ЩIЫХУЭХЭМ ФАХУЭСАКЪ

Мазаем и I4-м дуней псом щагъэлъэпIащ Интернет шынагъуэншагъэм и махуэр. Абы теухуат Урысей ФССП-м и Управленэу КъБР-м щыIэм щекIуэкIа зэIущIэр.

- ХъыбарегъащIэ технологиещIэхэм я лIэщIыгъуэм цIыхухэм я нэхъыбэм я упщIэхэм жэуапыр онлайн щIыкIэкIэ къалъыхъуэ, икIи гулъытэ хуэщIыпхъэщ абыхэм шынагъуэ зыпымылъхэр къагъэсэбэпыным. Ди гъащIэм къыхыхьа а IэмалыщIэхэм я мыхьэнэр зыхуэдизым куэдыр щыгъуазэщ. Нобэ зи гугъу тщIынур ахэр суд приставхэм щIэгъэкъуэн зэрахуэхъурщ, - жиIащ зэIущIэр къыщызэIуихым Урысейм и суд приставхэм я федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и къуэдзэ, къэрал кIуэцI къулыкъум и капитан Литовкэ Наталье.

ЩIыхуэ зытелъхэмрэ ар зратыжын хуейхэмрэ куэдрэ йохуэ ятеухуауэ къаIэта Iуэхур зэрыкIуатэр зрагъэщIэным епха щытыкIэ, лъэIу тхылъхэр ятхынумэ е зыгуэрхэм зыхуагъэзэнумэ. Абы и лъэныкъуэкIэ илъэс зыбжанэ хъуауэ къадоIэпыкъу ХъыбархэмкIэ банкыр е Бжыгъэр зи лъабжьэ гъэзэщIапхъэ производствэ жыхуэтIэр.

- Япэ сервисыр щолажьэ ФССП-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и официальнэ сайтым. Ар къигъэсэбэпмэ, дэтхэнэми тыншу къищIэфынущ щIыхуэу телъыр зыхуэдизыр, хагъэзыхьу ар ирагъэпшыныжыным Iуэхур нэмысу и къалэнри игъэзэщIэфынущ. И унэцIэр, и цIэр, и адэцIэр е зыщыщ IуэхущIапIэр къигъэнаIуэмэ, сервисым къигъэлъэгъуэнущ а цIыхум ехьэлIауэ гъэзэщIапхъэ унафэ щыIэмэ. Абы къыдэкIуэу щIыхуэр пшыныжа зэрыхъунум ехьэлIауэ суд приставхэм япищIэнущ.

         ЕтIуанэ ресурсыр Къэрал Iуэхутхьэбзэхэм я порталым епхащ. Мыбдежым цIыхум и Iуэхум елъытауэ суд приставхэм сыт и лъэныкъуэкIи защыхуигъазэ мэхъу - псори зэхэту мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху зэмылIэужьыгъуэу 30 хуэдизкIэ. КъыхэгъэщхьэхукIын хуейщ зыщIэупщIэхэм я процент 75-м щIигъум я жэуапыр закъыхуэзыгъэзахэм я деж секундищ иримыкъум зэрынэсыр.

         Мыбдежым гу зыщылъытапхъэу къэпсалъэм къыхигъэщащ суд приставхэм зэрадэлажьэ лIэужьыгъуэщIэу мы гъэм къежьами. Урысейм и ФССП-м макъ дэIэпыкъуэгъу жыхуаIэм хуэдэ лажьэу зэтриухуащ. Абы зэреджэр Полинэщ икIи къэрал псом пщIэншэу щыщыт 88003030000 номерымкIэ къэпсалъэ дэтхэнэми жэуап иритынущ. Абы цIыхухэм хъыбар ярегъащIэ ямыпшыныжа щIыхуэ зэрателъымкIэ икIи ар ятыжынымкIэ щыIэ IэмалхэмкIэ. ИНН-м е СНИЛС-м и бжыгъэхэр Iэрыхьэмэ, Полинэ жиIэфынущ цIыхум и щIыхуэр хагъэзыхьу ипшыныжыным теухуауэ къащта унафэр зыхуэдэр. Псалъэм папщIэ, нэгъуэщI щIыналъэ кIуэнымкIэ иIэ хуитыныгъэхэм мардэ хуагъэувамэ е щIыхуэ зытелъым и мылъкур, е банкым щиIэ счётхэм щихъумэ и ахъшэр къигъэсэбэпыныр паубыдамэ. Апхуэдэу дэIэпыкъуэгъум щыгъуазэ ещI суд пристав-гъэзэщIакIуэхэмрэ къудамэхэм я унафэщIхэмрэ цIыхухэр щрагъэблагъэ зэманым, езы IуэхущIапIэхэм я лэжьэкIэм.

         - Нэхъыщхьэу къыхэзгъэщыну сыхуейт компьютерым къит Iэмалхэр тэмэму къэгъэсэбэпыныр. Къапщтэмэ, щIыхуэ птелъмэ къыщыпщIэ хъунур Урысейм и ФССП-м и официальнэ сайтырщ «Банк данных исполнительных производств» жыхуиIэр къэбгъэсэбэпу е Къэрал Iуэхутхьэбзэхэм я порталым ущиIэ личнэ кабинетырщ.

          ИнтернетымкIэ щIыхуэр щызытегъэкIыпхъэр и официальнэ ресурсхэрщ. Апхуэдэу, уэ птеухуа хъыбарыр щэхуу къэнэн папщIэ паролхэр къэгъэсэбэпыпхъэщ. Уи паролхэр, кодхэр, картэхэм я бжыгъэхэр зыми зэи ебгъащIэ хъунукъым. Интернет-сайтхэм я хэщапIэхэм, логотипхэм яхуэсакъын хуейщ. Шэч зыхуэфщI ссылкэхэм фимыхьэ, фи электроннэ пощтым къэкIуа апхуэдэ письмохэр къызэIувмых. Вирусым ущызыхъумэр къэвгъэсэбэп. КъедбжэкIа хабзэхэм тетынырщ зэраныгъэ къэзыхьыну программэхэм, гъэпцIакIуэхэм защыхъумэнымкIэ хэкIыпIэхэр, - жиIащ абы и псалъэм и кIэухым.

         Литовкэ Натальерэ Управленэм и къудамэм и унафэщI, къэрал кIуэцI къулыкъум и лейтенант нэхъыжь Пщыгъуэш Аскэррэ журналистхэм я упщIэхэм жэуап зэпкърыха иратащ.

                                                            

УЭРДОКЪУЭ Женя.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