ХЫ IУФЭ ЩIЫПIЭЦIЭХЭР

ТхьэщIагъщIыгу – ХъупIэжьий - Геленджик
Натхъуэдж адыгэхэм къызэраупсэлъу, ТхьэчIэгъчIыгу (Тхачехочук) зи фIэщыгъэ бгыр хы ФIыцIэ Iуфэм Iус Геленджик къалэм и Iэхэлъахэм щыIэщ. Жанхъуэт (Джанхот) псым и ныджащхьэхэм къащхьэщытщ. «Михайловский Перевал» зыфIаща урыс къуажэ цIыкIур адрей и лъэныкъуэмкIэ къыщысщ. 
Метр 761-рэ зи лъагагъ Iуащхьэм зэреджэр, зэрынэрылъагъущи, адыгэбзэщ къызыхэкIар, Iыхьищу зэпкърыпха иужькIи, хэплъхьэн щымыIэу къыбгуроIуэ: «Тхьэ», «щIагъ», «щIыгу». Урысыбзэ зыIурылъхэм къызэраупсэлъыр «Тхачехочук» - щ, и къэIукIэм ягъэщIагъуэу иригушыIэми. 
Нэгу зегъэужьакIуэхэм дежкIэ бгыр цIэрыIуэ зыщIа щхьэусыгъуэхэм ящыщщ ищхъэрэ джабэщIымкIэ къыщыщIэж псынэ къабзащэу узыншагъэм дежкIэ сэбэп хъууэ къалъытэр. Абы, адыгэхэр зэреджэу щытар къэIэпхъуахэм зэраIэпыхужам къыхэкIыу, цIэуэ фIащари телъыджэщ: урыс цIыхубзыцIэу «Наташэ» жыхуиIэрщ.

«Наташэ» и фIыгъэ?
Къагупсыса «хъыбарым» къызэрыхэщымкIэ, мы щIыпIэм нэхъапэхэм щыпсэуащ Наташэ и цIэу пщащэ дахащэ гуэр. Абы и гугъу жыжьэ Iуати, тырку унафэщI гуэрым мурад ищIащ а хъыджэбзыр и 301-нэ фызу къишэну. Ар зигу темыхуа тхьэIухудым, хутыныгъэм пищIын зэрыщымыIэм къыхэкIыу, бгым зыщидзыжащ, щехуэха щIыпIэм псынэ къэбзащи къыщыпхиващ.
Дапхуэдэу щымытами, псы къыщIэжыпIэр цIыху кIуапIэ хъуащ. Туристхэм къинэмыщIа, мыбдежыр щIыпIэрысхэми хуабжьу къагъэунэхуа «тэхъуанэщ». Сыту жыпIэмэ, нэхъапэхэм арыххэу псынэ къибыргъукIыпIэу щытар зэман дэкIри, Геленджик къалэм зи нэчыхь щезыгъэтххэм, Iэмал ямыIэу, я лъэ щрагъэувэхын хуей щIыпIэу къыщIидзыжащ.
А псом къыхэкIыуи, къыIухьэхэр щепсых хъуну щIыпIэ телъыджэ мыбдежыр хъуащ: къыщIэжыпIэм мывэ сурэту бгъэдагъэува «Наташэ» псынэпсыр къызэрыж кхъуэщын IэщIалъхьащ, Iэгъуэблагъэм жэщхэсыным хуагъэпса хьэщIэщ цIыкIухэри шхапIэхэри IуащIыхьащ. 
ТхьэщIагъщIыгу бгым дэкIыну хуейхэр Михайловский Перевал урыс къуажэ цIыкIум кIуэ автобусымкIи зрагъэшэфынущ. 

«Геленджик» - адыгэбзэ?
Адыгэхэм къахэкIауэ, XIX-нэ лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм зи гъащIэ Iыхьэр езыхьэкIа тхыдэхутэ Хъан-Джэрий СулътIан «Записки о Черкессии» и тхылъ гъуэзэджэм зэрыщитхам тетщIыхьмэ, Iэхэлъахэр ижькIэрэ зи хэщIапIэу къекIуэкIа натхъуэджхэм иджырей Геленджик къалэ цIыкIур здэщыт щIыпIэм «ХъупIэжьий» (ХъупIэ цIыкIу) хужаIэрт.
ЛIэщIыгъуэ бжыгъэкIэ мыбдежыр «зи уэтэрыпIэу» къекIуэкIа тыркухэм а фIэщыгъэр «колончик» е «келенчик» яфIэхъуащ, «колон» («келен») псалъэр хьэрыпхэм деж къыщащта пэтми. КърагъэкIыу щытари адыгэхэм фIащар арат: «ХъупIэ Жьий» - «ХъупIэ ЦIыкIу». 
Ауэ щыхъукIи: «ХъупIэ Жьий» - «Келенчик» - «Геленджик».
 

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.09.2023 - 12:25

ТУРИЗМЭМ И МАХУЭ

1980 гъэм къыщыщIэдзауэ фокIадэм и 27-р Туризмэм и дунейпсо махуэу ЩIы Хъурейм и къэрал куэдым щагъэлъапIэ.

28.09.2023 - 12:25

ЩIЭБЛЭМ АНЭДЭЛЪХУБЗЭ ЯIУРЫЛЪЫН ПАПЩIЭ

Сабийхэм тхылъ яхуэзытхым езым и псэр къабзэу щытыпхъэщ, цIыкIухэм я гурыгъухэр зыхищIэн щхьэкIэ.

28.09.2023 - 09:03

ТХЬЭ ЗАКЪУЭР ЗИ ФIЭЩ ХЪУА ЯПЭ БЗЫЛЪХУГЪЭ

Тхьэ закъуэр зи фIэщ хъуа Мусэ (Моисей) бегъымбарымрэ Рамзес ЕтIуанэ фирхьэунымрэ я зэхуаку дэлъа зэпэщIэтыныгъэмрэ, джатэдэпщым лъэпкъым къытригъэхьа леймрэ и хъыбар зэхэфхыжауэ къыщIэкIынщ.

28.09.2023 - 09:03

ХЬЭРЭ-КХЪУЭРЭ И ПИРАМИДЭХЭР

Кавказ лъэпкъхэр къызытехъукIыжа пасэрей лъэпкъыжьхэм щэху куэд къащIэнауэ нобэм къихьэсащ тхыдэм. Абыхэм ящыщщ псэ унэхэр, пирамидэхэр, сыдж, абрэмывэ телъыджэхэр. 

28.09.2023 - 08:54

АДЫГЭХЭМ (ШЭРДЖЭСХЭМ) Я МАХУЭМ ТРАУХУЭ

КъБКъУ-м и библиотекэм и художественнэ, лъахэхутэ къудамэм и лэжьакIуэхэм тхыдэмкIэ кафедрэм и егъэджакIуэхэр ящIыгъуу, Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэм ирихьэлIэу къыщызэрагъэпэщащ «Адыги: вехи исто