Япэ итхэм къахохъуэ

Налшык къалэм дэт, сабий зэчиифIэхэм я «ДыгъафIэ къалэм» иджыблагъэ «Япэ итхэм я зэщIэхъееныгъэм»   и щIыпIэ къудамэр къы­зэ­рыщызэIуахым ехьэлIа гуфIэгъуэ зэIущIэшхуэ ще­кIуэкIащ.

Сабийхэмрэ ныбжьы­щIэ­хэмрэ я урысейпсо зэгухьэ­ныгъэм и щIыналъэ къудамэм лэжьэн иригъэжьа ­къудейщ, ауэ и IуэхузехьапIэхэр щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ къы­щы­зэIуех, зыхуигъэувыжа му­радхэмрэ зыщищIыжа ­къалэнхэмкIэ ныбжьы­щIэ­хэм­рэ щIалэгъуалэмрэ къыдехьэх. Япэ лъэбакъуэхэр зыч зэ­щIэхъееныгъэм и гуращэ­хэр щIэб­лэм я къэкIуэнум ­хуэгъэпсауэ икIи абыхэм ­гъуэгу къезыт Iуэхугъуэхэмрэ жэрдэмхэмкIэ лэжьыгъэр гъэн­щIауэ зэрыщытым адэ-анэ­хэри зыIэпешэ.
УФ-м и Президент Путин Владимир и унафэкIэ къы­зэрагъэпэща «Япэ итхэм я зэщIэхъееныгъэ» урысейпсо зэгухьэныгъэм жылагъуэ жэр­дэмщIакIуэу къэралым щыпсэу сабийхэмрэ щIалэ­гъуалэхэмрэ зэригъэуIуныр и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ. Къэралпсо икIи хэгъэгу­псо зэхьэзэхуэхэмрэ щIэн­Iуатэхэмрэ я утыкум зи зэ­хэщIыкIыр щIагъуэ, зи гуп­сы­сэкIэр куу, зи дуней лъагъу­кIэр щIэщыгъуэ щIалэгъуалэ куэд къохьэ. Сыт хуэдиз гу­ращэм ахэр зэрашалIэ­ми, абыхэм къыхалъхьэ пэхуэ­щIэ­хэр (проектхэр) зэзыгъэуIу, унэ­тIыныгъэ пыухыкIа езыт зэгухьэныгъэ зэрыщымыIэм зы Iуэху зыщIэхэр зэпэжыжьэ ищIырт, уеблэмэ зэрымы­цIыхуххэу къэгъуэгурыкIуэрт. ЩIэныгъэм дихьэх, дыкъэ­зыухъуреихь дунеймрэ щIыуэ­псымрэ я щэхур къэзыхутэ, жылагъуэ зэхэтыкIэм и зыу­жьыныгъэм зыIэпишэ щIалэгъуалэм къыхалъхьэ жэрдэм­хэр къэрал къулыкъущIэхэм гъэщIэгъуэн къащохъу, щыIэ щытыкIэм зэрыхаухуэнэным, зэхъуэкIыныгъэхэр зэрыхалъ­хьэным и Iэмалхэр къа­лъы­хъуэу хуожьэ. Абы и лъэ­ны­къуэкIэ къапщтэмэ, «Япэ итхэм я зэщIэхъееныгъэ» уры­сейпсо зэгухьэныгъэм щIалэгъуалэм я гупсысэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр, жэрдэм­хэр, къэхутэныгъэхэр гъащIэм хэпщэнымкIэ зэфIэкI зиIэхэм я деж нихьэсыну Iэ­малыфIхэр иIэнущ.
«ДыгъафIэ къалэм» къы­щы­зэрагъэпэща гуфIэгъуэ зэ­IущIэм кърихьэлIащ ­КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, ­КъБР-м и Парламентым Егъэ­джэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ, КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт, Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я «Япэ итхэм я зэщIэхъееныгъэ» урысейпсо зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Шыпш Аслъэн, егъэджакIуэхэмрэ гъэ­сакIуэхэмрэ, еджа­кIуэ­хэм­рэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ.
ЗэIущIэм хэтхэм фIэхъус псалъэ гуапэкIэ захуигъэза нэужь Егоровэ Татьянэ къыхигъэщащ щIалэгъуалэм гулъытэ хуэзыщI сыт хуэдэ Iуэхугъуэми зэрыщыгуфIыкIыр, ар хэгъэгумрэ къэралымрэ зиужьыным хуэунэтIауэ зэры­щытымкIэ фIэщхъуныгъэ зэ­риIэр. «Гуапэ дыдэ къысщыхъур, сыбзыщIынкъыми, мып­хуэдиз ныбжьыщIэ зэзыпх зэщIэхъееныгъэм и дуней къытехьэр езыхэм я гукъэ­-кIыу зэрыщытырщ. ИкIи, зэ­рытлъагъущи, зы щIыпIэм къыщежьа гупсысэр къуэп­сы­бэу къыщIэкIри, хэгъэгухэм зидзащ, щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ щIыналъэхэм псоми зэдай Iуэхур щызэрагъэкIуэну IуэхущIапIэхэр къыщызэIуах. Арых­хэуи, мы далэм фи нэгу щIокI цIыхушхуэ къы­зэ­щIэ­зыубыдэну зэгухьэныгъэр дунейм къызэрытехьэр, лъэбакъуэ цIыкIухэр ичу зэрыщIи­дзэр. Абы фэри фи Iыхьэ хэлъщ. Псышхуэр псыпэ цIыкIуурэ зэхолъэдэжри йожэх, апхуэдэщ фи IэнатIэри: гуп цIыкIуу зызэщIывогъэуIуэ, иужькIэ нэхъ гу­пыш­хуэм, нэхъ хасэшхуэм и зы пкъыгъуэ фыхъун хуэдэу. Мы зэгухьэныгъэм къалэныш­хуэ­хэр зыхуегъэувыж, щIалэгъуа­лэ пэхуэщIэхэр дунейм къытезыгъэхьэфыну унэтIыныгъэ куэд иIэщ. Ар ди нэгу щIагъэкIащ мы еджапIэм щыт­лъэгъуа лэжьыгъэмкIэ. Къэ­кIуэнур зейр фэращ, зыву­жьы­нуми зывузэщIынуми зыкъомкIэ фэращ зэлъытэжар», - жиIащ Егоровэ Татьянэ.
