - 17:23

ЗЫУЖЬЫНЫГЪЭМ И ЛЪАГЪУЭМ ИРОКIУЭ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Ставрополь крайм и губернатор Владимиров Владимиррэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и УнафэщI Темрезов Рашидрэ щIыгъуу хэтащ Тырныауз къалэм дэт, сыт и лъэныкъуэкIи з

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.