ГЪУЭЗЫПШЭ «ШЭМЭДЖЫПЭ»

Шыхулъагъуэ (Млечный путь) вагъуэ куэщIым (галактикэм) и кум хуэзэу япон астрономхэм къыщахутащ алъандэрэ зыщымыгъуазэу къекIуэкIа пкъыгъуэ абрагъуэ.

Астрофизикхэм гу лъатащ уахэм гъуэз зэмылIэужьыгъуэу щызэхэувэ пшэ гуэрэнхэм ящыщу, Шыхулъагъуэ вагъуэ куэщIым и кум къыщылъагъуэхэм зэрекIуэкIыпхъэу зэрызыщамыгъазэм. Еджагъэшхуэхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, ар и нэщэнэщ блэкI псори, здэкIуар къахуэмыщIэу, «думпу» зыщIэзылъафэ, хьэлъагъэ ин дыдэ зиIэ нэрымылъагъу «мащэ кIыфIхэм» («чёрная дыра») ящыщ зым, астрофизикхэр алъандэрэ зыщымыгъуазэу щытам, абдежым зэрызыщигъэпщкIуам.  

Абы ипэкIэ Японием и щIэныгъэлIхэр зыбжанэрэ кIэлъыплъащ    Шыхулъагъуэм и кум псынщIащэу щызэрызехьэ гъуэзыпшэхэм я зыгъэхъеикIэм. Абыхэм ящыщ зым, HCN-0.085-0.094 нагъыщэ зратам, уахэм а и Iэхэлъахэм щыкIуэд-къыщыкъуэкIыжми, зэкIэрэхъуэкIыр къахуэмыщIэу, адрейхэм нэхърэ нэхъ псынщIэжу зыщегъазэ. Астрофизикхэм ар къызыхэкIыу къалъытэр, а Iыхьэр Iэмалыншэу «мащэ кIыфI» гуэрым зэрызыщIилъафэрщ.

 «Зи гугъу тщIы гъуэзыпшищым языр уэрдыхъу теплъэ зиIэщи, и “шэмэджыпэм” щIэша щIыкIэу зэрыриIуэнтIэкIар, адрейхэм ейм елъытауэ, укъэзыгъащтэщ, нэрымылъагъу гуэрым дежкIэ егъэзэкIащи, - къыхегъэщ Японием и Лъэпкъ астроном обсерваторэм и лэжьакIуэ, астрофизик Такекава Шуня (Shunya Takekawa). - Къэпщытэныгъэхэм къызэрыдагъэлъэгъуамкIэ, ар зэкIэрэхъуэкIыр, IэпапIэ хуэдиз фIэкIа мыхъуми, ди Дыгъэм нэхърэ хуэдэ мини I00-кIэ нэхъ хьэлъэщ. Дызэригугъауэ къыщIэкIмэ, а “мащэ кIыфIыр” астрономхэм алъандэрэ къахуэмыхута “ику ит лъэпкъыгъуэ” зыхужаIэхэм ящыщщ».  

Астрофизикхэм абы ипэкIэ зэрызэхагъэкIауэ, хьэршым зыщызыгъэпщкIу мыбы хуэдэ нэрымылъагъу пкъыгъуэ абрагъуэхэр, къашэч и лъэныкъуэкIэ, лIэужьыгъуэ зыбжанэу зэщхьэщедз. Абыхэм яхэтщ, ди Дыгъэм нэхърэ 62-кIэ нэхъ хьэлъэ «цIыкIужьейхэри» ямылейуэ зэхэубарэ ди Дыгъэм хуэдэу минищэ бжыгъэ къэзышэчыфын «машэ кIыфIыжьхэри». Шыхулъагъуэм и кум «къыщалъэгъуар» курыт хьэлъагъэ зиIэщ.

               

БЭРАУ Бышэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.12.2024 - 09:13

Къалэн нэхъыщхьэр цIыхубэм я Iуэху дэгъэкIынырщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек УФ-м и Президентым и деж щыIэ Стратегие зыужьы­ныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ советым и зэIущIэм кърикIуам зэреплъыр къигъэлъэгъуащ:

09.12.2024 - 09:12

Адыгэхэм я дунейм щыхагъэгъуазэ

Налшык къалэм и япэ мо­дельнэ библиотекэм щекIуэ­кIащ гъуазджэм, тхыдэм, графикэм, адыгэхэм я дунейм ухэ­зышэ «Печать, тираж, тхы­лъымпIэ, адыгэхэр…» зыфIаща лекцэ.

09.12.2024 - 09:11

Я лэжьакIуэхэр ягъэлъапIэ

Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм ще­кIуэкIащ я шофёрхэм ведомствэ дамыгъэхэр щрата Iуэху гуапэ. 

09.12.2024 - 09:09

Къэхъундэсхэр зэрыгушхуэ щIалэ хахуэхэр

Къыщалъхуа хэкум хуэпэжу, къызыхэкIа лъэпкъым хуэфащэу псэурщ цIыху нэсу игъащIэми къалъытэр.

08.12.2024 - 09:03

ПсэупIэ фондым и лэжьыгъэр къалъытэ

Фэтэр куэду зэхэт унэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным ехьэлIауэ щыIэ къэрал программэхэр щIыналъэхэм зэрагъэзащIэм и фIагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIхэм яхыхьащ.