|
МАРДЭЩIЭХЭР И ЛЪАБЖЬЭУ
1 марта, 2023 - 06:03
Iуащхьэмахуэ районым хыхьэ Эльбрус жылагъуэм иджырей жыпхъэхэм тету амбулаториещIэ щаухуэ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм цIыхухэм япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэр щрат и IуэхущIапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжын» щIыналъэ программэмкIэ.
Унэм и пкъыр зэфIагъэуващ, унащхьэр тралъхьащ, щхьэгъубжэ блыпкъхэр хагъэуващ. Мы зэманым ухуэныгъэм и кIуэцIыр зыхуей хуагъазэ. Абы хэтынущ медицинэм и унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэмкIэ IэщIагъэлIхэр щылэжьэну, сымаджэм и узыншагъэр къыщапщытэну пэшхэр, махуэ стационар, къищынэмыщIауэ, фIагъ лъагэ зиIэ рентген IэмэсымэкIэ къызэгъэпэща, медицинэм къигъэув мардэщIэхэм хуэкIуэ травматологие къудамэ къыщызэIуахынущ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, амбулаториер щаухуэ Iуащхьэмахуэ лъапэ и зыгъэпсэхупIэ щIыналъэм, абы егъэщIылIауэ щытынущ а щIыпIэм щыпсэу цIыху мини 5-м нэблагъэ. Абы къыдэкIуэуи, IуэхущIапIэм зыхуэныкъуэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр яхуищIэнущ абы зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэми.
Медицинэ IуэхущIапIэщIэхэр икъукIэ щхьэпэ хъунущ лэжьыгъэр зэтримыхьэнымкIи, Iуэхутхьэбзэхэм я фIагъым хэгъэхъуэнымкIи, апхуэдэуи абы щыпсэухэми зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэми терапие, травматологие дэIэпыкъуныгъэхэр нэгъэсауэ иратынымкIэ Iэмал нэхъыбэ яIэнущ.
ЩхьэщэмыщI Изэ.
|
29.03.2024 - 08:57 Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ. |
|
29.03.2024 - 08:56 КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм |
|
29.03.2024 - 08:56 Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос. |
|
28.03.2024 - 09:03 ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ. |
|
28.03.2024 - 09:03 Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм. |
|