ЗэгурыIуэныгъэм, гуапагъэм, хабзэхэм яхуэгъэзауэ

КъБР-м и Правительст­-вэм къыщызэщIакъуэжащ республикэм Лъэпкъ Iуэху­хэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм 2022 гъэм зэфIигъэкIар. Абы хэтащ КъБР-м и Правитель­ствэм и УнафэщIым и ­къуэдзэ Хъубий Марат, ­КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэ Берд Хьэзрэталий, министерствэм и лэжьакIуэхэр, жылагъуэ, дин IуэхущIапIэхэм я лIы­кIуэхэр.

КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министр КIурашын Анзор жиIащ 2022 гъэм IуэхущIапIэм, муниципальнэ щIыналъэхэмрэ дин, жылагъуэ, щэнхабзэ зэгухьэныгъэхэм­-рэ и дэIэпыкъуэгъуу, лэжьыгъэ купщIафIэ куэд зэрызэ­фIигъэкIар. Псом хуэмыдэу абы­хэм я лэжьыгъэр зыхуэ­гъэ­зауэ щытар республикэм щыпсэу лъэпкъхэр зэгуры­Iуэу, зэрылъытэу зэдэгъэп­сэу­нырщ, дин зэхущы­ты­кIэхэр егъэфIэкIуэнырщ, щIа­лэгъуалэр хэкупсэу къэгъэхъунырщ. А Iуэхухэр къы­зэгъэпэщыным нэгъабэ ху­хахащ сом мелуан 19,5-рэ. КъищынэмыщIауэ, КIурашыным къыхигъэщащ хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэп­къэгъухэм министерствэр зэ­пымыууэ япыщIауэ зэры­щы­тыр, абыхэм защIэгъэкъуэ­ным гулъытэ хэха зэрыхуи­щIыр. Псалъэм папщIэ, 2022 гъэм къызэрагъэпэщащ ди лъэпкъэгъухэм я анэдэлъхубзэхэр егъэджынымкIэ онлайн-курсхэр. Апхуэдэуи хамэ къэрал къикIауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэхэр тыншу ди гъащIэм хэгъэзэгъэным хуэгъэза Iэмал псо­-ри IуэхущIапIэм къегъэсэ­-бэп. Ахэр къызэрагъэпэщ «КъБР-м жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэным теухуа­уэ», «Хамэ къэрал щыпсэууэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэ­кIуэжыну хуей ди лъэпкъэгъу­хэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъу­ным и IуэхукIэ» КъБР-м и къэрал программэхэмрэ ­УФ-м и къэрал цIыхубэ политикэр 2022 - 2025 гъэхэм Къэ­бэрдей-Балъкъэрым щыгъэ­зэщIэнымкIэ щыIэ Iэмалхэм япкъ иткIэ. 
IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм къулыкъу щыщIэным къыпэрыкIыжа офицерхэм я «Мегапир» лъэпкъ зэгу­хьэ­ныгъэм КъБР-м щиIэ къудамэм и унафэщI Аттаев Жашарбэч къыщыпсалъэм къыхигъэщащ, дуней псор мы ­зэманым зыхэт гъэунэхуныгъэхэм ухэплъэмэ, къалэн нэхъыщхьэу зыхуагъэувыжыпхъэр терроризмэмрэ экстремизмэмрэ зэрыпэщIэтын ­хуей Iуэхухэмрэ лъэпкъхэм я зэхуаку зэрыхьзэрий къы­дэ­мыгъэхъуэнымрэ зэрыарар. Абы теухуауэ КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерст­вэм лэ­жьы­гъэшхуэ зэрыригъэ­кIуэкI­ри жиIащ. «НКО-хэм цIыхухэм я псэукIэр егъэ­фIэ­кIуэным тещIыхьауэ ягъэ­хьэ­зыр проектхэр ягъэзэщIэным хухах ахъшэр мы гъэм хуэдэ 1,5-кIэ хэхъуащ. Апхуэдэуи министерствэм фIыщIэ хуэс­щIыну сыхуейт 2022 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и илъэси 100-р гъэлъэпIэным хуэдгъэхьэзыра «Равнение на героев Отечества» Iуэхур къызэдгъэпэщынымкIэ щIэгъэкъуэн къызэрытхуэхъуам щхьэкIэ. Апхуэдэ щапхъэхэр куэду къыпхуэхьынущ», - жиIащ Аттаевым. - Мыхьэнэ мынэхъ мащIэ иджыпсту зиIэр Украинэм щекIуэкI Iуэхухэм хэтхэм защIэгъэ­къуэнырщ. Мы зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрым и бюд­жетым къыхигъэкIар сом мелуан 300-м щIигъуащ абы­хэм яхуэгъэзауэ. Ауэ мыбдеж къыхэзгъэщынурат: мылъку­кIэ къэгъэнауэ, икъукIэ мы­хьэнэшхуэ зиIэщ гъэунэхупIэ щыIэ ди щIалэхэр зэрыдгъэгушхуэн Iуэхухэм елэжьынми. Ар жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ди пщэ зэрыдэлъыр зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым.
Налшык къалэм и щIыпIэ ­администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Хурэ Тимур, УФ-м ЮстицэмкIэ и министерст­вэм и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм и зы ­къудамэм и унафэщI Гиля­ховэ Каринэ, Къэбэрдей-­Балъкъэр Республикэм ис мус­лъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщI Дзасэжь Хьэзрэталий, Налшык ок­ругым и члисэхэм я благо­чиннэ Бобылёв Валентин, Дуней­псо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэу­тий сымэ.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ  Министерствэм и лэжьыгъэм арэзы зэрытехъуэр къызэ­хуэсахэм къыхагъэщащ, ап­хуэдэуи 2023 гъэм зэ­лэ­жьы­нухэмрэ я мурадхэмрэ аб­-деж щагъэбелджылащ. Абы­хэм ящыщу къагъэлъэгъуащ мылъку къэлэжьыным те­мыщIыхьа IуэхущIапIэхэм жы­лагъуэм дежкIэ мыхьэнэ зиIэ я проектхэр къызэрагъэпэщын папщIэ зэры­зы­щIагъакъуэ Iэмалхэм зрагъэгъэужьынур. Къищы­нэмы­щIауэ, УФ-м и Президентым «Урысейм лъэпкъ хабзэхэр щыхъумэнымрэ егъэ­фIэ­кIуэнымкIэ къэрал политикэм и лъабжьэм теухуауэ» и Унафэм къыщыгъэлъэгъуа къалэнхэми гулъытэ хэха ­хуащIынущ.
Хъубий Марат къыхигъэщащ лъэпкъ, дин зэхущы­тыкIэхэм зегъэужьын и лъэ­ныкъуэкIэ министерствэм ­къалэнышхуэ зэригъэзащIэр, абы иригъэкIуэкI Iуэху­хэр зэгурыIуэныгъэм, гуапагъэм, лъэпкъ хабзэхэмрэ щэн­хабзэмрэ хъумэным зэрыхуэгъэзар.

БАГЪЭТЫР  Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ

22.04.2024 - 09:38

Адэжь щIыналъэм щохьэщIэ

Тыркум щылажьэ Кавказ Хасэхэм я федерацэм и уна­фэщIымрэ абы хэтхэмрэ мы махуэхэм Урысей Федерацэм адыгэхэр зэрыс и хэгъэгухэм щохьэщIэ, Адыгэ Хасэхэм цIыхухэм щахуозэ, республикэ унафэщIхэм йопсал