ТХЫЛЪ ЦIЭРЫIУЭ ЗЫБЖАНЭГиннессым и рекордхэм я Тхылъыр Гиннессым и дунейпсо рекордхэм я тхылъым и цIэр хэт зэхэзымыхар! Ауэ, дуней псом къыщыхъу рекордхэр зэхуэпхьэсурэ Тхылъым иптхэн гупсысэ гъэщIэгъуэным къежьапIэ хуэхъуар куэдым къыбжаIэфыну къыщIэкIынукъым. Нэхъ гъэщIэгъуэныжращи, пивэ цIэрыIуэм и маркэмрэ рекордхэм я тхылъымрэ сыту пIэрэ зэхуаIуэхур? АтIэ, Гиннессым и дунейпсо рекордхэм я Тхылъыр къыдэгъэкIын зэрыщIадзам щхьэусыгъуэ хуэхъуар щакIуэхэм я зэдауэщ. 1950 гъэхэм пивэ щагъавэ «Гиннесс» IуэхущIапIэм и унафэщI Бивер Хью и ныбжьэгъухэм щIыгъуу Уэксфорд графствэм и мэзхэм щакIуэ кIуат. А махуэм Бивер зыри къищэкIуатэкъым, бзухэрат зытригъэпсари, ятехуакъым. «Европэм щыIэ бзухэм ящыщу псынщIагъкIэ псоми ятекIуэнур дэтхэнэрауэ пIэрэ?» - жиIащ абы, щэкIуэныр къызэремыхъулIам егупсысурэ. Адрей щакIуэхэми гъэщIэгъуэн ящыхъуащ ар зыщIэупщIар. Зэдауэ къэхъуащ. А махуэм щакIуэм хэтахэм мазэкIэ къалъыхъуащ пивэ зыгъавэм къигъэува упщIэм и жэуап: тхылъ куэд щIащыкIащ. Ауэ зыми пыухыкIауэ жэуап къигъуэтакъым. Бивер Хью егупсысащ рекордхэм я тхылъ къыдигъэкIыну, езыр зи унафэщI пивэ гъэвапIэм и цIэр зэрихьэу. Апхуэдэ щIыкIэкIэ фIэгъэщIэгъуэн хъуа, зыдихьэха зы Iуэхуи зэфIигъэкIынут, и пивэм и брендри хэIущIыIу ищIынут. Рекордхэм я тхылъым итынутэкъым щIэныгъэр щыхьэт зытехъуа фIэкIа. Бивер Хью тхылъ къыдэгъэкIыным теухуа и гупсысэр телъыджэт. ЦIыхухэр щIызэдэуэнкIэ хъуну Iуэхугъуэ къызэрыгуэкIхэм шэч къызытомыхьэжыну я жэуапхэр иту зы тхылъ зэтебублэныр - щIэныгъэм теухуа зэдауэ куэдым кIэ зэрептыж Iэмалт! 1955 гъэм къыдагъэкIа япэ тхылъ мин 50-р къэралым и цIыху зэхуэсыпIэхэм щагуэшауэ щытащ. Илъэс пщIы бжыгъэхэр дэкIри, тхылъыр дуней псом нэхъ тхылъ цIэрыIуэу тетхэм, нэхъыбэ дыдэу цIыхухэр зэджэхэм ящыщ хъуащ, езыри мелуан бжыгъэкIэ къыдагъэкIыу. Сабий зэрагъасэм теухуар XX лIэщIыгъуэм США-м къыщыдэкIа тхылъхэм ящыщу цIэрыIуагъкIэ етIуанэ увыпIэм ягъэуващ Спок Бенджамин итха «Ребёнок и уход за ним» тхылъыр. Ар тхылъ щапIэхэм япэу щIалъхьауэ щытащ 1946 гъэм. Абы лъандэрэ адэ-анэ куэдым, ди къэралым щыщхэри яхэту, я бынхэр щагъасэкIэ тхылъыр зи Iэдакъэ къыщIэкIа дохутырым и чэнджэхэр къагъэсэбэп. Пэжщ, языныкъуэ критикхэм жаIэрт Спок Бенджамин и Iэмалхэм щIэблэр ягъэсэхъуу. Абы и тхылъым адэ-анэхэр къыщыхуреджэ я сабийхэм емышхыдэну, зыхуейхэр хуащIэну, зиужьын папщIэ сыт и лъэныкъуэкIи хуитыныгъэ иратыну. Тхылъыр зэуэ хабжащ цIыхухэм нэхъыбэ дыдэу щIаджыкIхэм. Ар бзэ 42-кIэ зэрадзэкIащ. XX лIэщIыгъуэм и кIэухым и тиражыр мелуан 50-м щхьэдэхат. ПщэфIэну зыфIэфIхэр куэдт Совет зэманым щыгъуэ ди къэралыр хабжэрт тхылъ еджэныр фIыуэ щалъагъухэм. Псалъэм папщIэ, щIэупщIэшхуэ иIатМолоховец Еленэ шхыныгъэухэм я пщэфIыкIэхэр щызэхуихьэса «Подарок молодым хозяйкам» тхылъыр. Бурман Еленэ Петербург «Институт благородных девиц» къыщиухауэ, Архангельск игъэзэжри, архитектор Молоховец Франц дэкIуащ. Молоховец IэфIу пщафIэрт, шхыныгъуэхэм я пщэфIыкIэхэр итхырт. Зэман дэкIри, зэхуихьэсу щIидзащ ди къэралми хамэ щIыпIэхэми шхыныгъуэхэм я пщэфIыкIэхэр ярыту къыщыдэкI тхылъхэр. Абыхэми игу ирихьхэр къахитхыкIырт. Иужьым тегушхуащ езым и тхылъ къыдигъэкIыну, «Подарок молодым хозяйкам» фIищри. 1861 гъэм ар япэу Курск къыщыдэкIащ. КъызэрыдэкIыуи, цIэрыIуэ хъуащ. Абы щызэхуэхьэсат шхыныгъуэ пщэфIыкIэу I500-рэ. Шхыныгъуэхэм я пщэфIыкIэр цIыхухэм я хэхъуэм тещIыхьауэ итхат. 1917 гъэм ирихьэлIэу Молоховец и тхылъу мин 300-м щхьэдэх ящэхуат. Ар 29-рэ къыдагъэкIыжащ. Гъуэт Синэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|