Япэу Налшык щагъэлъагъуэ

Мэстафэ Тинэ и «Тембот» фильмыр Налшык и «Дея» киногъэлъэгъуа­пIэм япэу утыку къыщрахьащ. Ар гъэмахуэ кIуам щIэ­упщIэшхуэ иIэу Ивановэ щагъэлъэ­гъуащ Тар­ковс­кий Андрей и цIэр зезыхьэ «Зеркало» дунейпсо фестивалымрэ Вологдэ щекIуэкIа Voices кинофестивалымрэ. Санкт-Петербург дэсхэр ­абы ­щеп­лъащ «Аврора» кино­театрым. Иджы лэжьыгъэр къэралым и къалэ куэдым  я кинотеатрхэм щагъэлъа­гъуэ. КъыжыIап­хъэщ, «Тембот» фильмыр «Региональное кино Рос­сии» урысей­псо зэпеуэм зэрыщыте­кIуар. 

Фильмым гъуджэм ­хуэ­дэу къыщыгъэлъэгъуэжащ иджырей щIалэгъуа­лэм я псэукIэр, адэ-анэмрэ бы­ным­рэ яку дэлъ зэхущы­тыкIэхэр. Тембот и хъуэпсапIэр - адэ-анэм, ныбжьэ­гъум я гулъы­тэщ, абыхэм ягу дыхьэнырщ. Курыт еджапIэр къэзыуха, илъэс 16 хъу ныбжьыщIэм еджапIэ нэхъыщхьэм адэкIэ и щIэныгъэм щыпищэну пIащIэркъым. Тембот махуэм - щIакхъуэ щагъажьэ цехым, жэщым - хъумакIуэу мэ­ла­жьэ. Хьэрычэт Iуэху къызэ­Iуахын я мураду, и ныбжьэ­гъумрэ абырэ ахъшэ щIы­-хуэ къащтэ, ауэ и лэжьэгъу щIалэм ахъшэр зыIэрегъэхьэри «зегъэкIуэдыж». ЩIыхуэр щи­мытыжым, къы­зыIихам ар еубэрэжь. И анэм ар зэм псалъэкIэ, зэм нэщхъкIэ, зэм IуэхукIэ егъэ­шынэ. И адэм ар иджыри сабийуэ къигъанэу зэре­жьэжар, анэм и закъуэ зэ­рипIар лъэужьыншэу кIуэдакъым. Анэм абы лъагъу­мыхъуныгъэ хуиIэу къэ­хъуащ, и адэм и фэ ирип­лъырти. НыбжьыщIэр балигъым и псалъэ, чэнджэщэгъу щыхуэныкъуэ зэманым псоми я щIыб къы­хуагъэзащ. Зэпымыууэ телефонкIэ еп­сэлъэну ху­щIэкъу щхьэкIэ, и адэм зэи къытрихыркъым… ГъащIэм щемыхъулIэ, зэпы­мыууэ мыхъумыщIагъэ къы­зы­щыщI, зи адэ-анэр къы­зыдэмыIэпыкъу, ныб­жьэгъу­хэр къызэпцIыжа Тембот шы­Iэныгъэ ин, пщIэ, нэмыс дыболъагъу. Абы ­мурад ещI Налшык къи­гъанэу, Дагъыс­тэным лэ­жьакIуэ кIуэуэ гъащIэм и увыпIэ къыщигъуэ­тыжыну.
Режиссёрхэм я лэжьыгъэ куэдрэ зытраухуэщ мы филь­мым лъабжьэ хуэ­хъуар. Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу щIалэгъуалэр зыгъэгузавэ Iуэху зэIумыбз­-хэр лэжьыгъэм Iуданэ плъыжькIэ пхышащ. Курыт еджапIэ е еджапIэ нэхъыщхьэ къэзыуха щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ фIы­уэ къагуроIуэ респуб­ликэми гъунэгъу щIы­на­лъэхэми улахуэфI къы­щыпхь лэ­жьапIэ зэрыщу­мыгъуэтынур. Зэрыхабзэщи, щIалэгъуалэр Москва е Санкт-Петербург лэжьапIэ макIуэ. 
- Си щыуагъэхэм хуэдэ си студентхэм зэраIэщIэкIым гу лъызотэр. Ауэ, сэ си щыуа­гъэхэр сощIэжри, абы­хэм къы­зэры­трамы­гъэ­зэжыным теухуа чэнджэщ­хэр язот, - жеIэ «Тембот» фильмым и ­художественнэ унафэщI Сокуров Алек­сандр. - Езыгъэджахэм ­нэхъыфI ди гъэсэнхэр ­хъумэщ ди къалэныр дгъэ­зэщIауэ къыщытлъытэнур!
ЛIыхъужь нэхъыщхьэм (Тембот) и ролыр игъэзэ­щIащ Налшык щыщ Таумурзаев Марат. Абы и анэу джэгур ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и ­артисткэ Мысостышхуэ Маринэщ. 
- Тембот и ролыр зыгъэ­зэщIэнум куэдрэ сылъы­хъуащ. Ауэ юрист IэщIагъэм хуеджэ икIи есэпымкIэ егъэджакIуэ Марат кином и зэ­фIэкI щеплъыжыну зыкъы­щысхуигъазэм, сценарийм къемыджэ щIыкIэ къызгу­ры­Iуат ар а ролым зэрыпэлъэ­щынур, - жеIэ Тинэ. - Лэжьыгъэм и сценарийр хэ къистхыкIыжащ. Курыт еджапIэр къэзыуха щIалэгъуалэр адэ-анэм я нэIэм щIагъэтщ. Псалъэм папщIэ, зыхуеджэну IэщIагъэр къыхрагъэхыркъым. Щыуагъэ яIэщIэкIми, абы­хэм хуитыныгъэ етыныр сфIэзахуэщ. Аращ си филь­мымкIэ жысIэну сызыхуей­-ри. Пэжщ, ди нэхъыжьхэм       я жыIэ дыфIэмыкIыну дагъэсащ, ауэ языныкъуэхэм деж зыдужьынымкIэ, ди хъуэп­сапIэхэм далъэIэ­сы­нымкIэ ахэр зэран щы­хуэхъу щыIэщ. Ар щызгъэ­хьэзырым сыхущIэкъуащ си егъэджакIуэм и хъэтIым сы­къызэрыте­кIы­ным. Къы­кIэ­лъыкIуэ си ­фильмыр ко­медие жанрым тезухуэнущ. 
Фильмым щIэлъщ Лагутэ Виталийрэ Зимарев Роман­-рэ я уэрэдхэр. Лэжьыгъэр къыдагъэкIащ «Пример интонации» мыкоммерцэ фон­дымрэ «Ленфильм» киностудиемрэ я мылъкукIэ. 

ТЕКIУЖЬ  Заретэ. 
Сурэтыр  КЪАРЕЙ Элинэ трихащ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.