УЗЭРЕЖЬАМ ТЕТУ

Мы махуэхэм зи илъэс 18-р зыгъэлъапIэ Мэршэнкъул Данэ Мухьэмэд и пхъур Краснодар дэт, УФ-м и МВД-м и университетым и япэ курсым щIэсщ. Тхылъыр зи щIасэ, щIэныгъэм зи псэр ета, еджэнкIэ зызымыгъэнщI, хьэл-щэн дахэ зыхэлъ хъыджэбзым и адэмрэ и дэлъху нэхъыжь Русланрэ (ар а еджапIэ дыдэм и ещанэ курсым щIэсщ) къыхаха хабзэхъумэ IэщIагъэр езы пщащэми зригъэгъуэтыным щIохъуэпсри, Тхьэм къригъэхъулIэ!
А узэрежьам хуэдэу фIыуэ уеджэу, гъэсэныгъэкIи щIэныгъэкIи уакъыхэщу, Хэкури лъэпкъри ину зыIэтын щIалэгъуалэм ящыщ ухъуну ­дынохъуэхъу!    

Уи анэшхуэ Лидэ, уи адэшхуэ Хьэсэн, благъэхэр, Iыхьлыхэр.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

21.05.2026 - 09:03

Бэчмырзэ зэдагъэлъапIэ

ПащIэ Бэчмырзэ и музей Нартан къуажэм дэтым зэхыхьэ дахэ накъыгъэм и 16-м щекIуэкIащ. Ар Музейхэм я махуэм, хабзэ зэрыхъуауэ, гъэ къэс ирагъэхьэлIэ.

20.05.2026 - 10:01

Зауэм щауса уэрэдхэр

Малкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ «ТекIуэныгъэм дыхуэзыша уэрэдхэр» пшыхьыр, 1941-1945 гъэхэм екIуэ­кIа Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ мы гъэм илъэс 81-зэрырикъум и щIыхь

20.05.2026 - 09:03

Зэкъуэтыныгъэращ ТекIуэныгъэр къытхуэзыхьар

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым накъыгъэм и 15-м щекIуэкIа концертыр те­у­хуауэ щытащ Хэку зауэш­хуэр ТекIуэныгъэ ИнкIэ зэриухрэ мы гъэм илъэс 81-рэ зэрырикъум.

20.05.2026 - 09:03

ЩIэблэмрэ анэдэлъхубзэмрэ

Шэджэм къалэм дэт курыт еджапIэ №5-м зэхыхьэ щхьэпэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ. Зэ­хуэсыр зытеухуар бзэм­рэ хабзэмрэ хъумэным, ахэр ди щIэблэм егъэ­щIэнымрэ егъэджынымрэ пыщIа Iуэхухэрщ. 

19.05.2026 - 15:59

Ягу имыхуж тхакIуэхэр

ТхакIуэхэм я фэеплъ махуэм и щIыхькIэ, ди республикэм щекIуэкIащ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и ли­тера­турэджхэмрэ тхакIуэ­хэм­рэ щагъэлъэпIа Iуэ­ху­­гъуэхэр.