Апхуэдэу унафэщIым и псалъэм къыхэщащ «ДыгъафIэ къалэр» Кавказ Ищхъэрэм еджэныгъэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI и IуэхущIапIэ ­нэхъ ин дыдэхэм зэращы­-щыр. «НэхъапэкIи мы еджапIэм ехъулIэныгъэ хъар­зы­нэ­хэр зыIэригъэхьэрт, абы и гъэсэнхэр щIэныгъэкIи ирагъэкIуэкI къэхутэныгъэхэмкIи утыку куэдым къыщыхэщырт икIи текIуэныгъэ къыщыдахырт. «Япэ итхэм я зэщIэхъееныгъэм» и щIыпIэ IуэхузехьапIэ апхуэдэ зэфIэкI зыбгъэ­дэлъ еджапIэм къыщызэ­Iуах­мэ, и лъэкIыныгъэхэр куэд­кIэ нэхъыбэ хъуну къысщохъу. Арыххэуи, УФ-м и Президентым фи жэрдэмыр къыщывдиIыгъакIэ, ар псэунуми щIэу­жьыхэжынуми фэ фи Iэ илъщ. Хьет жевгъэIэ, фызэ­щIэ­мы­кIуэж, фIым фытелажьэ! ­Гъуэгу махуэ, вжызоIэ», - за­хуигъэзащ Егоровэм ныбжьыщIэхэм.
Шыпш Аслъэн и псалъэм къыщыхигъэщащ Iуэхугъуэр яфIэкъабылу къахыхьэхэм я бжыгъэм зэрыхэхъуэр, абы зэрыщыгуфIыкIыр. «Къыхэзгъэщынут тIэкIу дэкIмэ, ди зэIущIэм дыкъыхуеплъэкIыжу, абы и мыхьэнэм дрипсалъэу зэрыхъунур. Сэ хьэкъыу си фIэщ мэхъу щIыпIэ-щIы­пIэкIэрэ щызэхаша Iуэхузе­гъакIуэ къудамэхэм узэрыгушхуэ хъуну лэжьыгъэ пыу­хыкIахэр зэрызэфIахынур, ахэр жылагъуэм дежкIэ пщIэ зиIэуи зэрыщытынур. Мызэ-мытIэу зэрыжысIащи, сыт щыгъуи гугъущ ипэ уитыну, уи гупсысэрэ Iуэху еплъыкIэрэ псом япэ утыкум къипхьэну. Ауэ цIыхубэм ягу къинэри, занщIэу къамыщтэми, иужь­кIэ гунэс ящыхъури япэ кърахьа гупсысэрщ, уеблэмэ зэувэлIэжри аращ. Дызэры­щып­сэунум, дызэры­щы­лэ­жьэнум, ди гугъэ куэдрэ зэрыщызэдгъэхъулIэнум къыхэкIыу, ди адэжь щIыналъэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэкIуэнум фIыкIэ хуэмыхъуапсэ къытхэткъым. ЩIэблэр гъуэгу захуэ тедгъэувэкIэрэ фIэкIа а хъуэпсапIэхэр къызэрыдэ­хъу­лIэн нэгъуэщI хэкIыпIэ щы­Iэу къэслъытэркъым. Дэ мы ­лъэхъэнэм иужь дитщ къэралым къыщыхалъхьэ сабий икIи ныбжьыщIэ пэхуэщIэхэм ди щIалэгъуалэр хэтшэным, абыкIэ псоми Iэмал зэхуэдэ яIэным. Дыхуейщ щIэблэм ­гукъэкI зыхуищI, и гуащIэр ирихьэлIэурэ зэхигъэувэ пэ­хуэщIэ гъэщIэгъуэнхэр езы­хэм утыку кърахьэфу, ахэр зэрыIэмалыншэр ди фIэщ ящIрэ пхагъэкIыфу зэфIэкI яIэну. Аращ «Япэ итхэм я зэщIэхъееныгъэ» урысейпсо зэгухьэныгъэри, абы и щIы­налъэ къудамэхэри зыхущIэкъунур. Узэкъуэтмэ, улъэщщ, жаIащ ди нэхъыжьхэм. ИтIа­нэщ дызыхуейхэр къы­щы­дэ­хъулIэнур», - къыхигъэщащ Шыпш ­Аслъэн.
ЗэIущIэм «Япэ итхэм я зэ­щIэхъееныгъэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и мурадхэмрэ къалэнхэмрэ къэзыIуатэ икIи зэпкърызых видеотеплъэ­гъуэхэр щагъэлъэгъуащ, езы еджапIэм щеджэ ныбжьыщIэ цIыкIухэм я уэрэдхэмрэ ­къафэхэмкIэ ягъэдэхащ. Ап­хуэдэу къэралым и таущымрэ (гимнымрэ) «Къэбэрдей-­Балъкъэр» уэрэдымрэ екIуу игъэзэщIащ уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэ, куэдкIэ узы­щы­зыгъэгугъ Бэрэгъун Заур.
Зэхуэсыр и кIэм щынэблагъэм, Лу Азэмэтрэ Шыпш ­Аслъэнрэ «ДыгъафIэ къалэм» щIыпIэ IуэхузехьапIэр къы­щызэIухыным гуащIа­фIэу те­лэжьа егъэджа­кIуэ­хэм, гъэсакIуэхэм, еджа­кIуэхэм фIы­щIэ тхылъ­хэр иратащ.

