ЩХЬЭ КУЦIЫМ И IЭМАЛХЭР

Щхьэ куцIым епхащ цIыхум илъэжь псори: зэрыгупсысэри, жиIэри, уз зэрызыхищIэри. Абы ехъумэ цIыхум гъащIэм хих щIэныгъэр. Абы и закъуэкъым, къыIэрыхьа щIэныгъэр ехузыжри, зыхуейр къыхегъэщхьэхукI, зыхуэмейуэ къилъытэр «жыжьэ къуелъхьэ», зэгуэр хуэныкъуэ хъумэ къыдривеижыну. КIэщIу жыпIэмэ, щхьэ куцIыр компьютерым хуагъадэ, ауэ къыпхуэмыхутэну куэдкIэ нэхъ телъыджэу.
Дриплъэнщ абы теухуауэ щIэныгъэм къихутам:
• Зи гум лъагъуныгъэ илъ цIыхум и щхьэ куцIыр маблэ: дофаминрэ норэпинефринрэ жыхуаIэ гормонхэр Iэпкълъэпкъым къигъэщIын папщIэ, абыкIэ жэуап зыхь Iыхьэр къызэщIонэ. Абы цIыхур жан ещI, къару къыхелъхьэ, бэшэч мэхъу. Аращ зи гум лъагъуныгъэ щыуша ныбжьыщIэхэр нэху щыху уэршэру щIыщысыфыр, я лэжьапIэхэр тыншу щIахъуэжыфыр, я лъэр емышу куэдрэ къыщIакIухьыфыр;
•цIыхум гукъеуэ гуэр иIэмэ, и гур хэзыгъэщI щыIэмэ, и щхьэ куцIыр мэбэгри, мазэ бжыгъэкIэ и пIэ иувэжыфыркъым;
•цIыху щэху, зэкIуэцIылъ нэщхъейрилэхэмрэ нэжэгужэ жыджэрхэмрэ я щытыкIэр, я хьэлыр зэлъытар езыхэракъым, атIэ я щхьэ куцIырщ, аращ хьэлыр щIыпхуэмыхъуэжыр;
•щхьэ куцIыр къыпхуэгъэпцIэнущ, зэманыр кIыхьлъыхьу е и пIэм иту и фIэщ пхуэщIынущ. Псалъэм папщIэ, цIыхум уз къыпкъырыхьарэ абы иригуауэщхьэуэмэ, куэдрэ егупсысмэ, щхьэ куцIым къыIэрыхьэ информацэм нэхъыбэрэ елэжьын хуей мэхъу. Зы Iуэхум куэдыIуэрэ телъэжьэху, абы тригъэкIуадэ зэманыр зэрынэхъыбэм къыхэкIыу, гъащIэр хуэму кIуэуэ къыщохъу абы;
• щхьэ куцIыр нэхъ быркъуэшыркъуэху, цIыхур нэхъ губзыгъэщ;
•шоколадым и мэр фIэфIщ щхьэ куцIым: абы зрегъэгъэпсэху, гукъыдэж кърет;
•щхьэ куцIым мыувыIэу зехъуэж, инсульт зиIахэм зэрызаужьыжыр и щыхьэтщ абы;
•цIыхум пщIэнтIэпс къекIуэу лажьэмэ е спортым хэту псы куэд фIэкIуэдмэ, щхьэ куцIым зызэхуешэри, мыгупсысэжыфу мэхъу;
•  цIыхур мэжалIэмэ, и щхьэ куцIри мэмэжалIэ, аращи куцI налъэхэм зым зыр ешхыж, зыкърагъэлын папщIэ. Абы цIыхур нэхъри егъэмэжалIэ, нэхъ псынщIэу игъэшхэн папщIэ. Аращ диетэ утесыну щIэхьэлъэр;
• щхьэм илъ куцIым и закъуэкъым цIыхум иIэр, шхалъэми иIэщ апхуэдэ дыдэ. Абы елъытащ цIыхум и гукъыдэжыр, игу къихьэ шхыныгъуэхэр, къефыкI узыфэхэр, лэжьыгъэ зэригъэзащIэр. Абы и нейротрансмиттерхэр къэзыгъэщIыр шхалъэм ис бактериехэрщ;
•цIыхур щIыIэм исмэ, щхьэ куцIыр мэжей, Iэпкълъэпкъым уз зыхимыщIэн папщIэ, ауэ зэи къэушыжыркъым;
•цIыхур мафIэс хэхуарэ Iугъуэм итхьэлэмэ, щхьэ куцIым зегъэмэх, цIыхур нэхъ хуэму бэуэн, Iугъуэм имытхьэлэн папщIэ;
•гузэвэгъуэ уихуамэ, щхьэ куцIым лъым адреналин хиутIыпщхьэнущ, нэхъ псынщIэу угупсысэн, шынагъуэм зэрызыкъебгъэлын Iэмал къэбгъуэтын хуэдэу;
•лъышэ (кислород) пхуримыкъумэ, щхьэ куцIыр мэжей, зихъумэжу. Аращ машинэ зэхуэщIам ису гъуэгуанэ кIыхь къызэпызычхэр щIытежеикIыр;
• щхьэ куцIым Iэпкълъэпкъыр псэууэ, узыншэу къызэтенэн папщIэ куэд къегупсыс, ауэ езыр гугъу щехьым деж Iэпкълъэпкъыр «игъэункIыфIынущ», зыкъригъэлын папщIэ.

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.