ДАБЖЫН ЩЫЩIАДЗАР

Япэ дыдэу цIыхухэм ятеухуа хъыбархэр зэхуахьэсын щIадзауэ щытащ тэтэрхэмрэ монголхэмрэ тепщэу щыщытам. Абы и щхьэусыгъуэри налог къыхэхынырт.

XV - XVI лIэщIыгъуэхэм цIыхухэр къызэрыхабжыкI тхылъ щыIэт. XVII лIэщIыгъуэм налог къызэрыхах IэмалыщIэ къаублащ - пщIантIэ къэс техуэр итын хуейуэ. Абы еджэрт «пщIантIэ къыхэтхыкIкIэ» («подворная перепись»).

Япэу цIыхухъухэри бзылъхугъэхэри къыхатхыкIыну иужь ихьащ 1710 гъэм, Пётр I и жэрдэмкIэ. Псори къыхатхыкIын ирагъэжьащ, я ныбжьи, я благъэ-Iыхьлыхэри къагъэлъагъуэу. 1718 гъэм налог зытын хуей цIыхухэм я ревизэ ящIын щIадзащ. ЛIэщIыгъуэрэ ныкъуэм къриубыдэу апхуэдэ ревизэу 10 ирагъэкIуэкIащ, ауэ абыхэм зэтемыхуэ куэд хэтт, къапщтэмэ, дзэм хэтхэр храгъэубыдэртэкъым. Ревизие къэс илъэс зыбжанэкIэ екIуэкIырти, дунейм темытыж куэд псэухэм хабжэрт, къалъхуагъащIэхэри цIыху бжыгъэм хамытхэу къанэрт. «Крепостное право» жыхуэтIэр Iуахыжа нэужь, цIыхухэм я къыхэтхыкIыр щхьэхуэу щрагъэкIуэкIыу щIадзащ къалэхэмрэ губерниехэмрэ.

XIX лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм щегъэжьауэ, къыхэтхыкIым и сэбэпкIэ къыпхуэщIэнут къалэ щхьэхуэм цIыхуу дэсым теухуа хъыбар. Санкт-Петербург щыпсэухэм я къыхэтхыкI щхьэхуэ Кеппен П. И и проектымкIэ ирагъэкIуэкIащ 1864 гъэм. 1869 гъэм екIуэкIа къыхэтхыкIыр зэхигъэувауэ щытащ Бушен А. Б. 1881, 1890 гъэхэм щыIа къыхэтхыкIхэм я проектыр игъэхьэзырат Янсон Ю.Э. I897 гъэм Санкт-Петербург щыпсэууэ къыхатхыкIащ цIыху мин 1264,9-рэ.

1871 гъэм Москва зы махуэм къриубыдэ къыхэтхыкI щрагъэкIуэкIащ. ЦIыхухэм я хъыбархэр ятхыу къалэм дэтащ цIыху 997-рэ. Я унафэщIыр Саблин Михаилт. КъызэрабжамкIэ, а зэманым ирихьэлIэу Москва щыпсэурт цIыхухъу мин 354-рэ, бзылъхугъэ мин 248-рнэ. ЦIыхухъухэм я процент 54-м тхэкIэ-еджэкIэ ящIэрт, бзылъхугъэхэм - я процент 38-м.

Урысейм япэ къыхэтхыкIышхуэ 1897 гъэм щригъэкIуэкIащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, географ, щIэныгъэлI Семёнов Тян-Шанский Пётр Петрович. Абы зыхуагъэхьэзырын щIадзащ XIX лIэщIыгъуэм икухэм, «крепостное право» зыфIащар Iуахыжа нэужь. Къыхэгъэщыпхъэщ: Семёнов П. П. лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIауэ щытащ I86I гъэм мэкъумэшыщIэхэр хуит щIыжыным теухуауэ. Абы папщIэ къыхуагъэфэщат Первозваннный Андрей и орденыр.

1897 гъэм ирагъэжьа къыхэтхыкIыр щекIуэкIым, цIыхубэм хъыбар ирагъэщIащ абыкIэ налог къыхахын мурад зэрамыIэр, атIэ цIыхухэм я псэукIэр ирагъэфIэкIуэн папщIэ абыхэм ятеухуа хъыбар зэрызэхуахьэсыр. Къалъытэрт пщIантIэ щхьэхуэм щыщхэри, пIалъэкIэ лъапсэм щыпсэухэри. КъыхэтхыкIым и комиссэм щхьэхуэу зэхигъэувауэ щытащ мэкъумэшыщIэхэм, къалэдэсхэм, къуажэдэсхэм, унэншэхэм папщIэ щIэупщIэ щхьэхуэхэр. ТхылъымпIэм иратхэрт цIыхум и цIэ - унэцIэр, и адэцIэр, и унагъуэр, зэрихьэ диныр, къыщалъхуар, щыпсэур, и бзэр, и щIэныгъэр. Уеблэмэ и узыншагъэм теухуа хъыбархэри ятхырт. Псори зэхэту къызэрыхатхыкI тхылъымпIэм упщIэ 14 итт.

КъыхэтхыкIым хэтащ къэралым щыпсэу дэтхэнэри. Пащтыхь Николай 11 и къулыкъум теухуауэ тхылъымпIэм иритхауэ щытащ: «УрысыщIым и пащтыхь» жиIэри, и IуэхущIафэр къигъэлъагъуэу итхащ «щIы зиIэ» («землевладелец»).

