Тхыдэ-хэкурыдж музей

Иужьрей лъэхъэнэм къэ­ралым гулъытэшхуэ зы­хуищI унэтIыныгъэхэм ящыщщ щIэблэм хэкупсэ гъэсэныгъэ егъэгъуэ­ты­ныр. ЩIэ­ныгъэ куу яIэным зыкIи пебдзых мыхъуну а лэжьыгъэр дэнэкIи щы­щIагъэ­хуэбжьащ: еджапIэхэми, гъэ­сапIэхэми, щэнхабзэ Iуэху­щIапIэхэми, зэгухьэныгъэ зэмы­лIэу­жьыгъуэхэми. Iуэху щхьэ­пэхэр, хъарзы­нэхэр щы­зэфIах курыт школ­хэм хэту лажьэ тхыдэ-хэкурыдж ­музейхэми. Абыхэм ще­кIуэкI лэжьыгъэхэр наIуэ къыщыхъуащ иджы­благъэ республикэм къы­щы­зэ­рагъэпэща зэпеуэм. 

Еплъыныгъэ-зэпеуэ мар­дэм иту екIуэкIа Iуэху­гъуэм хэтащ ди республикэм и хэкурыдж музейуэ школхэм щыIэхэр. Ди гуапэ зэрыхъущи, Бахъсэн щIы­налъэм хыхьэ Кыщпэк жылэм КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зэрихьэу дэт курыт школым щылажьэ тхы­дэ-хэкурыдж музейр пашэ щыхъуащ абы. А IэнатIэр къалъытащ школ музейхэм ящыщу еджакIуэхэм хэкупсэ гъэ­сэныгъэ ядезыгъэкIуэкIхэм я нэхъыфIу. 
Къыхэдгъэщынщи, школ музейр къызэрызэIуахрэ илъэ­си 10 хъуауэ аращ. Лэ­жьыгъэ купщIафIэ щекIуэкI IэнатIэр 2016 гъэм хагъэ­хьа­кIэт школхэм щылажьэ тхы­дэ-хэкурыдж музейхэм я фе­деральнэ реестрым. Мы зэманым ирихьэлIэу музейм­ щызэхуэхьэсащ КъБР-м щыпсэу лъэпкъхэм я тхы­дэм, щэнхабзэмрэ къаде­кIуэкI хабзэхэмрэ ятеухуа дэфтэрхэр, сурэт хьэлэмэтхэр, псэуныгъэм къыщагъэ­сэбэпу щыта хьэпшып зэ­мылIэужьыгъуэхэри яхэту. А псоми лэжьыгъэфIыр ящIыгъущи, жыпIэнурамэ, музейр хъуащ щIэблэр хэкуп­сэу гъэсэнымкIэ щIыналъэм щыIэ IуэхущIапIэ нэхъыщхьэ. 
Музейм щызэфIах лэ­жьыгъэр унэтIыныгъэ зыбжанэу зэщхьэщыхащ. Абы къы­зэ­щIе­у­быдэ «Лъэпкъыр зэрыгушхуэ цIыху», «Ди хэкуэгъу цIэрыIуэхэр», «Кавказым и бын», «ЩIыхьрэ пщIэрэ», «На­нэ и дыщэ ­пхъуантэр», «Да­дэ и Iуэтэж­хэр» фIэщыгъэхэр зиIэ плIанэпэ щхьэ­хуэхэр. Музейм щIэлъщ ­КъБР-м и япэ президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ и гъащIэмрэ и лэ­жьыгъэмрэ ­ятеухуа дэфтэр куэд. Ахэр ща­хъумэ музейм и плIанэпэ хэхам. Хьэ­лэ­мэтщ зыщыб­гъэгъуэзэну къэ­бэрдей уса­кIуэ бзылъхугъэ Балъкъэр Фоусэт и гъащIэмрэ и твор­ческэ гъуэ­гуанэмрэ. Зэчиишхуэ зыб­гъэ­дэлъа а бгырыс усакIуэм ­теухуащ «Кавказым ипхъу» гъэлъэгъуэныгъэ куп­щIа­фIэр. 
- ЩIэблэр хэкупсэу гъэ­сэ­ным мыхьэнэшхуэ щрат лъэхъэнэм ди музейри зы лэ­жьыгъэ IыхьэкIэ хоувэ къэ­ралпсо мыхьэнэ зиIэ а Iуэхугъуэм, - жеIэ школым и тхы­дэ-хэкурыдж музейм и унафэщI, егъэджакIуэ-биб­лиотекарь Гъуэщокъуэ Таисэ. - «БлэкIар додж, ды­зэ­рыт лъэхъэнэр къыдгу­ры­Iуэн, къэ­кIуэнум фIыкIэ дыхуэкIуэн папщIэ» къыхуе­джэныгъэм ды­щIэту долажьэ. 
Музейм и унафэщIми школым и лэжьакIуэ гупми до­хъуэхъу ехъулIэныгъэ­щIэ­хэр зыIэрагъэхьэу, щIэблэр фIым хуаущийуэ, хэкупсэу ягъасэу куэдрэ узыншэу лэжьэну. 

ТАМБИЙ Линэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.