«Псори ТекIуэныгъэм папщIэ!»

Ар зи фIэщыгъэ псапащIэ телемарафон ­КъБР-м и Музыкэ театрым дыгъуасэ сыхьэт 14-м къыщыщIэдзауэ сыхьэт 18 пщIондэ щекIуэкIащ. Хэкум и хъумакIуэм и махуэм и пэ къихуэу, Iуэхур къэралым и щIыналъэ псоми къыщызэригъэпэщащ Урысейпсо цIыхубэ фронтым, зауэ Iуэху хэхам щыIэ щIалэхэм зэрадэIэпыкъуну ахъшэ зэхалъхьэн папщIэ.

КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин зэхыхьэр къыщызэIуихым, кърихьэлIахэм ягу къигъэкIыжащ илъэс ипэкIэ дзэ ­операцэр ирагъэжьауэ зэрыщытар икIи абы цIыху мин бжыгъэхэр зэрыхэтыр. 
- Зы хэкущ диIэри, Урысейм папщIэ дызэкъуэвгъэуви, ди щIалэхэм дадэвгъэIэпыкъу! - жиIащ министрым.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъуро­къуэ Хьэутий жиIащ республикэм икIауэ лIыгъэрэ хахуагъэрэ къэзыгъэлъагъуэ щIалэхэм яхуэтщI гулъытэм, абыхэм дазэрыдэIэпыкъум мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
- Хэку зауэшхуэ нэужьым къэхъуахэм цIыху ­гъащIэм, хэщIыныгъэм я уасэр зыхыдощIэ. Урысейм дунейр фашизмэм къригъэлащ, Европэм щыпсэухэм ар ящыгъупщэжами, - жиIащ Сэхъурокъуэм.
Телемарафоным хыхьэу республикэм и артист цIэрыIуэхэм концерт гукъинэж ятащ. Псапэ Iуэхум зыкърезыгъэхьэлIахэр QR-код хэхамкIэ абы хэтащ. Къыщыхаха ахъшэмкIэ Хэкум и ­хъумакIуэм и махуэм ирихьэлIэу саугъэтхэр ­хуащIынущ Донецк, Луганск цIыхубэ республикэхэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэм щыIэ щIалэхэм. Апхуэдэхэщ зыхуеину автомобилхэр, квадрокоптерхэр, Iэщэхэр, хущхъуэгъуэхэр, фэилъхьэ­гъуэхэр, вакъэ хуабэхэр. Нобэ ирихьэлIэу а Iуэхум хыхьэу къэралым щызэхуахьэсащ сом мелардитхум нэблагъэ.
Марафоныр «Къэбэрдей-Балъкъэр» ВТК-мрэ («1 КъБР»), Къэбэрдей-Балъкъэр радиомрэ эфир занщIэхэмкIэ къатащ. СыхьэтиплIым ­къриубыдэу екIуэкIа Iуэхум жыджэру хэтащ республикэм и IуэхущIапIэхэм щыщхэр, волонтёрхэр, артистхэр. 

ТЕКIУЖЬ  Заретэ.
Сурэтхэр  Къарей  Элинэ  трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.04.2024 - 12:35

ХЬЭЦIЫКIУ БАШИР И ЗЭФIЭКI

Ди республикэми гъунэгъу щIыналъэхэми къыщацIыху уэрэджыIакIуэ щIалэщ ХьэцIыкIу Башир.

16.04.2024 - 08:21

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭР ЯПЭ ИРАГЪЭЩУ

Налшык къалэм дэт «Каисса» шахмат центрым иджыблагъэ республикэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. КъызэрыгуэкI шахмат джэгукIэмкIэ абы щызэпеуащ зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм, дзэ Iуэху хэхахэм хэтахэр.

16.04.2024 - 08:19

КIЫЩ АСЛЪЭНБЭЧ И ДЫЩЭХЭМ КЪЫХЕГЪАХЪУЭ

Мэлыжьыхьым и 9 - 10-хэм Орёл къалэм щекIуэкIащ тэмэму зэхэзмыххэм я деж пашэныгъэр алыдж-урым бэнэкIэмкIэ къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.04.2024 - 08:18

СОЧЭ КЪАЩЫПОПЛЪЭ

«Белая Ладья» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ курыт еджапIэхэм я командэхэм шахматымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ зэIуха.

16.04.2024 - 08:18

КЪЫЩIАГЪЭКIЫМ И КУЭДАГЪЫМ ХОХЪУЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ -мазаем къриубыдэу республикэм къыщыщIагъэкIа IэфIыкIэхэкIхэм я куэдагъым процент 24-кIэ, н