АНАПЭ И КЪЕЖЬАПIЭ

Адыгэр къызэригъэщIрэ и пIэм имыкIауэ и хэкум исыжщ, и хабзэмрэ бзэмрэ нобэм къихьэсауэ. Тхыдэм и кIыхьагъкIэ, ди лъэпкъыр хы Iуфэм Iусащ, сыт хуэдэ зэрыпхъуакIуэ къытемыуами хэт и дамэ лъабжьэ щIигъэувэну хэмытами и гущэпкъыр имыбгынэу, гугъуехьми мафIэми пимыкIуэту. ИкIи пасэрей зыплъыхьакIуэхэмрэ зэрыпхъуакIуэхэмрэ къаIуэтэжу къэгъуэгурыкIуащ адыгэр къызытехъукIыжа лъэпкъыжьхэр сытым дежи щыпсэуа къалэ цIэрыIуэу Анапэ дахащэм и хъыбар гъэщIэгъуэнхэр. Сыт хуэдэ щэхухэр ихъумэрэ-тIэ Анапэ? Сыт а фIэщыгъэцIэр къызытехъукIар? Сыт къикIыр а псалъэм?

Тхыдэр щыхьэт тохъуэ, ди лъэхъэнэм ипэкIэ 600-500 гъэхэм адыгэр къызытехъукIыжа лъэпкъыжьхэм ящыщу щынд-мэуэтхэр щыпсэуа щIыпIэр алыдж зэрыпхъуакIуэхэм яубыду, Горгипие жыхуиIэ къалэр хы ФIыцIэ Iуфэм зэрыщаухуам. Ди лъэхъэнэм ипэкIэ 400 гъэхэм Горгипиер Боспор къэралыгъуэу Темэнрэ Керчрэ тращIыхьам гуоувэ, икIи абы щыпсэу щынд лъэпкъхэм я щIыхькIэ Синдикэ (Щындей) фIэщыгъэцIэр кърат. 

Гу лъытапхъэщ щынд псалъэр лъабжьэ зыхуэхъуа фIэщыгъэцIэ зыбжанэ адыгэбзэмрэ тхыдэмрэ къызэрыхэнам. Псалъэм папщIэ, КIуэкIуэ Жэмалдин топсэлъыхь пасэрей къалэжь Щынджьыр жыхуиIэм. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, адыгэхэр Синдикэм зэреджэу щытар апхуэдэущ. КъищынэмыщIауэ, бжьэдыгъухэми яцIыхуж Щынджьы щIыпIэр, убыххэм абазэхэхэм щхьэкIэ «щынджьышхуэ» жаIэу щытащ.

АтIэ, тхыдэр едгъэкIэрэхъуэкIыурэ дриплъэжмэ, жиIэр мыращ… Ди лъэхъэнэм ипэкIэ I00 гъэхэм Синдикэр, мыдрей Боспор къалэхэми хуэдэу, урымхэм яубыд. Абдеж щыщIидзэри илъэс 400-кIэ Синдикэр сату щIапIэ нэхъ ин дыдэу Европэ псом яцIыхуу къэгъуэгурыкIуащ. Ди лъэхъэнэм и 300 гъэхэм ирихьэлIэу хы ФIыцIэ Iуфэм къеуэсат гъуэт лъэпкъхэр. Абыхэм зэтракъута Боспор къэралыгъуэм щыщу зыгуэр тIэкIу къызыхэнэжар Щындейр арат. Абыи псы ирагъэжыхьыжащ 372 гъэм къызэрехьэжьа гуннхэм. V-нэ лIэщIыгъуэм гъуэтхэмрэ аланхэмрэ къотIысхьэ Кърымым. А лъэхъэнэм Щындейр къызэрагъэпэщыж, щIэрыщIэу яухуэжри, Эвдусие фIащ. ИужьыIуэкIэ, XV-нэ лIэщIыгъуэм ирихьэлIэу, генуэз картэхэм Эвдусие и пIэкIэ итщ Мапэ (Мапарио) сату щIапIэр.

Мис а Мапэ-рауэ жаIэ Анапэ фIэщыгъэцIэр къызытехъукIыжари.

