БГЪЭДЫХЬЭКIЭ ЩХЬЭХУЭХЭР ЗЭРАХЪУЭКI

Республикэм и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иджы­благъэ иригъэкIуэкIа законхэр къыдэзыгъэкI орган нэхъыщ­хьэм и зи чэзу зэIущIэм щы­хэплъащ Iуэху зэмылIэужьыгъуэу тIощIым нэблагъэм.

Абыхэм ящыщщ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм граждан зыхъумэжыныгъэм пыщIа зэху­щытыкIэхэр зэрыщызэблагъэкIым ­теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм и Законым и 5-нэ ­статьям зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъ­хьэным и IуэхукIэ» законопроек­-тыр. КъБР-м и Парламентым Жы­лагъуэ шынагъуэншагъэмрэ коррупцэм пщIэтынымкIэ и комите­-тым и тхьэмадэ Кривко Михаил зэрыжиIамкIэ, а законопроектыр ягъэхьэзыращ «Граждан зыхъу­мэжыныгъэм и IуэхукIэ» Федераль­нэ законым, «ЩIыуэпсым и къэхъукъащIэхэмрэ техникэр къызэрагъэсэбэпымрэ япыщIа къызэ­ры­мыкIуэ щытыкIэхэм цIыхухэмрэ щIы­налъэхэмрэ ящыхъумэным и IуэхукIэ» Федеральнэ законым и 1-нэ, 14-нэ статьяхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Фе­деральнэ закон 417-ФЗ-р 2022 гъэм щэкIуэгъуэм и 4-м къызэращтам къыхэкIыу. Абы ипкъ иткIэ хабзэ мардэхэм хагъэхьащ «цIыхухэм хъыбар егъэщIэныр», «цIыхухэм хъыбар егъэщIэнымкIэ систе­мэ­хэр» гурыIуэныгъэхэр икIи мы IэнатIэм ехьэлIауэ УФ-м и субъектхэм я къэрал властым и органхэмрэ ор­ганизацэхэмрэ я полномочиехэр ягъэтэмымыжащ.
- Законопроектым къегъэув ­граждан зыхъумэжыныгъэмкIэ ­управленэм и техническэ Iэмалхэр, цIыхухэм хъыбар зэрырагъащIэ системэхэр, зэрызахъумэж Iэмалхэмрэ IэнатIэм и адрей Iэмэ­псы­мэхэмрэ къызэгъэпэщынымкIэ, егъэфIэкIуэнымкIэ, ахэр зехьэ­ным­кIэ, апхуэдэу цIыхухэм и зэма­ным хъыбар егъэщIэнымкIэ КъБР-м и Правительствэм къыбгъэдэхуэ пол­номочиехэр зыгъэтэмэмыж Iыхьэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм граждан зыхъумэжыныгъэм пыщIа Iуэхухэр зэрыщызэб­лагъэкIым теухуауэ» КъБР-м и ­Законым и 5-нэ статьям зэхъуэ­кIы­ныгъэхэр халъхьэну, - жиIащ къэп­салъэм.
Парламентархэр апхуэдэу хэп­лъащ «Республикэм и закон щхьэ­хуэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъ­хьэным и IуэхукIэ» КъБР-м и законым и проектым. Ар щIагъэ­хьэзырам и щхьэусыгъуэр «Урысей Федерацэм и субъектхэм я цIыху­-бэ властыр къызэгъэпэщынымкIэ псоми яхуэгъэза хабзэхэм ятеу­хуауэ» Федеральнэ законым, ап­хуэдэу Урысей Федерацэм и хабзэ мардэ щхьэхуэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» ­Федеральнэ закон №12-ФЗ-р 2023 гъэм мазаем и 6-м къызэращ­-тарщ. Абы хуит ещI УФ-м и субъектхэм законхэр къыдэзыгъэкI я ор­ганхэм, муниципальнэ щIыналъэ­хэм я лIыкIуэ органхэм хахахэм я депутат къалэнхэр зи лэжьыгъэ ­нэхъыщхьэм щIыгъуу зыгъэзащIэ­хэм я хэхъуэхэм, хэщIхэм, мылъкум пыщIа я къалэнхэм ятеухуа дек­ларацэхэр зэрат щIыкIэр нэхъ къызэрыгуэкIыу ягъэхьэзырыну.
А махуэм президиумым хэтхэр зытепсэлъыхьа «Профессиональ­нэ союзхэм я IуэхукIэ» КъБР-м и ­законым и проектым еубзыху ­профсоюзхэр къызэгъэпэщы­нымкIэ хабзэ лъабжьэхэр, абыхэм  я хуитыныгъэхэмрэ лэжьыгъэр ­ирахьэкIынымкIэ шэсыпIэхэмрэ, профсоюзхэр къэрал властым и органхэм, щIыпIэ унафэр зезы­гъакIуэ органхэм, лэжьапIэ зытхэмрэ абыхэм я зэгухьэныгъэхэм­-рэ, адрей жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, юридическэ IэнатIэхэмрэ цIыхухэмрэ зэрапыщIар.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ «Я хэхъуэхэм, мылъкум, мылъкум пыщIа къалэнхэм ятеухуауэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и депутатхэм къат хъыбархэм я пэжыпIэр къэп­щы­тэнымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм и Парламентым и ­комиссэм теухуа положенэм зэ­хъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» КъБР-м и Парламентым и унафэм и проектым.
Депутатхэр щхьэхуэу тепсэ­лъыхьащ коррупцэм пэщIэтыным, дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэ­ным, микрофинанс лэжьыгъэхэм яхуэгъэза федеральнэ законхэм я проекту УФ-м и щIыналъэ щхьэ­хуэхэм я парламентархэм къагъэхьахэм.
ЗэIущIэм и кIэухым президиу­мым къыщащтащ IэнатIэ зэ­мы­лIэужьыгъуэхэм къыщыхэжаныкIа цIыху щхьэхуэхэм Къэбэрдей-­Балъкъэр Республикэм и Парламентым и ЩIыхь тхылъыр етыным теухуа унафэхэр.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.