Чэнджэщ щхьэпэхэр ират

КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам медицинэм и унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэмкIэ IэщIагъэлI зыбжанэ и гъусэу Шэджэм район сымаджэ­щым и поликлиникэм сымаджэхэм я узыншагъэр къыщипщытащ. Ахэр яхуэзащ цIыху 87-м, дэтхэнэми и щы­тыкIэм зыщагъэгъуазэри, чэнджэщ щхьэпэхэр иратащ.

Министрыр и IэщIагъэкIэ хирург-онкологщ, ар узыфэр зыпкърыт сымаджэхэу операцэ къызыпэщылъхэм адэкIэ я Iуэхур зэрыхъунум теухуауэ епсэлъащ. Сымаджэхэм яхуэзащ лъынтхуэ узыфэхэм еIэзэ хирург, профессор, Диагностикэ центрым и дохутыр нэхъыщхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Аслъэн Ахьмэд, УЗД-IэщIагъэлI Бачиевэ Сакинат, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм штатым хэмыт и невролог-IэщIагъэлI нэхъыщхьэ Улымбащ Эммэ, Кардиологие центрым и дохутыр Iэджырэ Мурат, Республикэ клиникэ сымаджэщым и ортопед Мэкъуауэ Алим сымэ. Дохутырхэр зэплъахэм я узыншагъэр зыхуэдэм елъытауэ узым зэрыпэщIэтыну щIыкIэр, хъужын папщIэ сэбэп къахуэхъуну къалъытэхэр жраIащ, къищынэмыщIауэ языныкъуэхэм операцэ зэрырагъэщIын хуейм, нэхъ куууэ я щытыкIэр кърагъэпщытэным теухуа чэнджэщхэр иратащ. 
Къалэбатэ Рустам къызэрыхигъэщамкIэ, район поликлиникэхэм щрагъэкIуэкI мыпхуэдэ зэIущIэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ цIыхухэм ягъуэт медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэм я фIагъым хэгъэхъуэнымкIэ, IэщIагъэлI зэхуэмыдэхэр зыхуримыкъу щIыналъэхэм щыпсэухэм я дежкIэ ар хэкIыпIэ ­хъарзынэщ. «ЛэжьапIэ пэшым ущIэсу цIыхухэм я гукъеуэр къыбгурыIуэну гугъущ, абы ипкъ иткIэ мыпхуэдэ «зекIуэхэр» щхьэпэ хъунущ районхэм щыпсэухэр медицинэ и лъэныкъуэкIэ зыIууэ гугъуехьхэр къэтщIэнымкIэ», - жиIащ министрым. 
ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)