ЛЪЭПКЪЫУ ЗЫПЛЪАГЪУЖМЭ, КЪЭКIУЭН УИIЭЩ

«Си уэрэдыр чуваш лъэпкъым къыхузош…» – аращ иджыблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэрым Вэрокъуэ Владимир и цIэр зэрихьэу щыIэ ЩэнхабзэмкIэ фондым щекIуэкIа литературэ пшыхьым зэреджэр. Ди щIыналъэм и щIыдэлъху лъэпкъитIым къахэкIа ныбжьыщIэхэр зыхэта а Iуэхугъуэ дахэр жылагъуэхэм я зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэм и щапхъэ дахэт, гугъапIэхэм я шэсыпIэт.

«Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэр щыгъуазэ зэрыхуэхъуащи, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Чувашиемрэ я жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ щэнхабзэ лэжьакIуэхэмрэ зыбжанэ лъандэрэ зэдолажьэ, зэкIэлъокIуэ, зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным къыдэкIуэу, щIэныгъэ, егъэджэныгъэ, щэнхабзэ я лъэныкъуэкIэ я зэхуаку дэлъ зэпыщIэныгъэхэм зегъэубгъуным толажьэ. Абы и щыхьэтщ дызытехьа илъэсыщIэм и пэщIэдзэхэм къызэрагъэпэща «Чувашиемрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я зэныбжьэгъугъэ хасэ» зыфIаща жылагъуэ зэгухьэныгъэщIэри.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым абы и къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщ, «Нарсли» чуваш зэгухьэныгъэм хэт Мизинэ Ларисэ къызэрыхигъэщамкIэ, 2023 гъэм зызыужь лъэпкъ зэпыщIэныгъэхэм я дежкIэ мыхьэнэ иIэщ. «Ди япэ литературэ зэIущIэр зи ныбжь дахэ зыгъэлъапIэ чуваш усакIуэхэмрэ тхакIуэхэмрэ ятедухуащ. Чувашием щыщ усакIуэхэмрэ тхакIуэхэмрэ я тхыгъэхэр мызэ-мытIэу адыгэбзэрэ балъкъэрыбзэкIэ зэрадзэкIащ, журналхэм къытрырагъэдзауэ щытащ. Абы лъандэрэ илъэс Iэджэ дэкIыжами, литературэ зэпыщIэныгъэхэр хэпщIыкIыу нэхъ кIащхъэ хъуами, ныбжьэгъуэгъэр зыщIыпIи кIуакъым, дыщызэхыхьэм дызэхуэгуапэщ, дыщызэIущIэм дызэхуэщыпкъэщ. Ди нэхъыжьхэм зэгуэр къыхалъхьэгъауэ щыта жэрдэмхэри къэгъэщIэрэщIэжын хуейщ. Ар Iэмалыншэщ, нэгъуэщI зыри хэмылъми, Чувашием Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ куэд зэрыщыпсэум, ди щIыналъэри чувашхэм ящыщ Iэджэм я псэупIэу зэрыщытым и хьэтыркIэ», - жиIащ Мизинэ Ларисэ.
Абы и гугъу ищIащ зи гуащIэр лъэпкъ литературэм и зыужьыныгъэм езыхьэлIа чуваш усакIуэхэмрэ тхакIуэхэмрэ я гъащIэ гъуэгум, тепсэлъыхьащ Чуваш ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм литературэ щIэиныр хъумэным, тхылъу къыдэгъэкIыным ехьэлIауэ иригъэкIуэкI лэжьыгъэм.
Пшыхьыр ягъэдэхащ Сабий зэчиифIэхэм я «ДыгъафIэ къалэм» и гъэсэн цIыкIухэм. Чуваш усакIуэхэм я усэхэр зэзыгъэщIа сабийхэм яхузэфIэкIащ лъэпкъым и гуращэр, и хъуэпсапIэхэр, и гурыгъузхэр къызытещ гурыщIэхэр къагъэлъэгъуэн, псэуэ халъхьамкIэ нэхъыжьхэм я гузыхэщIэхэр къедаIуэхэм я деж нахьэсын. ЦIыкIухэм зрагъэщIа усэхэм къыхэщырт чуваш лъэпкъым и тхыдэр, и щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэр, и дуней лъагъукIэр. ИкIи, шэч зы хэмылъыр аращи, дэтхэнэ зы усэри, дэтхэнэ зы тхыгъэ пычыгъуэри фIыуэ пэджэжырт адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ къакIуа тхыдэ гъуэгуанэм, абыхэм я гурыгъу-гурыщIэхэм. Зы лъэпкъи щыIэу къыщIэкIынкъым фIым хуэмыусэ, дахагъэм уэрэд хузэхэзымылъхьэ. ЦIыхугъэм и пкъощIэсэ щэнхабзэ фIыгъуэхэр къызэрагъэпсалъэ бзэхэр зэщхьэщыкIми, къызэраIуатэ гурыщIэхэр хэт и дежкIи зэхэщIыкIыгъуэщ. Абы и щыхьэт нахуэт чуваш усакIуэхэмрэ тхакIуэхэмрэ я тхыгъэхэм къеджэ сабийхэм я къеджэкIэри.
