ЗЫУЖЬЫНЫГЪЭМ И ГЪУЭГУМ ТЕТУ

КъБР-м и Iэтащхьэр Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и къулыкъу­щIэхэм яIущIащ. Зэхуэсым кърихьэлIахэр теп­сэлъыхьащ щIыпIэм зэрызиужьым, къапэщылъ къалэнхэр зэрагъэзэщIэну Iэмалхэм. 

«Iуащхьэмахуэ щIыналъэр игъащIэ лъандэми бгылъэ щIыпIэу, ущы­псэунуи ущылэжьэнуи мытыншу къалъытэу къокIуэкI, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек зэIущIэр къыщызэIуихым. - Мыбы щыпсэухэр лэжьакIуэшхуэхэщ, лIыгъэрэ хабзэрэ яхэлъу апхуэдэщ. ЩIыналъэм хуащI гулъытэр ар илъэс куэдкIэ гугъу зэрехьами епхащ. Дэ ды­хуэхьэзырщ Iуащхьэмахуэ щIыналъэр, туризмэмрэ промышленностым­рэ зедгъэужькIэрэ, къызэрытIэты­жы­ным, абы иIа пщIэр зэредгъэгъуэ­тыжы­ным». 
Республикэм и Iэтащхьэм Iуащхьэ­махуэ щIыналъэм щыпсэухэм фIыщIэ яхуищIащ зауэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ зэрызыщIагъакъуэм папщIэ. «Ди жагъуэ зэрыхъущи, хэщIыныгъэншэу хъуркъым. Дэ ди щхьэр яхудогъэщхъ Хэкур яхъумэжу хэкIуэдахэм», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. 
ЗэIущIэр екIуэкIыху КIуэкIуэ Казбек узыншагъэр хъумэным, щэнхабзэм, туризмэм, псэупIэ-коммунальнэ хозяйст­вэм, инфраструктурэм и зыужьыкIэм ­теухуауэ кърата упщIэхэм жэуап яритащ.
Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Соттаев Къурмэн лъэпкъ проектхэмрэ щIыналъэ программэхэмрэ зэрылажьэм тепсэлъыхьащ. ЦIыхухэр зыхуей хуэзыгъазэ IуэхущIапIэхэм я мылъкум ­хъарзынэу хагъахъуэ. Егъэджэныгъэм, щэнхабзэм, узыншагъэр хъумэным елэжь IуэхущIапIэ 12 зэрагъэпэщыжащ, псыр жылэхэм яхуэзышэ IуэхущIапIэу 7, цIыху зэхэзекIуапIэу 21-рэ зыхуей хуагъэзащ. УФ-м и Президент Путин Владимир и унафэкIэ Азау деж щегъэжьауэ Терскол нэс уэсукхъуэм ущызыхъумэ Iэмэпсымэхэр Iуагъэуващ. 2022 гъэм щIыналъэм и библиотекэ нэхъыщхьэр зэрагъэпэщыжащ, апхуэдэ дыдэу зэрахьащ Тырныауз дэт езанэ лицейр, Гундэлэн дэт щколыр, спортзали 2. Сабий IыгъыпIэхэм хьэкущIэу 7 щагъэуващ, Герхожан-Суу псые­жэхым лъэмыж тралъхьащ. 
Дызэрыт илъэсым ЩэнхабзэмкIэ унэр зэрагъэпэщыжынущ, къат куэду зэтет унэу 17-м щIэт лифт 30 щIэкIэ ­яхъуэжынущ. Республикэм и Iэтащхьэм и унафэкIэ а Iуэхур ежьакIэщ. Илъэсыр имыкI щIыкIэ, Азаурэ Эльбрус жыла­гъуэмрэ я зэхуакум щахъуэжынущ къагъэсэбэпа псыр зэрыIуаш бжьамийхэр. Жылагъуэм иджыри амбулаторэщIэ щаухуэ, 2023 гъэм ЩэнхабзэмкIэ унэрэ спорткомплексрэ дащIыхьынущ. 
Илъэсищым и кIуэцIкIэ километр ­22-рэ зи кIыхьагъ гъуэгухэр ядыжащ, километри 10-м уэздыгъэхэр щагъэуващ. Илъэсыр имыкI щIыкIэ зыхуей ­хуагъэзэну я мурадщ Бахъсэн Ипщэм, Эльбрус жылагъуэм, «Джантуган» альпинист лагерым екIуалIэ гъуэгухэр. Былым къуажэм псы езышалIэ Iэмэ­псымэхэмрэ бжьамийхэмрэ щахъуэжынущ, псы зэбгрышыпIэу 2 щаухуэнущ. 
ЩIыналъэм инвестицэ проектыш­хуэхэр щолажьэ. Ахэр епхащ къэрал мыхьэнэ зиIэ, Тырныауз дэт вольфрам-молибден къыщIэхыпIэхэмрэ «Эль­брус» зыгъэпсэхупIэмрэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 17:28

ХАМЭ КЪЭРАЛХЭМ ЗЭРАДЭЛАЖЬЭМ ФЕЙДЭ КЪЫПОКIУЭ

Хамэ къэралхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым сату нэхъыбэу зыдищIыр СНГ-м хэтхэращ икIи иужьрей илъэситIым къриубыдэу республикэм зэригъэкIуэкIа продукцэм и куэдагъым процент 25-кIэ хигъэхъуащ, жиIащ

29.03.2024 - 17:23

ЗЫУЖЬЫНЫГЪЭМ И ЛЪАГЪУЭМ ИРОКIУЭ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Ставрополь крайм и губернатор Владимиров Владимиррэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и УнафэщI Темрезов Рашидрэ щIыгъуу хэтащ Тырныауз къалэм дэт, сыт и лъэныкъуэкIи з

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.