ТЕКIУЭНЫГЪЭ КЪАХЬАЩ

Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мей­къуапэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм ушу спорт лIэужьыгъуэмкIэ и чемпионатрэ бжьыпэр убыдынымкIэ къэрал зэхьэзэхуэрэ. Абы хэтащ Ростов областым, Адыгейм, Краснодар крайм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Донецк ЦIыхубэ Республикэм щыщ спортсмени 130-рэ.

Зэпеуэм къыщыхэжаныкIащ икIи ехъу­лIэныгъэ лъагэхэр щызыIэрагъэхьащ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и спортсмен ныбжьы­щIэхэм. Ди щIыналъэм икIа гупым къахьащ дыщэ медалу пщIы, дыжьыну тIу, домбеякъыу зы. 
НыбжьыщIэхэм я зэфIэкIыр ягъэлъэгъуащ къуэкIыпIэ спорт гъуазджэм и лIэужьыгъуитI­кIэ: къызэрыгуэкI ушурэ (Iэщэ яIыгъыуи ямыIыгъыуи) туйшойкIэ.
Зэхьэзэхуэм кърикIуахэр зэхэплъхьэжмэ,  ди щIалэхэм республикэм и пщIэр къаIэтащ. Апхуэдэу зэхьэзэхуэм текIуэныгъэр щызыIэрагъэхьащ Нэгъуей Дамир (зы дыщэ медалрэ зы домбеякъ медалрэ), Газаевэ Алимэ (дыщэ медалу щы), Газаев Алий (дыщэ медалу тIу, зы домбеякъ медаль), Газаевэ Хьэлимэт (дыщэ медалу плIы), Чабановэ Ренатэ (зы дыщэ ме­далрэ дыжьыну тIурэ).
Спортсмен ныбжьыщIэхэр егъасэ Къарэ­мырзэ Заурбэч. Къыхэдгъэщынщи, мы тренерым и нэIэ щIэт ныбжьыщIэхэм мыр я япэ текIуэныгъэкъым. НэхъапэкIи гуп зэхьэзэхуэ­хэм къыщыхэжаныкIащ. Апхуэдэу, нэгъабэ и мэкъуауэгъуэм Шинкевич А. и фэеплъу къызэрагъэпэща, ушу лIэужьыгъуэмкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэм бжьыпэр щаубыдауэ щытащ.

ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.03.2023 - 12:35

ТХАБ – ТХЬЭБЭ - ТХЫБЭ

А цIэр зэрехьэ Геленджик («Хъулъыжъый», зэпкърыпхмэ: «хъулъэ» - хъупIэ, «жъый» - цIыкIу) къалэм къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ къыщхьэщыт лъагапIэм.

26.03.2023 - 09:25

КЪАРУ ЩАБЭ ЗЫХЭЛЪ СУРЭТХЭР

Жэбалы Заирэ зи лэжьыгъэхэм псэм зыдащI сурэтыщI ныбжьыщIэщ. Абы щIэщыгъуэ къыхелъагъукIыф дунейм. И сурэтхэр къыхех щIыуэпсым, къаIэпех къуалэбзухэм, къахегъуатэ къэкIыгъэхэм.

26.03.2023 - 09:25

КЪАРУУШХУЭ ТЕКIУАДЭМИ

Шэрэдж псыхъуэм лъэныкъуитIымкIи декIуэкI автомобиль зекIуапIэхэр, Урвань (Аруан) – Уштулу федеральнэ мыхьэнэ зиIэмрэ  Старэ Шэрэдж – Жэмтхьэлэ – Сукан-Суу гъуэгумрэ, зэпызыщIэ Iыхьэу ГЭС-хэм я щхь

25.03.2023 - 10:05

ШКОЛАКIУЭХЭМ ПАПЩIЭ БЖЭ ЗЭIУХА

«Урысей гвардием и махуэхэр» акцэм хыхьэу Ведомствэм щIэмыт Бахъсэн къудамэм и лэжьакIуэхэм Бжэ зэIухам и махуэ драгъэкIуэкIащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ школым и кадет классым щеджэхэм. 

25.03.2023 - 09:25

ЦIЫХУ ГЪАЩIЭР КЪЕГЪЭЛЫНЫР ЛЪАПIЭНЫГЪЭЩ

Урысей МВД-м Iуащхьэмахуэ районым щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэм даIыгъащ «Лъы тыи, цIыхур къегъэл» Iуэхур.