ШУРДЫМ  Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.04.2024 - 08:21

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭР ЯПЭ ИРАГЪЭЩУ

Налшык къалэм дэт «Каисса» шахмат центрым иджыблагъэ республикэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. КъызэрыгуэкI шахмат джэгукIэмкIэ абы щызэпеуащ зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм, дзэ Iуэху хэхахэм хэтахэр.

16.04.2024 - 08:19

КIЫЩ АСЛЪЭНБЭЧ И ДЫЩЭХЭМ КЪЫХЕГЪАХЪУЭ

Мэлыжьыхьым и 9 - 10-хэм Орёл къалэм щекIуэкIащ тэмэму зэхэзмыххэм я деж пашэныгъэр алыдж-урым бэнэкIэмкIэ къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.04.2024 - 08:18

СОЧЭ КЪАЩЫПОПЛЪЭ

«Белая Ладья» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ курыт еджапIэхэм я командэхэм шахматымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ зэIуха.

16.04.2024 - 08:18

КЪЫЩIАГЪЭКIЫМ И КУЭДАГЪЫМ ХОХЪУЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ -мазаем къриубыдэу республикэм къыщыщIагъэкIа IэфIыкIэхэкIхэм я куэдагъым процент 24-кIэ, н

15.04.2024 - 16:03

АГУИЙ И IЭХЭЛЪАХЭМ

Испы-унэ телъыджэ