КъыхэтхыкIышхуэм къыщагъэсэбэпауэ щытащ бланк мелуан 30. Ахэр къабжащ цIыху мини 150-м. ЦIыхухэр къэзыбжахэм папщIэ империем игъэхьэзыращ «1897 гъэм екIуэкIа япэ къыхэтхыкIым щилэжьам папщIэ» медалыр. Къэзыбжхэм яхэтт студентхэри, журналистхэри, тхакIуэ-усакIуэхэри. Псалъэм щхьэкIэ, тхакIуэ Чехов Антон къыхэтхыкI щригъэкIуэкIауэ щытащ Московскэ губернием и Серпуховскэ уездым.

Къэралпсо къыхэтхыкIым текIуэдат сом мелуани 7. КъыхэтхыкI тхылъымпIэхэр къэпщытэжыным текIуэдащ илъэси 8. Абы къриубыдэу къызэрабжамкIэ, Урысейм щыпсэурт цIыху мелуан 125,7-рэ. КъыхэтхыкIышхуэм щызэхуахьэсащ тхыгъэ том 89-рэ (тхылъу 119-рэ). Абыхэм ярытт XIX лIэщIыгъуэм и кIэухым ирихьэлIэу къэралым щыпсэуахэм ятеухуа хъыбархэр.

Совет зэманым щыгъуэ къыхэтхыкIхэр кIэщI-кIэщIурэ екIуэкIыу щытащ.

1937 гъэм нэхъ къыхэтхыкIышхуэ дыдэ екIуэкIащ. Ар зы махуэм къриубыдэн хуейти, къэзыбжу хыхьащ цIыху мелуан 1,25-рэ. Абы щыгъуэ къыдагъэкIащ къыхэтхыкIым теухуа брошюрэхэмрэ листовкэхэмрэ. КъыхэтхыкIым къыхуезыджэ псалъэхэр зытет мафIэдз коробкэу мелуани I0 къыщIагъэкIауэ щытащ.

1939 гъэм аргуэру къыхэтхыкI щекIуэкIащ къэралым. Абы кърикIуахэр ябзыщIыжауэ щытащ. Уеблэмэ къыхэтхыкIым къэзыбжу хэта куэд хиубыдащ политикэ зэхэзехуэм.

СССР-р къутэжа нэужь, къыхэтхыкIыр щрагъэжьэжар 2002 гъэрщ. Абы къыкIэлъыкIуэу - 20I0-м. Абы щыгъуэ къызэрыхатхыкIар къэплъытэмэ, Урысейм щыпсэурт цIыху мелуани 142,-9-рэ. Ауэ а бжыгъэм дзыхь тепщIэ хъунукъым, къэралым и цIыху мелуани 5,5-р къыхатхыкIыфатэкъыми.

2021 гъэм, жэпуэгъуэ-щэкIуэгъуэхэм Урысейм щрагъэкIуэкIа къыхэтхыкIым тету, къэралым щопсэу цIыху мелуани 147,2-рэ. Иужьрей къыхэтхыкIыр нэхъ тыншу екIуэкIауэ къэплъытэ хъунущ, сыту жыпIэмэ, цIыхухэр абы хэтыну Iэмал яIащ «Госуслуги» сайтым ихьэу.

КъыхэтхыкI тхылъым щхьэхуэу иратхэжащ цIыхур лажьэ-мылажьэ, къэралым икIа е икIыну зигъэхьэзыр мурад иIэ-имыIэ, нэгъуэщIыбзэу ищIэхэм теухуа упщIэхэр.

Зыгъэхьэзырар ГУГЪУЭТ Заремэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.12.2024 - 12:25

Къэралыр ядэIэпыкъунущ

«Агроэкспресс» пэхуэщIэр егъэжьэным ехьэлIауэ Урысей Федерацэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм лэжьыгъэ пыухыкIа ирегъэкIуэкI Узбекистаным и гъусэу, къитащ КъБР-м Экспортыр дэIыгъынымкIэ

10.12.2024 - 09:09

Iуащхьэмахуэ и кIапсэ гъуэгущIэхэр

2028 гъэм ирихьэлIэу «Iуащхьэмахуэ» курортым и «Азау», «Мир» лъагапIэхэр зэпызыщIэ кIапсэ гъуэгум абы хуэдэ зы иджыри къыбгъуращIыхьынущ.

10.12.2024 - 09:03

ЛIыгъэр зыщагъэгъупщэркъым

КъБР-м и Парламентым дыгъуасэ щрагъэкIуэкIащ «Хэку зауэшхуэм и тхыдэм теухуа тест» дунейпсо Iуэхур.

10.12.2024 - 09:03

Махъсидэ Елизаветэ дрогушхуэ

Иджыблагъэ хъыбар къызэрытIэрыхьамкIэ, гимнасткэ ныбжьыщIэ Махъсидэ Елизаветэ зыщегъасэ тренер цIэрыIуэ Винер Иринэ и центру Мэзкуу областым и Новогорск къалэм щыIэм, ауэ зэхьэзэхуэхэм щыхэтым деж

09.12.2024 - 15:59

Псыкуэд илъэсищэ ирикъуащ

Аруан районым хиубыдэ Псыкуэд къуажэр къызэ­ры­у­нэхурэ илъэси 100 зэрыри­къуар ягъэлъэпIащ жэпуэ­гъуэм и 27-м.