ДЕРС ЩХЬЭПЭХЭР

Бэрбэч Хь. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ колледжым щекIуэкIащ шынагъуэншэу псэуным, гъуэгухэм тэмэму щызекIуэным хуэгъэпса дерсхэр, къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэм лей зыщытехьахэм япэ дэIэпыкъуныгъэ етыным ехьэлIа мастер-классхэр.

 Гузэвэгъуэ хэхуа цIыхухэм я деж псом япэу нэс IэнатIэхэм я IэщIагъэлIхэм ящIыгъуу студентхэм зыхуагъэзащ КъБР-м щыIэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Мэкъушэ Русланрэ Налшык къалэ щIыпIэ самоуправленэмкIэ и советым и унафэщIым и къуэдзэ Макаев Мулидрэ.

 КъБР-м щыIэ МВД-м и Къэрал автоинспекцэм и лэжьакIуэ Моторовэ Аллэ тепсэлъыхьащ гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэр къызыхэкIхэмрэ абыхэм кърикIуэхэмрэ, хэхауэ къытеувыIащ ныбжьыщIэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ гъуэгу хабзэхэр зэрагъэзащIэм. Узыншагъэр хъумэн IэнатIэм и лэжьакIуэ хъунухэм ялъэгъуащ республикэм къыщыхъуа машинэ зэжьэхэуэхэм хэхуахэм ятеухуа кадрхэр. Автоинспекторым апхуэдэуи студентхэм гу лъаригъэтащ гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм лей зыщытехьахэм щадэIэпыкъукIэ яIэщIэкI щыуагъэхэм.

 «Урысей Жор Плъыжьым» и щIыналъэ къудамэм и лIыкIуэ Анчековэ Лидие иригъэкIэкIащ япэ дэIэпыкъуныгъэ цIыхум зэретыпхъэ дерсхэр. Студентхэм ирагъэлъэгъуащ удын, фэбжь зыгъуэтар зэрызэпэплъыхьыпхъэр, ирагъэщIащ уIэгъэм къиж лъыр зэрыгъэувыIапхъэ щIыкIэхэр. Апхуэдэуи студентхэр щыгъуазэ ящIащ псэзэпылъхьэпIэ ихуа цIыхур къебгъэлын папщIэ пщIэн хуейхэм, гу узым къыхигъэзыхьхэм, мыбэуэфхэм, дохутырхэр къэсыху, зэрадэIэпыкъупхъэм.

 МЧС-м и психолог Хохлачёв Александр и псалъэмакъыр теухуат мафIэсымрэ нэгъуэщI къызэрымыкIуэ щытыкIэ шынагъуэхэм ухэхуамэ, зэрызыпхъумэжыпхъэхэм икIи чэнджэщ яритащ апхуэдэхэм деж угужьей зэрымыхъунур, зэпIэзэрытыныгъэ пхэлъын зэрыхуейр цIыхухэм гурагъэIуэну.

- ЩытыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэр цIыхум зэхуэмыдэу тохьэлъэ, абы и психологие щытыкIэр ихъуэжу. Медицинэ лэжьакIуэ хъуну фэ зевгъэсэн хуейщ псынщIэу щытыкIэр зэпэфлъыту, гузэвэгъуэ къызылъэIэса цIыхур къызэревгъэлыным Iэмалу щыIэр къыхуэвгъэсэбэпыным, - къыхигъэщащ Хохлачёвым.

Жылагъуэмрэ муниципальнэ властымрэ я лIыкIуэхэм жаIащ мыпхуэдэ зэIущIэхэр медицинэ IэщIагъэр къыхэзыха щIалэгъуалэм я дежкIэ зэрыщхьэпэр.

- КъызэрымыкIуэ щытыкIэхэмкIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм студентхэм зэIущIэ купщIафIэ драгъэкIуэкIащ. Абыхэм зэпкърахащ щытыкIэ къызэрымыкIуэхэм хэхуахэр къегъэлынымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэр, цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэща хъун папщIэ ящIапхъэхэр. Шэч хэмылъу, узыншагъэр хъумэным епха IэщIагъэр къыхэзыхахэм апхуэдэ щIэныгъэр иужькIэ я лэжьыгъэм къащыхуэщхьэпэжынущ, - къыхигъэщащ МЧС-м и лIыкIуэ Бер Къантемыр.                                                                    

БАХЪСЭН Азэмэт.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)