Зы унагъуи щыIэу къыщIэкIынкъым Хэку зауэшхуэм ди къэралым къыщихьа ТекIуэныгъэм и гуа-щIэ хэмылъу. Бийр Хэкум къыщытезэрыгуэм абы и цIыхухэр зылI и быну зэкъуэувэри, лейзехьэхэм псэемыблэжу япэщIэтащ. Щхьэхуит гъащIэм, мамыр псэукIэм, щIэблэм я къэкIуэну дахэм папщIэ я псэр ятащ цIыху мелуан бжыгъэхэм. Абыхэм зэрахьа лIыхъужьыгъэм увыпIэ щхьэхуэ щеубыд тхыдэм.
ЛIыгъэрэ хахуагъэрэ къагъэлъагъуэу зи Хэкур зыхъумэжахэм яхэтащ Лэскэн районым хыхьэ Хьэтуей жылэм щыщхэри. ЦIыху 360-рэ фронтым кIуащ, абыхэм ящыщу къэзыгъэзэжари мащIэ дыдэщ. Жылэм къыдэнахэри зэралъэкIкIэ фронтым щыIэхэм ядэIэпыкъуащ шхынкIэ, щыгъынкIэ.
1942 гъэм жэпуэгъуэм и 26-м пщыхьэщхьэхуэкIуэу Хьэтуей къуажэм нэмыцэхэр къыдыхьащ. Жэщ-махуэ 69-кIэ бийм иIыгъащ жылэр, щIэпхъаджагъэ куэди щалэжьащ, лей зэрахьэр ягу темыхуэу япэщIэувахэр яукIащ. Бийм я щхьэр хуамыгъэлъэхъшэн папщIэ зи псэр зытахэм ящыщщ Нот Машэ, ДзыхьмыщI Хьэмырзэ, Истепан Мухьэмэд, Шыд Хьэзешэ, ТемкIыж Щыхьмырзэ сымэ.
1943 гъэм щIышылэм и 3-м ди сэлэтхэм къуажэр хуит къащIыжащ. ЕтIуанэ махуэм жылэдэсхэр нэмыцэхэм зэтракъута колхозыр зэфIэгъэувэжыным жыджэру иужь ихьащ. Абыхэм фIыуэ къагурыIуэрт фронтым Iутхэр я дэIэпыкъуныгъэ зэрыхуэныкъуэр.
Хэкум и щхьэхуитыныгъэм къикIуэт ямыщIэу щIэбэнащ Хьэтуейм и щIалэ хахуэхэр. Абыхэм я цIэр уахътыншэщ, я лIыхъужьыгъэр ящыгъупщакъым.
Фочауэ ротэм и унафэщIу щыта лейтенант Тэрчокъуэ Абусуфян ПIытIэ и къуэр шы-нэ имыщIэу, зыхэт гупым щапхъэ яхуэхъуу щызэуащ Ипщэ-КъуэкIыпIэ, Дон, Кавказ Ищхъэрэ фронтхэм, Къры-мыр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэ-хэм къаIэщIэзыгъэкIыжахэми яхэтащ. Зэрихьа лIыгъэм папщIэ абы къыхуагъэфэщащ Хэку зауэ орденым и япэ нагъыщэмрэ медаль зыбжанэрэ.
Пулемётыр зыгъауэ гупым я командиру щыта Къэжэр Тембулэт Ильяс и къуэр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм щапэщIэтащ Ростов областым, уIэгъэ хьэлъи къащIауэ щытащ. Бэракъ Плъыжь орденыр, Хэку зауэ орденым и япэ нагъы-щэр, медалхэр хэлъу зауэ нэужьым къигъэзэжри, егъэджакIуэу лэжьащ.
Къанщыкъуей Уэхьид Уэлий и къуэр бийм езауэурэ нэсащ КъуэкIыпIэ Пруссием. Къигъэлъэгъуа и зэфIэкIхэм щхьэкIэ Бэракъ Плъыжь орденыр, Хэку зауэ орденым и япэ нагъыщэр, медаль зыбжанэ къыхуагъэфэщащ. Къанщыкъуейр хэтащ ТекIуэны-гъэм и парадым, 1945 гъэм мэкъуауэгъуэм и 24-м Москва щекIуэкIам. Зауэ нэужьым ар илъэс куэдкIэ щытащ къуажэ Советым и тхьэмадэу, «Шэчэр» колхозым и зыужьыныгъэми абы и гуащIэшхуэ хэлъщ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ Нало Ахьмэдхъани яхэтащ Хэкум и щхьэхуитыныгъэм щIэзэуахэм. Дзэм къулыкъу щищIэу зауэр къэхъейри, япэ махуэхэм къыщыщIэдзауэ абы и IэнатIэ нэхъ гугъухэм Iутащ. Зауэ гуащIэ куэдым хэтащ икIи щIалэщIэм шынэ, къикIуэт зымыщIэ зауэлI хахуэу зыкъигъэлъэгъуащ. Зэрихьа лIыгъэм папщIэ абы къыхуагъэфэ-щащ Невский Александр и орденыр, Хэку зауэ орденым и япэ, етIуанэ нагъыщэхэр, Вагъуэ Плъыжь орденыр, медалу 14. «Нэхущ шу», «Псы Iуфэм Iут унэ цIыкIу» романхэр, повестхэр, рассказхэр зэрыт тхылъ зыбгъупщI зи Iэдакъэм къыщIэкIа тхакIуэ цIэрыIуэр илъэс куэдкIэ КъБКъУ-м егъэджакIуэу щылэжьащ.
