Зыужьыныгъэм и Iэмал гъуэзэджэ

Мы махуэхэм ди къэралым щагъэлъапIэ Урысей щIэныгъэм и махуэр. Илъэс 300-м нэскIэ узэIэбэкIыж­мэ, 1724 гъэм и мазаем и 8-м урысей пащтыхь Пётр Езанэм Iэ три­дзауэ щытащ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академие (РАН) къэралым къызэ­ры­щы­зэрагъэпэщым теухуа унафэм. Абы къыщежьащ щIэныгъэлIхэм я махуэщIыр Iэтыныр. 

Урысей щIэныгъэм къикIуа тхыдэ гъуэгуанэр кIыхьщ икIи купщIафIэщ. 1747 гъэм ­къащта Уставым ипкъ иткIэ абы еджэ хъуащ ЩIэныгъэ­хэмрэ ХудожествэхэмкIэ имперскэ академие. Иужь­кIи академием и цIэм зыбжа­нэрэ зихъуэжащ. 1803 гъэм абы зэ­реджэр Урысейм щIэ­ныгъэхэмкIэ и имперс­кэ академиет, 1836 гъэм - ЩIэныгъэхэм я Санкт-Петербург академиет. Абы хэтт ЩIэ­ныгъэхэмкIэ академие университет, академие гимназие, физикэмкIэ, географиемкIэ, химиемкIэ къудамэхэр. 1839 гъэм лэжьэн щIи­дзауэ щытащ Пулковэ ­обсерваторэм. ЩIэ­ныгъэм и унэтIыныгъэ зыбжанэмкIэ тхылъ куэд дунейм къыте­хьауэ щытащ а ­зэманым. Абыхэм ит статьяхэр я къалэ­мыпэм къыщIэкIырт щIэныгъэлI щэджащэхэу Ломо­носовым, Эйлер, Струве, Вос­токовым, Бутлеровым, Павловым, нэгъуэщI еджа­гъэшхуэхэми. РАН-м хэтт нэгъуэщI къэ­ралхэм я щIэныгъэлIхэри. Псалъэм папщIэ, абы и действительнэ членхэт Вольф, Воль­тер, Дидро, Франклин, Гёте, Дарвин, нэгъуэщIхэри.
Жэпуэгъуэ Революцэ Иным ирихьэлIэу академием хъарзынэу зиужьат. Абы хэтт действительнэ члену цIыху 49-рэ (къыщызэ­IуахагъащIэм щыгъуэ абы хэтыр цIыху 17 ­къудейт). Апхуэдэу РАН-м иIэт лабораторэ зэмылIэу­жьы­гъуэу 5, обсерваторэ зыбжанэ, музейхэр, щIэныгъэ лэжьакIуэу цIыхуи 109-рэ. РАН-м и цIэм аргуэру зихъуэжащ: ар СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и Академие хъуауэ щытащ.
1999 гъэм, РАН-р илъэс 275-рэ щрикъум ирихьэлIэу, Урысей щIэныгъэм и махуэр ди къэралым щыгъэ­лъэ­пIэ­ным теухуа унафэ щхьэхуэ къыдигъэкIауэ щытащ Урысей ­Федерацэм и Президентым. Къэралым щыпсэу дэтхэнэм и дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэт а Iуэхугъуэм, сыту жып­Iэмэ а унафэр епхат цIыху­хэм я гъащIэр, псэукIэр егъэ­фIэ­кIуэ­ным, зызыужьа ев­ропей псэукIэм и мардэхэм ящыщ куэд ди Хэкум къихьэным, а псомкIи ар зыу­жьыныгъэм и гъуэгум те­шэ­ным.
ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 90 гъэхэм ди къэралым ще­кIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэм яжь щIихуащ Академиеми. 1991 гъэм абы фIащащ ЩIэ­ныгъэхэмкIэ Урысей Академие (РАН). Нобэ абы хэтщ действительнэ члену, член-корреспонденту щэ бжыгъэхэр, хамэ къэралхэм я еджагъэшхуэ куэд. РАН-м и лэжьыгъэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ щытащ илъэси 10 ипэкIэ, 2013 гъэм, къызэрагъэпэща ФАНО-р (ЩIэныгъэ зэгухьэныгъэхэм я федеральнэ агентствэ). Абы и къызэгъэпэщакIуэхэм, уна­фэщI­хэм къызэрагъэувамкIэ, къэралым и щIыналъэ­хэм щылажьэ щIэныгъэ-къэ­хутакIуэ институт зэмы­лIэу­жьы­гъуэ­хэр зы центр иным и дамэм щIагъэуващ.
