ТIУАПСЫ И ГЪУНЭГЪУЩ

Агуий – аращ зэреджэр хы ФIыцIэ Iуфэм Iут ТIуапсы къалэм и гъунэгъуу щыс шапсыгъ къуажэмрэ абы и бгъум блэж псымрэ. А цIэ дыдэр зэрехьэ метр 888-рэ и лъагагъыу а жылэм къыщхьэщыт мэзылъэ Iуащхьэми. «Агуий гъуэгукIэ» еджэрт Псыбэ, Агуий адыгэ жылэхэр зэпызыщIэу щыта лъагъуэми. А щIыпIэм щыпсэухэм ди нобэми къагъэсэбэп «Агуияшъхь» («Агуий и псыхъуащхьэ») псалъэри.
«АГУИЙ» фIэщыгъэр къызытехъукIам теухуауэ Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ. Языныкъуэхэм къызэралъытэмкIэ, ар цIыхум хужаIэ «гуей», «гуий» псалъэхэм къытепщIыкIащ. Шапсыгъхэм яхэтщ абыхэм «хахуэ», «гушхуэ зыкIуэцIылъ», «лIыгъэ зыхэлъ», «щхьэмыгъазэ», «шынэ зымыщIэ» мыхьэнэхэр къизыгъэкIхэри. НэгъуэщIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, мы фIэщыгъэр къуажэр бгы зэхуакум дэубыда хуэдэу зэрыщытым къытехъукIащ. Бгыхэм я кум ит: «гу», «а гуий».
Агуий къуажэм и хьэблэхэм ящыщ зым зэреджэр «Сусанэ лъэгу» - щ. Зэман блэкIахэм абдежым мэкъу щеуэ хъун хуей инышхуэ итыгъащ.
XIX-нэ лIэщIыгъуэм Швейцарием щыпсэуа франджыхэм ящыщ, зекIуэлI икIи геолог-тхакIуэ Дюбуа-де-Монпере I833-43 гъэхэм къриубыдэу Кавказым зыбжанэрэ зыщиплъыхьат. И зекIуэхэм триухуа и тхылъым иритха «Aughuie» псалъэр абы ТIуапсы и гъунэгъуу хым хэлъэдэж псым ирипхырт, икIи ар («Агуий» фIэщыгъэр) XVIII-нэ лIэщIыгъуэм и кIэхэм зи лъэужьыр кIуэдыжыпауэ къафIэщIу иужьым къэунэхужа гъуае адыгэ лъэпкъым и цIэм къытехъукIауэ къилъытэрт.
Къыхэдгъэщ зэрыхъунумкIи, I864 гъэр къихьэху, ПсыфIыпэрэ (Псезуапсе) Шахэрэ я зэхуаку дэлъ Iэхэлъахэм щыпсэуа шапсыгъхэм яхэтащ «гъуае» фIэщыгъэм къафIытена лIакъуэм щыщхэри.
Мыдрейуэ. XIX-нэ лIэщIыгъуэм псэуа адыгэ тхакIуэ икIи тхыдэдж цIэрыIуэ Хъан-Джэрий «Агуий» фIэщыгъэр нэхъ зыхуигъакIуэр«Акуе» жыIэкIэрт, къригъэкIыу щытауэ языныкъуэхэм зыхуагъэфащэри «хыIуфэрыс» егупсысыкIэм техуэу абхъазыбзэм къыхэна «агъауаа» псалъэрщ.  
Агуий цIэр зытеIукIа псы цIыкIур хы ФIыцIэм щыхэлъэдэж и нэзыр ТIуапсы къалэм километри 8-кIэ пыIудзащ.

БЭРАУ Бышэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.