ЛЪЭХЪЭНЭ ГУАЩIЭМ ИЖЬ ЗЫЩIИХУА

Къалэ теплъэ зиIэ хъуа къуажэ кIыхьышхуэу ПсебайкIэ зэджэр Краснодар крайм ипщэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ и Мостовской районым итщ. ФIэщыгъэр, зэрынэрылъагъущи, къызытехъукIар адыгэбзэм хэт «псы», «бэ» псалъэхэрщ, къызэрыбгурыIуэ хъунури «псы куэду здэщыIэ лъахэ» жыхуиIэущ.

Зи гугъу тщIы жылэм и хэщIапIэщ Лабэ ЦIыкIу зи фIэщыгъэ псым Къырылъэ шытхыр «щызэпитхъым» ипщэкIэ къедза щIыпIэ зэлъыIухар. Лабэ ЦIыкIу абдежым щыхэлъэдэж псы къуэпсхэм язу мы зэманым урысхэм «Псебайкэ» зыхужаIэри зи гугъу тщIы фIэщыгъэм и благъэщ. Хъыбархэм къызэрыхэщыжымкIэ, иужьрейм ехьэлIауэ а щIыпIэм щыпсэуа адыгэхэм нэхъ къагъэсэбэпу щытар «Кхъужьыб» фIэщыгъэрщ, «кхъужькIэ бей къуакIэ» кърагъэкIыу.

Тхыдэтххэри щыхьэту

Тхыдэтх Щербинэ Фёдор «История Кубанского казачьего войска» и тхылъым зэрыщитхымкIэ, Урыс-Кавказ зауэр здекIуэкIым, 1856 гъэм пащтыхьыдзэхэм Кхъужьы́б (Псыбей) дэсахэр зэхэзехуэн ящIу, езы къуажэри зэтрагъэсхьа иужь, зэрыпхъуакIуэхэм а щIыпIэм быдапIэ щащIащ.

А гъэ дыдэм Лабэ и кIыхьагъкIэ бгым кIэщIыхьэу зыщызыгъэбыда урыс дзэлIхэм ипщэ лъэныкъуэмкIи зыхуэныкъуэу къалъытэ гъуэгухэри щыпхашырт, Шэдыкъуэ (Шедок), Псыбей быдапIэхэр щаухуэрт.  

А лъэхъэнэ гуащIэм зауэр иджыри имыухыпауэ, хэкурысхэм я унапIэ итIысхьахэм 1862 гъэм Псыбей быдапIэм «ирагъэблэгъащ» а щIыпIэр къэзызэуа сэлэтхэм Урысей пхащIэм къыщагъэна я унагъуэм исхэмрэ Новопокровскэ станицэм щыщ къэзакъхэм я Iыхьлыхэмрэ.

Къыхэгъэщыпхъэщ, урысхэм зи гугъу тщIы Псыбей къуажэщIэр а цIэ дыдэр зезыхьэу Лабэ ЦIыкIу къухьэпIэмкIэ къыщыхэлъадэ псы къуэпсым деж щаухуауэ зэрыщытари.

Ауэрэ, дэс щIагъуи щымыIэу, мащIэ-мащIэурэ зыкъэзыужьа жылэм, ин хъужауэ мы зэманым, Лабэ ЦIыкIу и Iуфэу сэмэгу лъэныкъуэмкIэ щыIэм километр 12-кIэ дехыу, тIуащIэ дахэшхуэм зыщиукъуэдиящ. Зыхиубыдэ районым и къуажащхьэ Мостовской ар зэрыпэжыжьэр километр 27-кIэщ.

Къалэ теплъэ зиIэ къуажэшхуэр псыр здежэхымкIэ нэхъ къыщыпэгъунэгъу Шэдыкъуэ (Шедок) километр 27-кIэ пыIудзащ. КъуэкIыпIэмкIэ (Лабэ цIыкIу узэпрыкIмэ) абы къыпэщысщ Андрюки (Мерэтыкъуэ Къасым зэритхымкIэ, Андрыгу) зыхужаIэ станицэр.

