Бакъ Залым хирургщ, Налшык къалэ сымаджэщ №1-м и дохутырщ, Герниологхэм я «GREPA» европей ассоциацэм, Урысейм и хирургхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ. Доху-тыр IэщIагъэм гуапагъэ хелъагъуэ, аращ зэгуэр абы хуеджэну игу щIрилъхьауэ щытар. Залым и IэщIагъэр цIыхум и гупсысэкIэр зыкъомкIэ зыпсыхьщ. Абы епха и щэхухэм, гугъуу хэлъхэм, фIыуэ щIилъагъум теухуауэ депсэлъащи, ди гуапэу дывдогуашэ.
- Залым, сыт щыгъуэ япэу «дохутыр сыхъуну сыхуейщ» щыжыпIар?
- Дохутыр сыхъуну сызэрыхуейр пасэу къызгурIуауэ щытащ - 8-нэ классым сыщыщIэсым. Сыт къызыхэкIар жыпIэмэ, сщIэркъым. СызэрыцIыкIурэ си адэ-анэм къысхалъхьащ цIыхум сэбэп сахуэхъун зэрыхуейр - абы псэр зыгъэхуабэ къару гуэр зэрыхэлъыр зыхызощIэ. Апхуэдэ гупсысэм изопх дохутыр IэщIагъэр мурад схуэхъуауэ щIыщытар. Сэбэп ухъуххэнумэ, удохутырыным Iэмал къует.
- ЩIэныгъэ щызэбгъэгъуэтар дэнэ? Еджэныр гугъу?
- ЩIэныгъэ щызэзгъэгъуэтащ медицинэмкIэ Саратов дэт къэрал университетым. Щыпысщащ Къэбэрдей-Балъкъэр университетым медицинэмкIэ и къудамэм. Гугъущ медицинэм ухуеджэну. ЩIэныгъэм теухуауэ жэуап зэрыпхьыр зэпымыууэ уи щхьэм илъщи, ущхьэхынкIэ е тхылъыр Iэпэдэгъэлэл пщIынкIэ Iэмал иIэкъым. Гугъу щхьэкIи, гъэщIэгъуэнщ. ПсэкIэ къыхэпха IэщIагъэм епха псоми узыIэпешэ - ухуейкъым укъэувыIэжыну. АтIэ, хэбгъэхъуэну уопабгъэ. Ара-щи, мыр гурэ псэкIэ утемыгушхуамэ, IэщIагъэ пхуэхъунукъым. Студент гъащIэм епха гукъэкIыж гуапэхэри куэд и уасэщ си дежкIэ…
Дохутырым зэпымыууэ и щIэныгъэм хигъэхъуэн хуейщ. Ар нэсу къигъэсэбэпыфрэ и гурэ и щхьэрэ зэтелъмэ, сымаджэм тегушхуауэ бгъэдыхьэфынущ, и узыр щхьэщи-хыфынущ. Армырамэ, медицинэм ущIыхэтын щыIэкъым. Сэбэп ущымыхъуфынум деж, зэрани умыхъумэ нэхъыфIщ жыхуэсIэщ.
- Дохутырым нэхъыщхьэу сыт хуэдэ щэн хэлъыпхъэ?
- Дохутырым гущIэгъу хэлъын хуейуэ си гугъэщ, япэрауэ. Сымаджэм и гуныкъуэгъуэр зыхищIэн, абы и гукъыдэжым езыри зэрыхэлIыфIыхьыфынур къыгурыIуэн хуейщ. Зыкъом елъытауэ си гугъэщ сымаджэм узэрепсалъэ къудейми - псалъэ гуапэми зи хущхъуэгъуэ къыхэкI щыIэщ. Iэмал закъуи иIэкъым дохутырым сымаджэр къулеягърэ благъагъкIэ зэхидзыну. Дэтхэнэри и зэхуэдэщ, дэтхэнэми и щхьэр кърихьэлIащ.