Анапэ быдапIэм и цIэр къриIуэу япэ дыдэ тепсэлъыхьар (1641-1643 гъэхэм) тырку зыплъыхьакIуэ Челеби Эфлиещ. Тыркухэр Анапэ къызэреджэу щытар Бугуркъалэщ, Анапэ псыр – Бугурт (нашэкъашэ).

1875 гъэм Брун итхыжа тхылъым итыр мыращ: «Тхьэм къыхуищIа унафэм тету, Македонский Александр Гогрэ Магогрэ иухуэну есылIат а щIыпIэм. Пащтыхьым апхуэдизкIэ игу ирихьат ари, блынитхуу зэгуэту уардэ унэ щиухуат. Хасэр щызэхишэ пэшым и блынхэр налкъут-налмэскIэ къищIыкIауэ. Абы къыхэкIыу, уардэ унэм Кеверпай АнапайкIэ еджэ хъуащ. ИужькIэ, Тимур хъаным, Тохъутэмыщейм щытеуам, быдапIэр зэтрикъутат, ауэ уардэ унэр, и дахагъэм папщIэ, ихъумат».

1641 гъэм ирихьэлIэу Анапэ уардэ унэм Кеверган (налкъут-налмэс къыщыщIах щIыпIэ) фIэщыгъэцIэр зэрихьэрт, урысхэр къакIуэурэ, налкъут мыщIэхэр къыщащыпырти. Арами, Кеверпайми Кеверганми зэхуэдэу хэт лъабжьэ кеверращ (кабар) тегъэщIапIэ ящIыр. Лавров Л.И. зэритхымкIэ, къэбэрдей лъэпкъыр къызытехъукIыжауэ, псы Iуфэм Iуса «кевертей» лъэпкъырщ а псалъэр къызытехъукIар.

Къапщтэмэ, Анапэм лъабжьэ хуэхъуар къахутэну ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм тепщIыхьмэ, адыгэбзэмкIэ пхузэпкърыхынущ а псалъэр: Ана - Iэнэ, па – пэ, псым и къежьапIэ жыхуиIэу. КIуэкIуэ Жэмалдин зэрыхуигъэфащэмкIэ, Анапэ жиIэмэ, Анэ псым и къежьапIэ къикIыу аращ, убыххэм а псым «анохье»-кIэ еджэу зэрыщытам тепщIыхьмэ. Апхуэдэу, Анэ псалъэм къепхащ абазэ топоним зыбжанэ: Анэ-хьэ, Анэ-къуэпстэ, Анэ-къуапэ (Новый Афон пасэрейм зэреджэу щытар апхуэдэущ). 

Анапэ сытым дежи щыпсэуа адыгэхэм я тхыдэм уриплъэжмэ, хъыбарыжьхэм дагъэцIыхуж  тхакIуэ, усакIуэ, драматург IутIыж Борис и Iэдакъэ къыщIэкIа «Тыргъэтауэ» пьесэ цIэрыIуэр зыхуиуса мэуэт бзылъхугъэр. Куэдым ящIэркъым IутIыжым ар къигупсыса мыхъуу, пэж дыдэу тхыдэм къыхэщыж пащтыхь гуащэм и гъащIэм щыщ пычыгъуэу къызэриIуэтэжар. Ауэ пьесэм къыщыгъэлъэгъуа кIэухым хуэдэкъым Тыргъэтауэ и хъыбарым иIар.

Ди лъэхъэнэм ипэкIэ 388 гъэм къалъхуащ Тыргъэтауэ икIи ар и щхьэгъусэу щытащ Щындейм ипщ Джэгъэтей. Илъэс куэдкIэ зэдэпсэуащ а тIур, фIыуэ зэрылъагъуу, быни зэдагъуэтауэ. А зэман жыжьэм тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм деж къэтIыса алыдж Боспор пащтыхьыгъуэм и тет Щэтир щындхэмрэ мэуэтхэмрэ къезауэрт я щIыр иубыдыну хуейуэ. Тыргъэтауэ и адэ мэуэтыпщым нэгъуэщI бын иIэтэкъым, езыр жьы дыдэ хъуати, ипхъу закъуэр мэуэтыдзэм и пашэу зауэм кIуащ. Мэуэтхэм текIуэныгъэр къахьауэ, алыджхэм я дзэм щыщу зылI закъуэ фIэкI къэмынэу зэтраукIауэ,  къагъэзэжат. Тыргъэтауэ и адэр игъэгуфIэри, и щхьэгъусэмрэ и къуэмрэ деж кIуэжащ.