КуэдкIэ нэхъ хуэищхъэрэу Лабэ и ижьрабгъу лъэныкъуэмкIэ Iус Курганинск къалэм къикIыу Псыбей нэс кърашэлIауэ щыта гъущI гъуэгу къудамэу километр 95-рэ зи кIыхьагъыр нобэр къыздэсми мэлажьэ.

Iэхэлъахэм

Къалэ теплъэ зиIэ къуажэшхуэр здэщыс щIыпIэм къыщыщIедзэ Iэхэлъахэм и нэхъ дахапIэхэм. Къыпэгъунэгъу Къырылъэ шытхым ипщэ лъэныкъуэмкIэ гъэза и джабэ нэкIухэр апхуэдизу задэщи, языныкъуэхэр метрищэ зыбжанэ зи лъагагъ щыхупIэщ. ЩIыпIэрысхэр абыхэм зэреджэри телъыджэ къыпщохъу: «Амэт и щыхупIэ», «Щыхьым и епкIапIэ», «Джэрпэджэж шытх», нэгъуэщIхэри. Мыбдежым гъуэдыдж-гъуэжлаухэри бгъуэнщIагъхэри щыкуэдыщэщ. ЗэрыжаIэмкIэ, абыхэм яхэбгъуэтэнущ, зэрызэпыщIа и лъэныкъуэкIэ, километр зыбжанэ зи кIыхьагъхэри.

ЩIыпIаплъэхэр Псыбей ипщэкIэ къыщыс Никитинэ къуажэ цIыкIум икIыурэ, Лабэ ЦIыкIу и псыхъуащхьэхэмкIэ щыIэ псыкъелъэхэм макIуэ, бгыщхьэ тафэхэм йохьэ, Хуэдз псы бгъунжу мыпхуэдиз зи кIыхьагъыр зи къежьапIэ ТхьэщIы IуащхьэжьымкIэ екIуэкIыжхэри яхэтщ.

ХЬЭТЫКЪУЭ ЩауапцIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.03.2025 - 12:25

Гъуэзыпшэ вагъуэхэр

Къэрал куэдым къыщыдэкI Nature щIэныгъэ журналым иджыблагъэ къытехуащ США-м и Калифорние штатым щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зым щылажьэ астрономхэм ди Галактикэм (Шыхулъагъуэм) и кум алъандэрэ з

15.03.2025 - 09:03

1942 гъэм и гъэмахуэм

Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм хэту хэкIуэдахэм я фэеплъыр - сэшхуэкIэ танкхэмрэ топхэмрэ япэщIэува шууей псэемыблэжыр - Налшык къалэм зэ къыдыхьам и нэгум къыщIонэ.

15.03.2025 - 09:03

ЛIэщIыгъуэм щхьэдэхащ

Урысейм и Уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм гъатхэпэм и 12-м ягъэлъапIэ я махуэр.

14.03.2025 - 09:12

ПсэукIэр егъэфIэкIуэнымкIэ ухуэныгъэхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ухуэныгъэм, коммунальнэ инфраструктурэр къэгъэщIэрэщIэжыным, абы ипкъ иткIи «ПсэукIэр егъэфIэкIуэнымкIэ ухуэныгъэхэр» лъэпкъ проектыщIэр гъэзэщIэным теухуа зэIущIэ

14.03.2025 - 09:11

Псалъэмакъ щхьэпэ

КъБР-м и Парламентым и депутатхэр, «Къэрал сы­хьэтым» хыхьэу, яIущIащ Налшык къалэм предмет щхьэхуэхэр нэхъ куууэ щрагъэдж, Пушкин Александр и цIэр зезыхьэ курыт школ №5-м и 11-нэ классхэм щIэсхэм.