Украинэр, Польшэр хуит къэзыщIыжахэм, бийр Берлин нэс зыхужахэм ящыщщ Бетрожь Iэбубэчыр Хьэжумар и къуэр. Ар лIыгъэншэу зэрыщымытар и щыхьэтщ абы кърата дамыгъэ лъапIэхэр - «ЩIыхь» орденым и ещанэ нагъыщэр, Вагъуэ Плъыжь орденыр.
Мамыр гъащIэм папщIэ и псэр итащ Бэрау Къэралбий Хьэжумар и къуэм. Ар щызэ-уащ Ростов областым, Новороссийск къалэм и Iэгъуэблагъэм, лIыхъужьыгъэ къигъэлъагъуэу Керчь деж щыхэкIуэдащ. Абы къыхуагъэфэщащ Хэку зауэ орденым и япэ нагъыщэр.
Былымгъуэт СулътIан Хьэжбэчыр и къуэр 38547-нэ дзэ частым хэту зэуащ, орденищ къыхуагъэфэщащ: Хэку зауэ, Вагъуэ Плъыжь, Невский Александр и орденхэр.
ЩхьэщэмыщI Хьэжбий Къалджэрий и къуэр зыхэхуа япэ зэхэуэ гуащIэхэр Ростов областым и Сальск губгъуэхэм щекIуэкIащ. ИужькIэ Ипщэ, Ипщэ-КъухьэпIэ фронтхэм дзэ къулыкъур щрихьэкIащ. Ар нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм щапэщIэтащ Венгрием и щIыналъэми икIи 1945 гъэм лIыхъужьыгъэ къигъэлъа гъуэу хэкIуэдащ. ЩхьэщэмыщIым къратащ Вагъуэ Плъыжь орденымрэ медаль зыбжанэрэ.
Бетрожь Хьэжысмел ТIабышэ и къуэр Сталинград хуит къэзыщIыжахэм ящыщщ, апхуэдэуи Харьков, Киев, Бухарест, Венэ, Будапешт къалэ-хэр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэ- хэм къыIэщIэзыгъэкIыжахэми яхэтащ. И лIыгъэм, и хахуагъэм къыпэкIуэу абы къратащ Хэку зауэ, Вагъуэ Плъыжь орденхэр.
Батальоным и комиссар, Калинин фронтым и 24-нэ фочауэ дивизэм хэта ДзыхьмыщI Батыр Хьэжбий и къуэр къимыкIуэту бийм пэщIэтащ, тIэу уIэгъэ хьэлъэ хъуауэ щытащ. Ар ягъэпэжащ Хэку зауэ орденым и япэ нагъыщэмрэ Вагъуэ Плъыжь орденымкIэ. Зауэ нэужьым абы къулыкъу щищIащ КъБАССР-м и МВД-м и органхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м юстицэмкIэ и министру, прокурору лэжьащ, республикэм и Совет Нэхъыщхьэм и депутату щытащ.
1941 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм зауэм ираджащ Хьэтуей курыт школым егъэджакIуэу щылэжьа Биту Нурхьэлий Пщымахуэ и къуэр. 1942 гъэм и гъатхэпэ мазэм уIэгъэ хьэлъэ хъуауэ щытащ, ауэ нэхъыфI зэрыхъужу фронтым игъэзэжри, зауэр иухыху и дзэ къалэныр псэемыблэжу ирихьэкIащ. Къигъэлъэгъуа зэфIэкIым пэкIуэу абы къратащ Хэку зауэ орденым и япэ нагъыщэр, «ЛIыгъэ зэрызэрихьам папщIэ» медалыр.
Зауэ гъуэгуанэ кIыхьыр зэпичащ Тэрчокъуэ Хьэрун Безрыкъуэ и къуэми. 1941 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм щегъэ жьауэ зауэр иухыху ар щхьэмыгъазэу нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм япэщIэтащ. Кольскэ хытIыгуныкъуэм, Румынием, Болгарием щызэуащ, тIасхъэщIэх хахуэу щытащ. Абы къыхуагъэфэщащ Хэку зауэ, Вагъуэ Плъыжь орденхэр.
ЛIыгъэ зэрахьахэм папщIэ дамыгъэ лъапIэхэр къыхуагъэфэщащ Хьэтуей къуажэм щыщ зауэлI хахуэ куэдым. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, Бетрожь Хьэсэн Джырандыкъуэ и къуэр (Хэку зауэ орденымрэ Вагъуэ Плъыжь орденымрэ), Истепан Хьэжсуф Мухьэрбий и къуэр (Бэракъ Плъыжь орденыр), ХьэщIэлI Хьэмзэт Булэт и къуэр (Хэку зауэ орденым и етIуанэ нагъыщэмрэ Вагъуэ Плъыжь орденымрэ), Серчэ Хьэжсет Мацэ и къуэр (Хэку зауэ орденым и япэ нагъыщэмрэ Вагъуэ Плъыжь орденымрэ), Нало Залым Алий и къуэр (ЩIыхь орденым и ещанэ нагъыщэмрэ Хэку зауэ орденым и етIуанэ нагъыщэмрэ), ХьэщIэлI Мухьэмэд Хьэжрэт и къуэр (Хэку зауэ орденым и етIуанэ нагъыщэмрэ «ЛIыгъэ зэрызэрихьам папщIэ» медалымрэ), нэгъуэщIхэри.
Хахуэу зауэм хэтауэ зи цIэ ящымыгъупщэну лIыхъужхэр и мащIэкъым Хьэтуей жылэжьым. Ахэр псори мы тхыгъэм къыщыдмыгъэлъэгъуэфами, шэч хэмылъу, абыхэм я цIэхэр тхыдэм къыхэнащ, я лIыхъужьыгъэр уахътыншэщ, я гъащIэр щапхъэщ, я фэеплъыр щIэблэм яхъумэу лIэщIыгъуэкIэрэ зэпхрахынущ.
ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.