Куэд дэмыкIыу, Щэтир дзэ зэхуишэсри щындхэм къатеуащ: «Уи щхьэгъусэр я пашэу мэуэтхэм си дзэр зэтраукIащ. Силъ сщIэжыну сыкъэкIуащи, е уи щхьэгъусэр дыукIынущ, е щындхэм зауэ фыдощIылIэ», — жиIэри. Ауэ щыхъум, Джэгъэтей и щхьэгъусэр хытIыгум иригъашэу, лIэжыху абы щаIыгъыну гурыIуащ пащтыхьым. Апхуэдэуи ящIащ. Щхьэгъусэншэу къэна Джэгъэтей, мамыркIэ зэгурыIуэныгъэ кърищIылIэу, Щэтир и пхъур щындыпщым щхьэгъусэу къритащ. Апхуэдэущ Синдикэр Боспорым и дамэгъу зэрыхъуар.

Зи щхьэгъусэр зэпцIыжа, къызыщхьэщымыжа, хейуэ лей къызытехьа Тыргъэтауэ илъэс зыбжанэкIэ хытIыгум щаIыгъауэ, гъэпцIагъэкIэ щIэпхъуэжри, и дыщым игъэзэжащ. И адэр дунейм ехыжауэ ирихьэлIэжри, тетыгъуэр къызылъыса пащтыхьым дэкIуэжащ. Тыргъэтауэ илъэс зыбжанэкIэ мэуэтыдзэр къызэригъэпэщщ, Щындейм теуэри, илI къепцIыжам и дзэр зэтрикъутащ. Абдежи къыщымыувыIэу, и гъащIэр зэхэзыгъэзэрыхьа Щэтир и къэралыгъуэм ебгъэрыкIуэу щIидзащ. Зэуэ къэралыгъуэр хузэтекъутэнутэкъыми, щIэх-щIэхыурэ теуэу арат.

Апхуэдэурэ, боспорыдзэр мащIэ щыхъум, Тыргъэтауэ зэрытекIуэнур къащыгурыIуэм, Щэтир и къуэр анэмэту къаритащ икIи мамырыгъэ зэращIылIэну къэлъэIуащ. Нэрыбгейр абы арэзы техъуат, ауэ Щэтир аргуэру ебзэджэкIащ - Тыргъэтауэ деж лъэIуакIуэ кIуа хуэдэу, лIыукIитI иутIыпщри. ЛIыукIхэм пщэрылъ къыхуащIа Iуэхур ягъэзащIэу, Тыргъэтауэ теуат, зым и джатэр кърихри цIыхубзым хиIунуи хэтат, ауэ нэрыбгейм бгырыпх бгъуэшхуэ щIэпхауэ къыщIэкIри, абы ихъумащ. БзаджащIэхэр яубыдри, къэзыгъэкIуари къызыкIэлъыкIуам и пэжыпIэри кърагъэIуэтащ.
Арати, Тыргъэтауэ Боспорым теуэри, Щэтир гуауэмрэ бампIэмрэ ихьыжыху езэуащ. Щэтир дунейм ехыжа нэужь, абы и къуэ Горгипп пащтыхьыгъуэр къыщылъысым дуней фIыгъуэр саугъэту Тыргъэтауэ къыхуригъашэри, мамырыгъэм щIэлъэIуну къыхуэкIуауэ щытащ икIи абдежращ зауэр щыщагъэтар.

Тыргъэтауэ зыдэкIуэжам зыпхъу хуигъуэтыжат, ари и анэм хуэдэу зауэм, Iэщэм хуэIэижьу щытауэ жаIэ. Зэанэзэпхъум я кIуэдыжыгъуэ хъуар щIыхъей шынагъуэщ. Тенджыз ФIыцIэм и Iуфэр екIуэкIыу IуилъэсыкIауэ щытащ а щIыхъейм къыдэуша псыдзэм. Бгылъэм нэмысу, псыдзэм ихьахэм ящыщщ Тыргъэтауэ. Ар щыпсэуа щIыпIэр зыхуэзэр иджырей Анапэращ, зэрыхуагъэфащэмкIэ.

 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.