- Сыт уи IэщIагъэр фIыуэ плъагъуным хэлъ щэхур?
- Щэхууи щэхукъым…Сэ згъэхъужам и нэкIум кърих гуфIэгъуэрщ си IэщIагъэм нэхъ гурыфIэгъуэшхуэу хэлъыр. ЦIыхум нэхъыщхьэ дыдэу иIэр узыншагъэщ. АтIэ узыншагъэм теухуауэ зыгуэрым гупсэхугъуэ зэрептыфым псэр зэригъэнщIыжыр сыту куэд и уасэ! Абдежым зыхэпщIэр пхурокъу узэрыдохутырым уринасыпыфIэну.
- Гугъуехьхэм я гугъу пщIымэ…
- Ди жагъуэ зэрыхъущи, дэ сэбэп дыхуэмыхъужыфыну уз хэтIэса зиIи къыщыкIуэ щыIэщ. Апхуэдэм дыдэIэпыкъуну Iэмал дыщимыIэрщ ди гур щыхэщIыр.
- Зэпымыууэ медицинэмкIэ зэхьэзэхуэхэм, щIэнIуатэхэм ухэтщ…
- Илъэсым къриубыдэу зыбжанэрэ хирургием теухуа дунейпсо конференцхэм докIуэ. МедицинэмкIэ нэхъ лъэщ дыдэу къыщалъытэхэм уедэIуэным куэдым ухуегъасэ. Медицинэм зеужь. А зыужьыкIэм зэпымыууэ ущыгъуэзэнымкIэ, IэщIагъэм куууэ ухэтынымкIэ конференцэхэр хуабжьу сэбэпщ. Лэжьыгъэ IуэхукIэ дежьа нэужь, зырыдогъэхьэлIэ медицинэм теухуа къэхутэныгъэ щIэщыгъуэхэм я гъэлъэгъуэныгъэхэм. Иджыблагъэ, псалъэм щхьэкIэ, Эндоскопиемрэ хирургиемкIэ Москва щекIуэкIа дуней-псо фестиваль дыщыIащ. ЖыпIэнурамэ, си IэщIагъэм нэхъри пэгъунэгъу сыхуэхъуауэ сыкъекIуэлIэжащ.
- ГъащIэм щапхъэ щыпхуэхъур хэт?
- Си гугъэщ дэтхэнэ цIыхуми япэ дыдэу щапхъэ хуэхъур и адэ-анэрауэ. Ахэращ си хьэл-щэным, ехъулIэныгъэхэм, гъащIэ хъужым хузиIэ еплъыкIэхэм теухуауэ псом япэ фIыщIэ зыхуэсщIыр. Я цIэр къисIуэну си гуапэщ IэщIагъэ схуэхъуам хэсча лъэбакъуэхэм щапхъэрэ чэнджэщкIэ сытезыгъэгушхуа, гъуэгугъэлъагъуэ схуэхъуа егъэджакIуэхэм. КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам, ди сымаджэщым и хирург нэхъыщхьэ Бахъсэнокъуэ Залым, хирургиемкIэ къудамэм и унафэщI Дадэ Алим. ГуащIэшхуэ ирахьэлIащ абыхэм я щIэныгъэмкIэ къыддэгуэшэн папщIэ.
- Сабиигъуэм пхэлъа хьэл-щэнхэм щыщ балигъ гъащIэм къыздэпхьа?
- СыщыцIыкIум егъэлея-уэ сыдрийпсрийуэ сыщытащ, сыпсынщIащэт. Иджыпсту а псынщIагъэм щыщ зыри схэлъыж си гугъэкъым - сабиигъуэм зыщызгъэнщIри, балигъ гъащIэм зэпIэзэрыту сыкъыхыхьауэ жыпIэ хъунущ.
- Насыпыр сыт?
- Насыпыр фIыуэ плъагъухэр узыншэнырщ!
- Тхьэм а насыпыр уиIэу уигъэпсэу!
Епсэлъар
ГУГЪУЭТ Заремэщ.