КЪУРШХЭМ Я УЭРЭДУС

Дызэрыт илъэсым Дагъыстэнми Урысей псоми Iэтауэ щагъэлъэпIэнущ авар усакIуэшхуэ Гамзатов Расул къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъур.
Дагъыстэным хыхьэ Цада къуажэм I923 гъэм дунейм къыщытехьащ Гамзатов Расул. ЩIалэм IэщIагъэкIи гъэсэныгъэкIи япэ ущиякIуэ хуэхъуар езым и адэрщ. Усэхэри шыпсэхэри зэхилъхьэу щытащ Гамзат Цадасэ, Пушкин и таурыхъхэр аварыбзэкIэ зэридзэкIырт. Расул унагъуэм щыщIалэ ещанэт.
1939 гъэм Гамзатовым ПедагогикэмкIэ авар училищэр къиухри, и къуажэм егъэджакIуэу игъэзэжащ. Школым куэдрэ зыщимыгъэгувэу, щIалэм лэжьэн щыщIедзэ Авар театрым. Режиссёрым и дэIэпыкъуэгъуу ягъэува Расул игъэзащIэр суфлёр къалэнт: артистхэм ящыгъупщэжа псалъэхэр щэхуу яжриIэрт. Театрым и гъусэу Дагъыстэныр зригъэлъэгъуащ щIалэщIэм. Бгырыс къуажэхэм кIуэху, езым зэхилъхьэ усэхэм къахуеджэрт.
Зауэ зэманым Гамзатовым и IэдакъэщIэкIхэр «Бгырыс большевик» газетым къытрадзэу щытащ. Ар тетхыхьырт сэлэтхэм я лIыгъэм, Дагъыстэным щыщ лIыхъужьхэм. I942 гъэм щегъэжьауэ усакIуэ щIалэр радиом щолажьэ. И япэ усэхэр къызэрытридзэр «Цадасэ» унэцIэм щIэтут, иужькIэ «Гамзатов»-р псевдониму къищтащ. ТIури и адэм и цIэ-унэцIэт.
Расул и япэ усэ тхылъыр дунейм къыщытехьар I943 гъэрщ, езыр илъэс 20 фIэкIа мыхъуауэ. «Лъагъуныгъэ гуащIэрэ гужьгъэжь бзаджэрэ» - арат щIалэм фIищар и анэдэлъхубзэкIэ тридза тхылъым. Абы нэхъыбэу ихуар зауэм теухуа усэхэрщ.
I945 гъэм Гамзатов Расул Мэзкуу дэт литературэ институтым щIотIысхьэ. УсакIуэм иужькIэ зыкъиумысащ еджапIэм нэхърэ езы щыхьэрым нэхъ итхьэкъуу зэрыщытамкIэ. Институтым еджэн щыщIидза нэужь, Гамзатовым литературэм хуиIэ еплъыкIэр ихъуэжащ, ар нэхъ зыхищIащ, тхыдэми щэнхабзэми щыгъуазэ зищIащ.
Институтым егъэджакIуэфIхэр щиIащ Гамзатовым. Анокольский Павел усакIуэт икIи зэдзэкIакIуэт. Радциг Сергей, Поспелов Геннадий сымэ литературовед Iэзэт. Еджэгъуэ илъэсхэрщ Гамзатовым щызригъэцIыхуар иужькIэ и усэхэр урысыбзэм изыгъэзэгъа Гребнев Наум, Козловский Яков сымэ. УсакIуэм усэм хэт псалъэхэм къарыкI дыдэр итхырти, подстрочник яхуищIырт. Мобыхэм ар зэрадзэкIыжырт. I949 гъэм Мэзкуу къыщыдэкIащ Гамзатовым и етIуанэ усэ тхылъыр: «Къуршхэм я уэрэдхэр». Абдежым къыщыщIэдзауэ и пщIэр зэи ехуэхакъым.
Гамзатовым фIыуэ ицIыхуу щытащ адыгэ усакIуэ КIуащ БетIал. Ар дунейм щехыжам, щыгъуэ усэ хуигъэфэщауэ щытащ. Нобэ къыубжэкIыну ухуежьэми, усакIуэм и тхылъхэм щIэх я лъащIэм ущIэплъэнукъым. Ауэ псом нэхърэ нэхъ цIэрыIуэ хъуагъэнщ «Си Дагъыстэн» зыфIища прозэ тхылъыр.
«Сэ зызэрысщIэжрэ солажьэ, - щыжеIэ абы усакIуэм. – СыщышхэкIи, театрым сыщыщIэсым дежи, собранэхэм сыхэтми, щакIуэ сыщыкIуэкIи, дыуэщIым сыдэту шей сыщеIубкIи, машинэм сису сыщыжэкIи, нысашэм сыщыхэтым дежи. Сыщыжейм деж нэгъунэ усэ сатырхэр къысхуокIуэ, теплъэгъуэхэр си нэгу къыщIоувэ, зыгуэрхэр къызогупсыс. Аращи, пщIыхьэпIэм сыхэтми, си лэжьэгъуэ махуэр йокIуэкI».
Ди щIэджыкIакIуэхэм ягу ирихьыну къытфIощI Гамзатовым и «Зыумысыжыныгъэр», Бемырзэ Мухьэдин Iэзэу адыгэбзэкIэ зэридзэкIар.
      Зыумысыжыныгъэ
Мы дунейм щыуиIэу псэлъыхъу мин
Уи жэуапым ежьэу щытмэ зэкIэ,
Зэм цIыкIу сыхъуу, зэми сыхъуу ин,
Ахэм садэщIыгъущ РасулкIэ зэджэр.
Е щIалищэм я гур пщIауэ гъэр
КъыпщIатыну хуэхьэзырмэ псэри,
Зи лъэр япхми, зи нэхэр пхуэпхъэр
А щIалищэм саригъусэщ сэри.
Е къыдэпхьэхауэ уэ щIалипщI
Къыбдахьыну хъуапсэмэ я гъащIэр,
Гухэлъ мафIэм бжьыну зигу илыпщI –
А лIы гупми сэ сахэтщ, зэгъащIэ.
Е зы щIалэ закъуэ мы дунейм
Тету щытмэ уэ къыпхуэгуIэжу,
ЩIыхэлъын щымыIэ упщIэ лей –
Ар сэращ, сыпсэууэ сыщыIэжмэ.
Ауэ пхуимыщIыжу зым гухэлъ
Игъэшамэ гуауэм уи пкъы задэр –
Мывэ дзакIэ хьэлъэхэм яхэлъщ
ЩIалъхьэжауэ щIым Расул Гамзатов.

Чэрим Марианнэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.