КЪУАРГЪЫМРЭ БАЖЭМРЭПерс таурыхъ Жыг щхьэкIэм абгъуэ тезыщIыхьа къуаргъым шыр цIыкIуих къришати, гуфIэгъуэ иIэт. Анэ гумащIэм темыпыIэу цIыкIухэм шхын къахурихьэлIэрт. Жыгым пэмыжыжьэу щыпсэу бажэжь цIыкIум къуаргъ шыршхэм я зэрыгъэкIий макъыр щызэхихым, къэгуфIэри, мурад бзаджэ ищIащ. Абгъуэ лъагэм лъэIэсыртэкъыми, ищIэнур къигупсысырт. Мэзым пэмыжыжьэу щыпсэу къуажэм къикIыжу, пыIэ зэфIэтхъаижь гъуэгум телъу къигъуэтри къищтащ. Зыгуэр игу къэкIауэ къыщIэкIынти, мэзхъумэм и пхъэхыжьыр къидыгъуащ. Еуэри, нэхущым, къуаргъыр иджыри и абгъуэм къимылъэтауэ, бажэм пыIэ щитIагъэщ, пхъэхыр къищтэри, жыгыр пих хуэдэу кIэщIэуващ. Къуаргъыр къэуIэбжьауэ: - ПщIэр сыт? - жиIэри къэгуоуащ. - Плъагъуркъэ, сэ сымэзхъумэщи, жыгыр пызох. - Дауэ зэрыпыпхынур? Мыбы си абгъуэр тетщ, абгъуэм шыр цIынэхэр исщ. - Мы жыгым абгъуэ тепщIэн хуеякъым, мыр сэращ зи жыгыр. Иджыпсту сыномыплъу пысхынщи, къэпщIэнщ мэзым щыунафэщIыр хэтми. Къуаргъым адэкIэ зыхуэмышыIэу и нэпсхэр къещэщэхыурэ бажэм елъэIун щIидзащ и шырхэр тIэкIу къыдэкIуэтейху жыгым емыIусэну. - Сыт сэ уэ Iейм сыножьэн щIыхуейр? Сыножьэнукъым. Мыр си жыгщи, пысхынущ. Зыкъомрэ зэпэщIэта иужь, ахэр зэгурыIуащ къуаргъым и шырхэм щыщ зы къритмэ, бажэм пIалъэ гуэркIэ жыгым и гугъу имыщIыну. И нэпсыр къещэщэхыу къуаргъым зы шыр цIыкIу къридзыхри, занщIэу бажэм жьэдидзащ. Мэзым бзууэ щIэсыр апхуэдэ IэмалкIэ къигъэпцIэну щыгугъыу, бажэ хьилэшыр гуфIэрт. ЕтIуанэ махуэм, къуаргъым и ныбжьэгъу къуалэр хьэщIапIэ къыхуэкIуати, мо тхьэмыщкIэм и Iуэху зытетыр хуиIуэтащ. - Еууей, сыту ужыIэзыфIэщ тIэ. Мэзхъумэм жыг узыншэ ириудынукъым. Иджыри зэ къакIуэмэ, сыгъэлъагъуи, сэ бжесIэнщ ар зищIысыр. ЕтIуанэ махуэм бажэр къызэрымэжалIэу пхъэхыр и плIэм ирилъхьэщ, пыIэ щитIагъэри, къежьащ. Къуаргъым ар зэрилъагъуу и ныбжьэгъум еджащ. - Еууей, тхьэмыщкIэжь, дэнэ деж мыр щымэзхъумэр? Мо пыIэжьымрэ пхъэхымрэщ утезыгъэпцIыкIар. Иджыри зэ уигъэшынэну яужь ихьэмэ, абы жепIэнури: - ИIэ, псынщIэу пых, пхупыхмэ. Жыг пыпхын папщIэ, пхъэх жанрэ мэзхъумэм и Iэпщэ къарууфIэмрэ ухуейщ, жеIэ. АбыкIэ зэгурыIуэри къуаргъым и абгъуэм игъэзэжащ. Еплъмэ, бажэр жыгым йоныкъуэкъури, бгъэдэтщ. - Ухэт уэ, пщIэри сыт? - жи и щхьэр абгъуэм къришиикIауэ. - Сэ сымэзхъумэщ, мы жыгыр къэзгъэуэну сыкъэкIуащ, уэ икIэщIыпIэкIэ аддэ нэхъ жыжьэу зегъэхьи нэхъыфIщ. - ЗыщIыпIи сыкIуэнукъым. Мыр сэ си абгъуэщ. Уэ узэрымымэзхъумэр сощIэри, сыпщышынэххэркъым. Жыгыр пыпхыну ухуей - пых! Бажэм къыгурыIуащ къуаргъыр зыгуэрым къызэригъэIущар. - Апхуэдэу щыхъукIэ, тес, сеIусэнкъым уи абгъуэм, ауэ узыгъэIущар хэтми къызжеIэ закъуэ. - Си ныбжьэгъу къуалэм къызжиIащ. - Сэ езгъэлъэгъунщ абы дуней, - жиIэри ежьэжащ бажэр. Абы яужь махуэ зыбжанэ дэкIыжауэ бажэр шэдым кIуэщ, фIыуэ зыхигъэджэразэри, къуалэ зыхузэгуэпыр зытес жыгым и щIагъым лIа нэпцI зищIри, щIэгъуэлъхьащ. Къуалэ Iущыр абы заулрэ щхьэщылъэтыкIащ, бажэм зэрызимыгъэхъейр щилъагъум, лIауэ къыщыхъури, еуIуну щхьэщытIысхьащ. И бгъум деж етIысэхри и джабэм еуIуати, зигъэхъеякъым, и щхьэмкIэ щыIэбэм, бажэр къапхъуэри и дзэ жанхэмкIэ къуалэр иубыдащ. Къуалэ тхьэмыщкIэм и Iуэху зэрымыщIагъуэр къыщыгурыIуэм, къэлъэIуащ, бажэм имышхмэ, зы махуэм бзу зыбжанэ къызэриубыдыфыну хьилагъэм хуигъэсэну. Дауи, бажэм ар игу ирихьащ. - ФIыуэ егупсыси, тхьэ къысхуэIуэ, жиIащ къуалэм. Бажэм тхьэ иIуэну и жьэр щызэтрихым, къуалэр къыжьэдэлъэтри, бгъуэтмэ къащтэ. ЕтIуанэ махуэм къуалэм мэзым бзууэ щIэсыр зэхуишэсщ зэгурыIуэри, гуартэу теуэм, еуIуурэ бажэ хьилэшыр мэзым щIахуащи, иджы езыхэр тхъэжу мэпсэу. ЗэзыдзэкIар ЩОМАХУЭ Залинэщ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|