ХЬЭПШЫПХЭМ «ПСЭЩIЭ» ЩЫХАЛЪХЬЭЖЫНУЩ

Ленинград щIыналъэм мыгувэу къыщызэIуахынущ хьэпшыпхэр къыщагъэщIэрэщIэж дунейпсо IуэхущIапIэ. Апхуэдэ Урысейм иджыри къэс зэи иIакъым.
УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Голиковэ Татьянэ, УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министр Любимовэ Ольгэ, Ленинград щIыналъэм и губернатор Дрозденкэ Александр сымэ зыщагъэгъуэзащ IуэхущIапIэр къызэIуахыным и Iуэхур здынэсам.
Ухуэныгъэр илъэси 7-м нэблэгъауэ йокIуэкI, метр зэбгъузэнатIэу мини 10 къызэщIеубыдэ. IуэхущIапIэм къыщызэIуахынущ лъэщапIэрэ лабораториеу 15 - хъумапIэ, музей лэжьакIуэхэм я Iэзагъэм щыхагъахъуэ центр, гъэлъэгъуэныгъэхэр щрагъэкIуэкIыну пэш щхьэхуэхэр. Ар хьэпшыпхэр къызэрагъэщIэрэщIэжыну Iэмал псомкIи къызэгъэпэщауэ щытынущ. 
IуэхущIапIэм IэщIагъэлIу 160-м лэжьыгъэ IэнатIэ яритыфынущ. Абыхэм хеубыдэ ятIагъуэ гъэжьам, фарфорым, гъущIхэкIхэм, щэкIым къыхэщIыкIа хьэпшыпхэмрэ сурэтхэмрэ елэжьхэр, методистхэр, сурэтыщIхэр, нэгъуэщIхэри.
IуэхущIапIэм и фIыгъэкIэ нэхъ купщIафIэу зэдэлэжьэнущ икIи зэпыщIа хъунущ музей IэщIагъэлIхэмрэ хьэпшыпхэр къэзыгъэщIэрэщIэжхэмрэ. 
- Къапщтэмэ, Ленинград щIыналъэм, Ищхъэрэ-КъухьэпIэ федеральнэ округым хиубыдэхэм я мызакъуэу, мы Iуэхугъуэм мыхьэнэшхуэ иIэщ Урысей псом дежкIи. Мы IуэхущIапIэм хуэдэ щыIэкъым, ди къэралым япэу къыщызэIутхыну аращ, - къыхигъэщащ Голиковэ Татьянэ.
 
 
 
 
БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.09.2023 - 12:25

ТУРИЗМЭМ И МАХУЭ

1980 гъэм къыщыщIэдзауэ фокIадэм и 27-р Туризмэм и дунейпсо махуэу ЩIы Хъурейм и къэрал куэдым щагъэлъапIэ.

28.09.2023 - 12:25

ЩIЭБЛЭМ АНЭДЭЛЪХУБЗЭ ЯIУРЫЛЪЫН ПАПЩIЭ

Сабийхэм тхылъ яхуэзытхым езым и псэр къабзэу щытыпхъэщ, цIыкIухэм я гурыгъухэр зыхищIэн щхьэкIэ.

28.09.2023 - 09:03

ТХЬЭ ЗАКЪУЭР ЗИ ФIЭЩ ХЪУА ЯПЭ БЗЫЛЪХУГЪЭ

Тхьэ закъуэр зи фIэщ хъуа Мусэ (Моисей) бегъымбарымрэ Рамзес ЕтIуанэ фирхьэунымрэ я зэхуаку дэлъа зэпэщIэтыныгъэмрэ, джатэдэпщым лъэпкъым къытригъэхьа леймрэ и хъыбар зэхэфхыжауэ къыщIэкIынщ.

28.09.2023 - 09:03

ХЬЭРЭ-КХЪУЭРЭ И ПИРАМИДЭХЭР

Кавказ лъэпкъхэр къызытехъукIыжа пасэрей лъэпкъыжьхэм щэху куэд къащIэнауэ нобэм къихьэсащ тхыдэм. Абыхэм ящыщщ псэ унэхэр, пирамидэхэр, сыдж, абрэмывэ телъыджэхэр. 

28.09.2023 - 08:54

АДЫГЭХЭМ (ШЭРДЖЭСХЭМ) Я МАХУЭМ ТРАУХУЭ

КъБКъУ-м и библиотекэм и художественнэ, лъахэхутэ къудамэм и лэжьакIуэхэм тхыдэмкIэ кафедрэм и егъэджакIуэхэр ящIыгъуу, Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэм ирихьэлIэу къыщызэрагъэпэщащ «Адыги: вехи исто