IУАЩХЬЭ НЫБЭКЪЫМ И ЩЭХУ ТЕЛЪЫДЖЭР

ЦIыхур щэкIуэн-щыпэным къыпыкIыу, кхъуэщын игъэжын, гъущIхэкIхэм ирилэжьэн зэрыщIидзэрэ куэд щIакъым – илъэс мини 6-7 хъуми аращ. Абы ипэIуэкIэ ящIа археологие ухуэныгъэхэмрэ фэеплъхэмрэ умылъыхъуэми хъунущ. Сыту жыпIэмэ, ахэр зэрищIын Iэщэрэ Iэмэпсымэрэ иIакъым цIыхум. Ауэ Тыркум щыIэ Гёбекли-Тепе Iуащхьэм къыщIатIыкIыжа ухуэныгъэм иужькIэ дунейпсо тхыдэр къиптхыкIыжми хъунущ… Абы илъэс мин 12 и ныбжьщ!
А щIыпIэм пхъэщхьэмыщхьэ щыхасэкIэ зэран хъу мывэ къутахуэхэр къыщIахыурэ лъэныкъуэ ирагъэзу къэгъуэгурыкIуащ зыкъомрэ. Ауэ I960 гъэхэм археологхэм къахутащ Iуащхьэм къыщIэщэщ мывэхэр къызэрыгуэкIыу зэрыщымытыр. Американ археолог Бенедикто Петер и гугъащ а Iуащхьэр византие кхъэлэгъунэ гуэрым тращIыхьыжауэ. Ауэ Германие археологие институтым и истамбыл къудамэм I994 гъэм къызэригъэпэща къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, Iуащхьэ ныбэкъым щIэлът мывэ лъэхъэнэм зэтралъхьауэ щыта ухуэныгъэ телъыджэ. Къэхутэныгъэхэм хэта гупым и нэхъыщхьэ Шмидт Клаус занщIэу къыгурыIуат Iуащхьэр зэрыIэрыщIыр, абы и лъабжьэм гъэщIэгъуэн гуэр зэрыщIэлъыр.
КъызэрыщIэкIамкIэ, Гёбекли-Тепе къыщIатIыкIыжа мывэ ухуэныгъэм нэхъыжь дунейм теткъым, уеблэмэ ар Мысырым щыIэ Щимэхэм ипэжкIэ яухуащ! Геомагнит (малъхъэдисыр щIым кIуэцIрагъэкIри, зрихьэлIэм елъытауэ къызэригъэзэж щIыкIэм сурэт, картэ тращIыкIыж) IэмалкIэ ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, и кум зы хъуреишхуэ итщ, щIэгъэкъуэнхэр хъурейуэ къокIуэкI, абыхэм мывэм къыхэбзыкIауэ псэущхьэ зэмылIэужьыгъуэхэм (джэдуушхуэхэм, кхъуэм, благъуэм, танэм, бажэм, аслъэным, бланэм, блэм, хъумпIэцIэджым, бэджейм, бэджым, бзум, дзэлыкъуэбгъэм, бабыщым) я сурэт тетщ, тхыпхъэхэмкIэ гъэщIэрэщIащ.
Ухуэныгъэр метр 300 зи бгъуагъ тхьэлъэIупIэу хуагъэфащэ, икIи ар илъэс мини 9,5-кIэ щIым щIэлъащ, щIы метр I5-кIэ щIэхъумауэ. Ухуэныгъэм и блынхэм тедза тхыпхъэхэмрэ сурэтхэмрэ тхыбзэ гуэру щыткъым. Ар цIыхум и нэгу щIэкIыр къызэриIуэта Iэмалщ. Псалъэм папщIэ, дзэлыкъуэбгъэхэм цIыху хьэдэр къахъуреихьауэ зэрызэхэсым и сурэтыр и нэщэнэщ цIыхур лIа нэужь щIым щIамылъхьэжу бзухэм яшхыжу зэрыщытам. Мы тхьэунэм цIыхухэр екIуалIэу, тхьэ щелъэIуу, Iэщ щаукIыу, дауэдапщэхэр иращIэкIыу щытагъэнущ. Ар цIыху псэупIэтэкъым, атIэми, тхьэунэм кIэлъыплъу лэжьакIуэ зыбжанэ сытым дежи щыпсэуауэ хуагъэфащэ.
Арихтектурэ психологием фIыуэ хэзыщIыкI Эллард Коллин щыхьэт тохъуэ, Гёбекли-Тепе и лъабжьэм щIэлъа ухуэныгъэр псэупIэу зэрыщымытам, лIэныгъэм щымышынэн папщIэ абы магъуэ дауэдапщэхэр щрагъэкIуэкIыу къызэрекIуэкIам.
Къыхэгъэщыпхъэщ ухуэныгъэм и проценти 5 фIэкI археологхэм къызэрамытIэщIыфар, уеблэмэ я щIэныгъэмрэ къаухьымрэ яхуримыкъуу къэхутэныгъэхэр къызэрызэтрагъэувыIар. «Iуащхьэм щIэлъ ухуэныгъэ телъыджэр зищIысымрэ ар зыухуахэмрэ теухуауэ пыухыкIауэ зыгуэр жытIэфынукъым, хуэдгъэфащэ мыхъумэ. Ар зэрыдджын Iэмэпсыми, щIэныгъи, техники диIэкъым нобэкIэ. КъэттIэщIар къыщыттIэщIам деж къыщыднэри, къэхутэныгъэхэр къызэтедгъэувыIащ. Догугъэ къэкIуэну жыжьэм е гъунэгъум цIыхухэм Iэмал къагъуэту Гёбекли-Тепе Iуащхьэм щIэлъыр яджыну, хэт ищIэрэ, тхыдэри зэрыщыту къартхыкIыжыну», - жаIэ щIэныгъэлIхэм.
2017 гъэм Эдинбург университетым щаджат мы тхьэунэм и блынхэм траха сурэтхэр. ИкIи абы тедза псэущхьэхэм я зэхэтыкIэр вагъуэхэм ирагъэпщащ. КъызэрахутамкIи, ди лъэхъэнэм ипэкIэ I0950 гъэм ЩIым къытехуауэ щытащ цIыху куэд зытекIуэда вагъуэижыр. Зи щхьэ пымытыжу щылъ хьэдэ сурэтым аращ къикIыр. А лъэхъэнэм иужькIэ дунейр псынщIэ дыдэу щIыIэ хъури, иужьрей мылылъэ лъэхъэнэр къихьауэ щытащ. Хэт ищIэрэ, пэжынкIи мэхъу…

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.