|
|
ФРАНКЕНШТЕЙН
28 февраля, 2023 - 06:04
Инджылыз тхакIуэ Шелли Мэри итха «Франкенштейн, или Современный Прометей» романыр 1818 гъэм къыдэкIауэ щытащ. Тхылъыр итхыным пэщIэдзэ хуэхъуащ нэмыцэ быдапIэм теухуа хъыбархэр. И лIыхъужь нэхъыщхьэми а быдапIэм и цIэр иритыжащ. Шелли Мэри и фIыгъэкIэ дуней псом къыщацIыхуа быдапIэр Германием, Дармштадт къалэм, щыIэщ, Оденвальд-кIэ зэджэ бгыхэм и зы щхьэщыгум тетщ. И фIэщыгъэр зэбдзэкIмэ, «франкхэм я мывэ» жиIэу къокI. Илъэс мини 2 хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ, а щIыпIэм деж урымхэм я мывэ къыщIэхыпIэ щыIащ. Нэхъ иужькIэ а щIыпIэм франкхэр щитIысыкIащ. Зэман дэкIщ, абдеж иIа шахтэр ябгынэжри, абы пэмыжыжьэу, фон Бройберг и лIыхъусэжьхэр щытIысащ. ИужькIэ абыхэм Франкенштейныр унэцIэу къащтащ.
Тхыдэм къызэрыхэщымкIэ, нобэ Дармштадт тет быдапIэр 1250 гъэм ищIауэ щытащ фон Бройберг Конрад II Райц.
XII лIэщIыгъуэм и пэм щегъэжьауэ Франкенштейн зым къыIэпыкIым нэгъуэщIым Iэрыхьэурэ зыбжанэрэ зэIэпахащ. Иужьым, Франкенштейнхэм яIэрыхьэжащ. Франкенштейнхэм мылъкухэр щаIэт Дармштадтрэ Гессенрэ нэмыщI, Германием и нэгъуэщI щIыпIэхэми. XV лIэщIыгъуэм и кIэухым, быдапIэр зэтекъутауэ щытащ, иужькIэ ар лъэхъуэщуи къагъэсэбэпащ.
XIX лIэщIыгъуэм Гессен-Дармштадт и эрцгерцог Людвик II бадапIэр къигъэщIэрэщIэжащ. Нобэ Франкенштейн зыгъэпсэхуакIуэхэм зыщаплъыхьыну яфIэфI щIыпIэщ.
Шэлли Мэри и романым хэт лIыхъужьыр трищIыкIащ алхимик Диппель Иоганн Кондрад. Ар Франкенштейн быдапIэм щыIэ дин лэжьакIуэ тхьэмыщкIэм и унагъуэм 1673 гъэм къыщалъхуауэ щытащ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, Франкенштейн лъэпкъым ар зыкIи япыщIатэкъым.
И ныбжьыр илъэс 18 ирикъуа нэужь, Диппель Страссбург Iэпхъуащ. Ар дихьэхащ алхимикхэм я лэжьыгъэхэм, езыр и ужь ихьащ игъащIэкIэ цIыхур зыгъэпсэун эликсир зэхилъхьэну. ИужькIэ, быдапIэм къигъэзэжри, абдеж лабораторэ къыщызэригъэпэщащ. И эликсирыр зэхилъхьэн папщIэ гъэунэхуныгъэ гуэрхэр иригъэкIуэкIырт. Апхуэдэу, зэгуэр зэхигъавэхэм ящыщ гуэр къауэри, быдапIэм и чэщанэхэм ящыщ зым и щхьэр триудауэ щытащ. Зэгуэр Диппель кIуэдри махуэ зыбжанэкIэ ягъуэтыжакъым. Иужьым и лабораторэм деж къыщагъуэтыжащ и псэр хэкIауэ.
Алхимикым и лэжьыгъэхэм сэбэпи къахэкIащ. Абы стетоскоп зэригъэпэщащ, синильнэ кислотам и формулэр зэхигъэуващ. Абы Диппель и дагъэкIэ зэджэри зэхигъэващ. Ар къупщхьэ узым и хущхъуэу медицинэм къыщагъэсэбэпащ XX лIэщIыгъуэ пщIондэ.
ГЪУЭТ Синэ.
|
|
15.11.2025 - 15:02 КъБР-м и Парламентым и комитетхэм я зэIущIэхэм депутатхэмрэ республикэм и министерствэхэм я лIыкIуэхэмрэ зэгъусэу щытепсэлъыхьащ «КъБР-м и бюджетыр 2026 гъэм, 2027 - 2028 гъэхэм ятещIыхьауэ» щIына |
|
|
15.11.2025 - 09:03 Прохладнэ щIыналъэм и Къэрэгъэш къуажэм Хэку зауэшхуэм текIуэныгъэ къыщызыхьахэм я цIэкIэ щыIэ уэрамыр, зы километрым щIигъу зи кIыхьагъыр, зэрагъэпэщыж мы махуэхэм. |
|
|
15.11.2025 - 09:03 2025 гъэм и мазибгъум Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэ IэнатIэ нэхъыщхьэхэм хэхъуэфIхэр къагъэлъэгъуащ, щыжаIащ КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм. |
|
|
14.11.2025 - 09:03 КIыщокъуэ Алим и усэ сатырхэм къагъэнаIуэу къытщохъу мы тхыгъэм щIэлъ гупсысэри. Адыгэхэм я тхыдэр зыми ейм хыумыгъэгъуэщэну къулейщ. |
|
|
13.11.2025 - 09:03 ДэнэкIи хуэдэу, ди республикэм и курыт школхэм мы зэманым щокIуэкI гъуэгу хабзэхэр гъэзэщIэным, лъэсрызекIуэм и шынагъуэншагъэр хъу-
|
|