КАВКАЗЫР ТЕНДЖЫЗ ЛЪАБЖЬЭУ ЩЫТАЩ

Курыт еджапIэ щIэс дэтхэнэ зы ныбжьыщIэми къыбжиIэнущ ЩIым тенджызиплI зэриIэр. Кавказым ахэр фIыуэ пэжыжьэщ. Ауэ куэдым ящIэркъым Кавказыр езыр пасэрей зэман жыжьэм тенджыз лъабжьэу зэрыщытар.

Ди щIыналъэр къапщтэмэ, псыхъуэхэм пасэрей псы псэущхьэхэр зыхэжыхьа мывэ гъэщIэгъуэнхэм уащрохьэлIэ. Псалъэм папщIэ, мэл бжьакъуэм хуэдэу шыхьа аммонитхэр, шэ папцIэм ещхь белемнитхэр, къинэмыщIхэри. Апхуэдэщ Европэмрэ Азиемрэ зэрыщыту. Ахэр къыздикIам и жэуап къалъыхъуэу, еджагъэшхуэхэм къэхутэныгъэ куэд ирагъэкIуэкIащ. ИкIэм-икIэжым, псори арэзы зэдытехъуащ илъэс мелардкIэ узэIэбэкIыжмэ, пасэрей континентхэу Гондванэрэ Лавразиемрэ я зэхуакум Тетис зыфIаща тенджыз абрагъуэ дэтауэ. А зэманым континентхэр кIэщI-кIэщIурэ хъейт, «къакIухьти», Тетисри и пIэ иттэкъым. Ауэрэ, хы зыбжанэу зэкIэщIэжащ.
Тенджызым зихъуэжыху къызэщIиубыдэ щIыпIэм теухуауэ цIэ зэхуэмыдэхэр фIащащ щIэныгъэлIхэм:
 Прототетис - илъэс мелуан 850-рэ ипэкIэ щыIа тенджыз;
 Палеотетис - илъэс мелуан 320-260-рэ ипэкIэ щыIар;
 Мезотетис - илъэс мелуан 200-66,5-рэ ипэкIэ къэунэхуар;
 Неотетис - илъэс мелуан 66-14 ипэкIэ щыIар;
 Сармат хы - илъэс мелуан 13-10-м ипэкIэ къэунэхуар.
 Сармат хым Кърымымрэ Кавказымрэ къызэщIиубыдэу щытащ икIи, Дунейпсо тенджызым къыхэщхьэхукIри, нобэрей Средиземнэ, Каспийскэ, хы ФIыцIэ жиIэу зэкIэщIэжащ. Сармат хыр апхуэдэ щIыкIэу зэпыуда щIэхъуам и щхьэусыгъуэу къалъытэр Кавказ къуршхэр къызэрыдэкIуеяращ.
 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.11.2025 - 15:02

Дэфтэр нэхъыщхьэм хоплъэ

КъБР-м и Парламентым и комитетхэм я зэIущIэхэм депутатхэмрэ республикэм и министерствэхэм я лIыкIуэхэмрэ зэгъусэу щытеп­сэлъыхьащ «КъБР-м и бюджетыр 2026 гъэм, 2027 - 2028 гъэхэм ятещIыхьауэ» щIына

15.11.2025 - 09:03

ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр

Прохладнэ щIыналъэм и Къэрэгъэш къуажэм Хэку зауэшхуэм текIуэныгъэ къыщызыхьахэм я цIэкIэ щыIэ уэрамыр, зы километрым щIигъу зи кIыхьагъыр, зэрагъэпэщыж мы махуэхэм.

15.11.2025 - 09:03

Экономикэмрэ зыужьыныгъэмрэ

2025 гъэм и мазибгъум Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэ IэнатIэ нэхъыщхьэхэм хэхъуэфIхэр къагъэлъэ­гъуащ, щыжаIащ КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм.

14.11.2025 - 09:03

Уи щIыналъэм лъабжьэр хэкIэм, Уэ жылапхъи ухъужынщ…

КIыщокъуэ Алим и усэ сатырхэм къагъэнаIуэу къытщохъу мы тхыгъэм щIэлъ гупсысэри. Адыгэхэм я тхыдэр зыми ейм хыумыгъэ­гъуэщэну къулейщ.

13.11.2025 - 09:03

Дерс щхьэпэхэр ирагъэкIуэкI

ДэнэкIи хуэдэу, ди республикэм и курыт школхэм мы зэманым щокIуэкI гъуэгу хабзэхэр гъэзэщIэным, лъэс­ры­зекIуэм и шынагъуэншагъэр ­хъу-