ФОР КУЭДЫМ И СЭБЭПЩ

Фор шхыныгъуэ хьэлэмэту зэрыщытым и мызакъуэу, хущхъуэгъуэ папщIэуи къагъэсэбэп. Фор лIэужьыгъуэ зыбжанэу зыщхьэщедз. Ар зыхуэдэр елъытащ щагъэхьэзыра щIыпIэмрэ бжьэм IэфIыр къызыпих къэкIыгъэхэмрэ. Бжьахъуэхэр щыгъуазэщ фор нэхъыбэрэ зэрыпхуэхъумэнумрэ хущхъуэ папщIэу къызэрыбгъэсэбэпынумрэ. Абы и лъэныкъуэкIэ мыдрейхэм ди тхыгъэр куэдкIэ сэбэп яхуэхъунущ.

ТIатIийр (прополисыр) бжьэм егъэхьэзыр. АбыкIэ бжьэхэм матэм иIэ жьыдэхупIэхэр ягъэбыдэ, я тIысыпIэхэр кърыращIыкI. Езыхэм нэмыщI нэгъуэщI «бийхэр» бжьэ матэхэм дэмыхьэн щхьэкIэ ихьэпIэхэр нэхъ зэв ирыращI. ТIатIийр щIэупщIэшхуэ зиIэ хущхъуэщ. Ар микроб зэмылIэужьыгъуэхэм лъэщу япэщIэтщ, езы бжьэхэми уз къемыуэлIэнымкIэ хущхъуэщ, уз зэрыцIалэ куэдым полъэщ. Аращ абы и къалэн нэхъыщхьэри.

Ижь-ижьыж лъандэрэ тIатIийм уIэгъэхэр, щIыфэ узхэр ирырагъэхъуж, лэрыгъур (мозолыр) ирагъэкIуэду щытащ. Ар иджырей медицинэм хуабжьу къегъэсэбэп. АбыкIэ жьэн, дзэ, тхьэкIумэ, тэмакъ узхэм, щIыфашхэм ироIэзэ.

ИкъукIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ бжьэ матэм щызэтрихьэ удз гъэгъа сабэми. Илъэсым и кIуэцIэ а сабэм хуэдэу зы «унагъуэм» гъэтIылъыгъэу килограмм 30 - 35-рэ кърехьэлIэ. Абы белокыу, минеральнэ шыгъуу, фошыгъуу, витамину щыIэу хъуар, уеблэмэ антибиотикхэр хэлъщ. Ахэр нэхъыбэу къызыхахыр удз хущхъуэхэрщ.

Фор куэдрэ щылъщ, щылъыхункIи нэхъ Iув мэхъу. Ар тыншу пIащIэ пхуэщIыжынущ зэрылъ хьэкъущыкъур хуабэу градус 60 зыIыгъ псым хэбгъэувэмэ. Ауэ фор бгъэхуэбащэмэ, и фIагъыр нэхъыкIэ мэхъу.

Куэдрэ щыта фор тIууэ зэщхьэщыкIынкIэ мэхъу, и лъабжьэр Iуву, и щхьэр пIащIэу. Ар фор зэрымытэмэмым, псы зэрыхэтым и щыхьэтщ. Апхуэдэр зэман кIыхькIэ щыбгъэт хъунукъым.

ПсыIагъэр хуабжьу зэщIешэ фом. Мис аращ ар гъущапIэм щыIыгъын щIыхуейр. Фор щыфхъумэ щIыпIэм и хуабагъыр градус 11 - 19-м нэсмэ, фIэIункIэ хъунущ. Абы къыхэкIкIэ, щыхъумэн хуейр градуси 5 - 10 нэхърэ мынэхъ хуабэ гъущапIэщ, жьыр фIыуэ здэкIуэ щIыпIэщ. Апхуэдэу зыщыгъэгъупщэн хуейкъым фом нэгъуэщI ерыскъыхэм я мэр зэрызэщIишэр. Ар къэлъытауэ, абы и гъунэгъуу гъэтIылъын хуейкъым мэ гуащIэ зиIэхэр.

Фор ирипхъумэну нэхъыфIыр абджым къыхэщIыкIа хьэкъущыкъущ. ГъущIым, дзэхум къыхэщIыкIа е цинк зытегъэлъэдам ар иумылъхьэмэ, нэхъыфIщ.

Узым къарууншэ ищIам фо ишхмэ, нэхъ псынщIэу и къарур къокIуэж. Псом хуэмыдэу ар сэбэпщ шэм хэлъу махуэм грамми 100 - 150-рэ хуэзэу уефэну. Жьэн уз зиIэхэм я дежкIэ фор тхъуцIынэм, къазыщэм хэлъу яшхын хуейщ. Фор хущхъуэщ сабийм дежкIи, абы махуэм шей бжэмышхитI хуэдиз хурикъунущ. Зи гур узхэм дежкIи хущхъуэщ ар, ауэ абыхэм ирагъэлей хъунукъым. Абыхэм фор хьэцыбанэпсым хэлъу ирафмэ, сэбэп къахуэхъунущ.

ЩIыIэ зэуэлIахэм, пыхусыхум иубыдахэм, фо бжэмышхышхуэ шей е шэ пщтыр стэканым хэлъу ефэмэ, фIыуэ къегъэпщIантIэри узыр къахеху.

Жейр зыфIэкIуэдахэми, сэбэп яхуэхъунущ фор. Псы хуабэ стэканым зы бжэмышх из фо хадзэрэ щыгъуэлъыжкIэ ефэмэ, жейм езэгъынущ.

ТХЬЭХУЩЫНЭ Ланэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