Урысей щIэныгъэр дунейм хуэупсащ цIыху цIэрыIуэ куэдкIэ, къэхутэныгъэ инхэмкIэ. ­Къапщтэмэ, дуней псом щыцIэрыIуэщ Ломоносов Михаил, Павлов Иван, Менделеев Дмитрий, Циолковский Константин, Капицэ Пётр, Ландау Лев, Курчатов Игорь, Александров Анатолий, Королёв Сергей, Доллежаль Николай, нэгъуэщIхэри. Абыхэм я къэхутэ­ны­гъэхэм я фIыгъэкIэ дуней псом щыяпэу Урысейм биосферэр джын щыщIадзащ, хьэршым яутIыпщащ спут­ник IэрыщIыр, атом станцыр лажьэу щрагъэжьащ. Ехъу­лIэныгъэфIхэр зэ­рызыIэ­ра­гъэ­хьам и щыхьэтщ урысей, совет щIэныгъэлI  16-м Но­бель и саугъэтыр зэ­ры­хуа­гъэ­фэщар.
Лъэпкъ щIэныгъэм адэкIи зегъэужьыныр, ипэкIэ гъэ­кIуэ­тэныр, ар зыузэщI лэжьыгъэ купщIафIэхэр зэфIэ­хы­ныр зи гъащIэ мардэу псэу щIэныгъэлIхэр гъэпэжэнымкIэ ди къэ­рал унафэщIхэми «щIыхуэ» къатенэркъым. Зи гуащIэри щIэныгъэри ди псэукIэр егъэ­фIэкIуэным хуэ­зыгъэпс IэщIагъэлIхэм гулъытэ лъагэ ягъуэтыным я нэIэ трагъэт зэпытщ абыхэм. Апхуэдэ Iуэхухэр дэхуэха ­мыхъуныр зи къалэн нэхъыщхьэ къэрал къу­лы­къу­щIапIэхэм ящыщщ УФ-м ЩIэ­ны­гъэмрэ егъэджэныгъэ нэхъыщхьэмкIэ и минис­терствэр, ФАНО-р, РАН-р.
РАН-м ноби щызэфIах естественнэ, жы­лагъуэ щIэныгъэхэм япыщIа, дунейпсо мардэм къитIасэ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ инхэр. Лъэпкъ щIэныгъэлIхэм, къэхута­кIуэ­хэм я иужьрей ехъулIэныгъэхэм ящыщщ къэрал куэд зэщIэзыубыда коронавирус уз зэрыцIалэ лIэужьыгъуэ­щIэ IэрыщIу куэдым къалъытэм и хущхъуэгъуэ лъэщ­хэр, балигъхэми сабийхэми хуэкIуэу, зэрызэхалъхьар. Дуней псом щынэхъ лъэщ­хэм, шынагъуэншэхэм халъыта а вакцинэхэм дзыхь хуащIащ икIи зыхрагъэлъ­хьакIэщ ди къэралым щып­сэухэм я процент 50-м щIигъум.
ЩIэныгъэр дапщэщи щытщ икIи щытынущ къэралпсо зыужьыныгъэм и джэлэсу, абы и IэнатIэ нэхъыщхьэу, сыту жыпIэмэ щIэныгъэ куумрэ цIыху зэчиймрэщ дэтхэнэ къэралри лъэщ зыщIыр. ГъащIэм мы­хьэ­нэшхуэ щызиIэ щIэныгъэ IэнатIэм зэпIэ­зэ­рыту зреужь, цIыхухэм я ехъулIэныгъэм нэсу хурелажьэ дяпэкIи.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIэныгъэлI псо­ми махуэш­хуэр угъурлы, мура­дыщIэ­хэм­рэ IуэхугъуэщIэхэмрэ я щIэдзапIэ яхуэхъуну до­хъуэхъу. Творческэ ехъулIэныгъэхэр яIэу, щIэныгъэм хэлъ­хьэныгъэшхуэхэр хуа­щIу, узыншагъэ, унагъуэ на­сып щымыщIэу Тхьэм куэдрэ игъэпсэу, игъэлажьэ!
ЖЫЛАСЭ  Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.