ЛЪАГЪУНЫГЪЭ, ГУАПАГЪЭ, ЗЭГУРЫIУЭ

Мыхьэнэ пыухыкIа зимыIэ, къалэн ин цIыхухэм я пщэ щыдэ­-мылъ зы IэнатIэ щыIэу къыщIэкIынкъым. Ауэ зыми хуэмыдэжщ еджапIэ-гъэсапIэхэр. 

ЦIыху нэс гъэсэн лэжьыгъэ къызэрымыкIуэм, мытыншым екIуу пэрытщ Лэскэн районым хыхьэ Урыху (Къугъуэлъкъуей) къуажэм и «Сабий сад №1» МКДОУ-м и IэщIагъэлIхэр. Зыпэрыт IэнатIэкIэ зэхуэмыдэхэми дэтхэнэри зыхущIэкъур сабийхэр зыхуей хуэгъэ­зэнырщ, ямыщIэ кърагъэщIэнырщ, школым хуэгъэхьэзырынырщ, адыгэ хабзэм щыгъэгъуэзэнырщ, щIэныгъэм къыдэкIуэу гъэсэныгъэ екIу зэрыхалъхьэнырщ, хэкур фIыуэ ялъагъуу, узыншэ цIыкIуу ­къэгъэхъунырщ. 
Апхуэдэу зэгурыIуэ-зэдэIуэжу, я пщэрылъхьэм пылъхьэншэу пэ­лъэщу сабий садым щолажьэ цIыху 34-рэ. Абыхэм я нэIэм щIэт цIыкIу 224-м я Iэпкълъэпкъыр, я псэр, я къэухьыр зэ­рапсыхьым и щыхьэтщ урысейпсо, республикэ, район зэхьэзэхуэхэм сабийхэр щIэх-щIэхыурэ зэрыхэтыр, текIуэныгъэхэр къызэрыщахьыр.
- Лъагъуныгъэ, гуапагъэ, хуабагъэ, зэгурыIуэ - мис ахэращ егъэджакIуэ-гъэсакIуэхэм сабийм еттыр. Абы къыпокIуэ гухэхъуэ, ­гукъыдэж, гурыфIыгъуэ. Дунейр зыхуэныкъуэ, цIыхухэр зыхуей Iуэхугъуэщ длэжьыр - гъащIэм и удз гъэгъауэ къалъытэ сабийхэм да­хуосакъ. ЗэрытщIэщи, удзыр къыщыкIыр, щыгъагъэр абыхэм ще­лIалIэкIэщ, фэрыщIагъ хэмылъу ахэр фIыуэ щалъагъукIэщ, - жеIэ ­сабий садым и унафэщI Срыкъуэ Джульеттэ. 
Сабий садхэм щылажьэм я нэхъыбэр цIыхубзщи, ди гуапэу Бзылъхугъэхэм я дунейпсо махуэмкIэ дохъуэхъу зи гугъу тщIа гуп ­дахэм. ЕхъулIэныгъэ щымыщIэну, сабий Iущ, лъэпкъым хуэщхьэпэн цIыху къызыхэкIынухэр дяпэкIи ягъэсэну Тхьэм жиIэ.   

 

Тхыгъэри сурэтри ИСТЭПАН Залинэ ейщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.