Апхуэдэу пшыхьым къеблэгъащ, гуащIафIэуи хэлэжьащ Налшык къалэ дэт библиотекэхэм я лэжьакIуэхэри. Абыхэм яхузэфIэкIащ Чувашиер уи нэгу къыщIэзыгъэувэ, къалэмыр зи Iэщэ цIыху пэрытхэм я лэжьыгъэр наIуэ къэзыщI тхылъ гъэлъэгъуэныгъэр. Дэтхэнэ и зы пкъыгъуэми щIыналъэ жыжьэм и макъыр Къэбэрдей-Балъкъэрым къэзыхьэс пшыналъэт. Удэзыхьэх, плъагъум нэхърэ нэхъыбэ къэпщIэну ущIэзыгъэхъуэпс теплъэгъуэт ар.
«Нарсли» лъэпкъ зэгухьэныгъэм и лэжьакIуэхэр гуапэу икIи гукъинэжу тепсэлъыхьащ щIыналъитIыр зэрипхыу къызэрагъэпэща жылагъуэ зэгухьэныгъэм. «ЛэжьыгъэкIэ дыкъакIуэу псэупIэ тхуэхъужа Къэбэрдей-Балъкъэрым гурэ псэкIэ пыщIа дыхъуащ, ар нэгъуэщIкIэ зэрытхъужыни щыIэкъым. Апхуэдэу щыт пэтми, адэжь хэку диIэщ – Чувашиери зыпэтщI щыIэкъым. Ар ди нэхъыжьхэм я фэеплъ лъахэщ, ди щэнхабзэм и къигъэхъуапIэщ, ди щыIэныгъэм и псэщ. ЛъэныкъуитIми ди цIыхухэр зэрыщыпсэур къэплъытэмэ, ди нэхъыжьхэм къыхалъхьа жэрдэмыр цIыхугъэмрэ дахагъэмрэ хуэгъэпса, щыIэныгъэм дыхэмышыпсыхьыжу дызэрыщыIэм щыхьэт техъуэ зы гукъэкIыу къытщохъу. ЛъэпкъитIым я цIыхубэ усакIуитIым – Тургай Валерэрэ Беппаев МутIалипрэ – я жэрдэмыр адэкIэ зэрыкIуэтэнур къэзыгъэлъагъуэ мы гупыжым и къарур мы пшыхьым нэхъри лъэщ ищIыну къытщохъу. Псалъэм нэхъ IэщэфI щыIэкъым – абы узэкъуегъэувэ. УсакIуэпсэм хуэдэу хэт зыхищIэн мамырыгъэмрэ гъащIэмрэ я купщIэр? Дэри усакIуэпсэхэм къагъэщIа псалъэ зэгъэпэщакIэ дунеитIыр зэдопх, къытщохъу мы зэхуэсым хэтхэм абы и хуабэр дэтхэнэми къыфлъэIэсу. Мыпхуэдэ зэхуэсхэр ди зэныбжьэгъугъэм и шэсыпIэщ», – жиIащ Мизинэ Ларисэ.
«Нарсли» чуваш зэгухьэныгъэм и лэжьакIуэхэр еши щхьэхи зымыщIэ защIэщ. Я лъэпкъ Iуэхухэм жыджэру зэрыхэтым къищынэмыщIауэ, ахэр адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я махуэщIхэм жану хохьэ, абыхэм я утыкухэм я зэфIэкIхэр щагъэлъагъуэу, пщIэ зэрыхуащIыр нахуэ щащIу. Лъэпкъыу зыплъагъужмэ, къэкIуэн уиIэщ. ЗымащIэкIи шэч къытесхьэркъым, дэнэ щымыIэми, чувашхэм зэрызахъумэжынур, абы и лъэныкъуэкIэ щапхъэ зытепх хъун гъэщIэгъуэн куэди къазэрыпкърыпхыфынум. Мы пшыхьри абы и щыхьэт дахэщ. Си щхьэкIэ сахуэарэзыщ, ефIэкIуэну си гуапэщ», – жиIащ Щэнхабзэ фондым и гуащэ Мэкъуауэ Люазэ. Абы пшыхьым хэта ныбжьыщIэхэм фIыщIэ тхылъхэр яритащ, усэ тхылъхэр тыгъэ яхуищIащ.
ЦIыхубэр гугъэм зэщIиIыгъэу, дахагъэр я гъуазэу дунейм тетщ. А дахагъэри къэзыгъэщI щэнхабзэм и хъуаскIэр дэтхэнэ зы цIыхуми лъэгъэIэсыныр ар зи Iэ илъым и хьэкъщ. «Нарсли» лъэпкъ зэгухьэныгъэм и жэрдэмыр абы и лъэныкъуэкIэ къызэрымыкIуэу Iуэхугъуэ дахэщ, гупсысэ узыншэхэм ухуэзыгъэуш гукъэкIщ.
 

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.